ЩIэупщIэ зиIэщ

 Мэкъумэш

Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш IэнатIэм къыщалэжьауэ нэгъуэщI щIыналъэхэм ирагъашэм, 2023 гъэм кърикIуам тетщIыхьмэ, хэхъуащ.

Урысей Федерацэм и федеральнэ таможнэ къулыкъум къызэрибжамкIэ, 2023 гъэм ди республикэм къыщрахьэлIэж къэкIыгъэхэмрэ щагъэхьэзыр ерыскъыхэкIхэмкIэ нэгъуэщI щIыналъэхэм иращам я уасэм доллар мелуан 24,3-кIэ хэхъуащ. Ар 2022 гъэм яхузэфIэкIам нэхърэ тIукIэ нэхъыбэщ. 
Абы нэмыщI «Мэкъумэш IэнатIэм къыщыщIагъэкIыр – нэгъуэщI щIыпIэхэм» жыхуиIэ проектым ипкъ иткIэ 2023 гъэм хуэзэу Къэбэрдей-Балъкъэрым къыхуагъэувауэ щыта мардэм (доллар мелуан 13,4-м) щIригъэгъуащ. 
Ди республикэм нэгъуэщI къэралхэм ирагъашэ хьэцэпэцэхэм ящыщи, нартыхум къыхащIыкIа крахмалри, Iусыпхъэхэри, IэфIыкIэ, кхъуей зэмылIэужьыгъуэхэри, лыхэкIхэри, пIалъэ кIыхькIэ хъумэным хуагъэхьэзыра пхъэщхьэмыщхьэхэкIхэри, нарзаныпс зэрыт бащырбэхэри. 
КъыжыIэпхъэщ, Къэбэрдей-Балъкъэрым нэгъуэщI щIыналъэхэм иригъашэр гъэ къэс нэхъыбэ зэрыхъури а IуэхумкIэ къызэщIаубыдэ щIыналъэхэм я бжыгъэм зэрыхэхъуэри.
 

 

КЪАНКЪУЛ Раисэ.
Поделиться: