КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, тхакIуэ, журналист Къагъырмэс Борис къызэралъхурэ илъэс 85-рэ ирокъу

Лъэхъэнэм пэджэжырт

Къагъырмэс Борис Хьид и къуэр Лэскэн районым хыхьэ Лэскэн ЕтIуанэ къуажэм 1935 гъэм щIышылэм и 6-м къыщалъхуащ. 1953 гъэм къуажэ курыт еджапIэр къеухри, зы илъэскIэ абы щолажьэ пэщIэдзэ классхэм я егъэджакIуэу. 1954 гъэм Къэбэрдей къэрал пединститутым (иджы КъБКъУ-м) и филологие факультетым щIотIысхьэри, 1959 гъэм ехъулIэныгъэкIэ ар къеух, урысыбзэмрэ урыс литературэмкIэ иригъэджэну къуажэ школми егъэзэж.
1960-1961 гъэхэм Москва дэт Комсомол школ нэхъыщхьэм щоджэ Борис, 1961-1965 гъэхэм «Советская молодёжь» газетым и къудамэм и унафэщIщ. ИужькIэ ар щылэжьащ радиом, «Ленин гъуэгу» газетым и редакцэм. 1986 гъэм къыщыщIэдзауэ, пенсэм тIысыжыху, «Iуащхьэмахуэ» журналым прозэмкIэ и къудамэм и унафэщIу щытащ. Къагъырмэсыр 1963 гъэм щегъэжьауэ Урысейм и Журналистхэм я союзым, 1972 гъэ лъандэрэ Урысейм и ТхакIуэхэм я союзым хэтащ.
Къагъырмэс Борис и япэ усэхэр печатым къытехуэу щIидзащ 1950 гъэхэм. И япэ усэ тхылъыр, «ФIэхъус апщий!» зыфIищар, 1962 гъэм къыдэкIащ. Абы къыкIэлъыкIуащ и усыгъэхэмрэ и прозэмрэ щызэхуэхьэса тхылъ 25-рэ - «ГъащIэ лъэужьхэр», «ЛIэщIыгъуэ уардэ», «УафэхъуэпскI къудамэ», «Махуэм и макъ», «МахуэщIэ», «Гуапагъэ», «Шэджагъуэ», «Вагъуэбзэ», «Щыхьэт», «Гупыж», «Лэскэн пшыналъэ», урысыбзэкIэ зэдзэкIауэ Москва къыщыдэкIа «Ветка молнии», «След солнца», Налшык дэт «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIа «Быстрина», «Узлы», «Гостите у меня» сборникхэр, сабийхэм папщIэ итха усэхэр зэрыт «Дождевой телефон» тхылъыр, нэгъуэщIхэри. Зэрынэрылъагъущи, усыгъэм къыдэкIуэу Борис литературэм и адрей жанрхэми хуэIэкIуэлъакIуэт. Абы и къалэмыпэм къыщIэкIащ зы сатыр, сатыритI фIэкIа мыхъу жыIэгъуэхэр, рассказхэр, басня кIэщIхэр, пародиехэр.
Лъэпкъ поэзием зи лъагъуэ щыпхызышыжа, ерыщу, и зэфIэкIым шэч къытримыхьэжу а лъагъуэм ирикIуа усакIуэщ Къагъырмэсыр. Ди зэманым и нагъыщэ нэхъыщхьэхэм, цIыхухэм я гурыгъу-гурыщIэхэм набдзэгубдзаплъэу кIэлъыплъ тхакIуэм гу зылъитахэр IупщIу къэзыIуатэ сатыр куэд ди пащхьэ кърилъхьащ. Ар зэрыусакIуэ нэгъэсар и гуащIэ псомкIи белджылы ищIащ. Зэманым и жьы къабзэ зыщIихуа, лъэхъэнэм и дамыгъэ зытелъ, езы усакIуэм и гурыщIэ нэхукIэ, и гупсысэ узыншэкIэ узэщIа усыгъэхэр ди литературэм и зы IыхьэфIщ.
 Борис и литературно-критикэ тхыгъэхэм къыхощ ар лъэпкъ литературэм и зыужьыкIэм щIэгупсысу, абы егъэщIылIа зи чэзу Iуэхушхуэхэр IэкIуэлъакIуэу зэпкърихыу, лъэпкъ зэхуэмыдэхэм я литературэм фIыуэ щыгъуазэу, абы дерс тэмэмхэр къыхихыфу зэрыщытар.
Къагъырмэсыр икIи зэдзэкIакIуэ IэкIуэлъакIуэт. Абы адыгэбзэм къригъэзэгъащ усакIуэ цIэрыIуэхэу Пушкин Александр, Лермонтов Михаил, Шевченкэ Тарас, Петраркэ Франческэ, Мечиев Кязим, Хетагуров Коста, нэгъуэщIхэми я IэдакъэщIэкIхэр. Езым и гуащIэми апхуэдэ гулъытэ игъуэтащ, и усэхэр латыш, болгар, эстон, украинэ, осетин, белорус бзэхэмкIэ, нэгъуэщIхэмкIи зэрадзэкIащ.  
Ди лъэпкъ литературэм и пащхьэм щиIэ фIыщIэм папщIэ Къагъырмэс Борис къыфIащащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхубэ усакIуэ» цIэ лъапIэр. Ар КъБР-м культурэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэщ, КъБАССР-м и комсомол саугъэтым и лауреатщ.
И гъащIэ гъуэгуанэмрэ и IэдакъэщIэкI купщIафIэмрэ къыдэкIуэу, Борис и дуней тетыкIэм, и цIыху щIыкIэм, и гуп хэтыкIэм теухуауэ куэд пхужыIэнущ. Печатым и унэм щылэжьэхукIи, IукIыжауэ лъагъунлъагъу къыщыкIуи ар гуапэу къытхущытащ, ди Iуэху зыIут зригъащIэу, ди тхыгъэхэм щыгуфIыкIыу, гукъыдэж къыдэзытхэмрэ дигу щIэныкъуэхэмрэ щIэупщIэу. Ныбжьэгъу пэжу иIахэми, и гуащIэм дихьэххэми хужаIэн я куэдщ Борис. Абыхэм ящыщ зыбжанэм я псалъэ къыхэхахэр тыдодзэ ди гуапэу. Зи гуащIэм пщIэ иIэ цIыхур мылIа пэлъытэщи, Борис, шэч хэмылъу, абыхэм ящыщ зыщ.

Къагъырмэс Борис хужаIахэм щыщ пычыгъуэхэр

Усэм хэт дэтхэнэ псалъэри Iэрыхуэмэ, гупсысэ зыщIэлъ нагъыщэм хуэунэтIамэ, ар поэзием деж нэрылъагъу щызыщIыр а гупсысэм и уасэр усакIуэм къызэрыгурыIуэрщ, ар зыгъэбелджылыри псалъэм и къэгъэсэбэпыкIэрщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, образ мыхъуа псалъэр усэм дежкIэ щIымахуэ жыгыу къонэ, тхьэмпи пымыту, мэ лъэпкъи къыпимыхыу… Гупсысэшхуэр дахэу, нэрылъагъуу къэIуэтэнырауэ къыщIэкIынщ поэзием и къежьапIэри.
А жытIахэр занщIэу уи гум къагъэкI Къагъырмэс Борис и тхыгъэхэм.
Борис усакIуэ щабэкIэ узэджэ хъунухэм ящыщкъым, абы и нэрыгъыр гумызагъэу, ерыщу, бэнакIуэу мурадышхуэкIэ гъащIэм бгъэдэт цIыху къэгъэлъэгъуэнырщ. А цIыхур ткIийуэ икIи пхъашэу зыкIэлъоплъыж, напэмрэ цIыхугъэмрэ я «щIэтхыкIкIэ» езым и гъащIэ псори, и нэгу щIэкIыу ­хъуари къепщытэ.

СОКЪУР Мусэрбий,
критик.

*   *   *

Къагъырмэс Борис езым и лъагъуэ щыпхишащ поэзием. Тхэн зэрыщIидзэрэ Борис хущIокъу и псэр тхылъеджэхэм зэрахузэIуихыным. Апхуэдэ гулъытэ хэха зыхуищI тхылъеджэми и дзыхь усакIуэми кърегъэзыж, аращ и тхыгъэхэр сыт щыгъуи яфIэщIэщыгъуэу щIыщIаджыкIыр.
Борис зыхуэтхэр, зыхуэусэр езыр куууэ зыгъэпIейтей, псэкIэ игъэв Iуэхугъуэхэу езыр щыпсэу зэманым, езым и гъащIэм нэхъ пэгъунэгъухэрщ. Къагъырмэсым и лирическэ лIыхъужьыр псэмыгъэпсэхущ, зэманым къыдекIуэкI Iуэхугъуэ псори жану зыхэзыщIэщ.

ТХЬЭГЪЭЗИТ Зубер,
Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ.

*   *   *

Къагъырмэс Борис ящыщщ зи тхыгъэхэмкIи, зи дуней тетыкIэмкIи хабзэншагъэр, мыхъумыщIагъэр зи гум темыхуэу абыхэм япэувыф, и лъэпкъым жьэнахуэу къыщхьэщыж, и хэкум гумащIэу хуэлажьэ, емрэ фIымрэ щымыуэу зэхэзыгъэкIыф тхакIуэ гумызагъэхэм.

КЪЭРМОКЪУЭ Мухьэмэд,
Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ.

*   *   *

Къагъырмэс Борис литературэм куууэ хэзыщIыкI, абы пщIэшхуэ хуэзыщI, литературэ щхьэфэрыдымрэ щхьэфэтегъэжымрэ зи гум темыхуэ тхакIуэщ, усакIуэщ.
Къагъырмэсыр, хьэлъагъкIи къэпщ, фIагъкIи къэпщытэ, - ди литературэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа цIыхущ.
Борис, адыгэбзэкIэ щIэныгъэфI иIэ къудей мыхъуу, анэдэлъхубзэм и IэфIри, и дыджри псэкIэ зыхэзыщIэ, а псэкIэ къигъэщI гупсысэхэм япэхъун псалъэхэр дэгъуэу къэзыгъуэтыф литераторщ.

IУТIЫЖ Борис,
Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ.

*   *   *

Адыгей критик Чэмокъуэ Тыркубий гу зэрылъитащи, Къагъырмэсым и лирическэ лIыхъужьыр емышыжу щIэм лъыхъуэу, мурадыфIым хуэпабгъэу и шы-уанэ зэтелъ зэпытщ.
Тыркубий къелъытэ Къагъырмэсыр КIыщокъуэ Алим и гъукIэгъэсэнхэм ящыщ зыуэ икIи абыкIэ арэзы умыхъун плъэкIыркъым. Борис и тхыгъэхэм ущеджэкIэ, япэу гу зылъыптэр усакIуэм и гупсысэр куэдым лъэIэсу, къиIэт Iуэхугъуэхэм я гъунапкъэм ину зиубгъуауэ зэрыщытырщ.
Къагъырмэсым гъуэзэджэу къехъулIахэм ящыщщ зауэм зи сабиигъуэр хиубыда щIэблэм и нэкIэ а зэман гущIэгъуншэр уэзыгъэлъагъуж усэхэр. Абыхэм пэжагъыу яхэлъым уагъэпIейтей, языныкъуэхэм дежи плъэмыкIыу уи нэпс кърагъакIуэ.
Дэтхэнэ усакIуэми и тхылъхэм ущыхэплъэжкIэ, гу лъыботэ абы и Iэзагъэм хэхъуамэ е хэщIамэ. Абы и лъэныкъуэкIэ къыжыIэн хуейщ Къагъырмэс Борис и творчествэм кIуэ пэтми нэхъ зэрызиужьыр, и дамэхэр нэхъ ину, нэхъ лъэщу зэришэщIыр.

ГЪУБЖОКЪУЭ Лиуан,
усакIуэ.

*   *   *

Зэманым и къэхъукъащIэхэмрэ усакIуэм и гупсысэхэмрэ зэрыIыгъщ, зэхэухуэнащ. Аращ Борис и усэхэр акъылыфIэ, гуащIафIэ зыщIыр. Зэманым и зыужьыкIэр, дунейм, цIыху гъащIэм къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэхэр усакIуэм и гум, и псэм куууэ зэрызыхащIэм и нэщэнэхэр щынэрылъагъу къудейкъым абы и усэхэм, атIэ, псом ящхьэращи, а «телъыджэхэрщ» Къагъырмэсым и пшыналъэхэр зыгъэбзафIэр, зыгъэкъарур, ахэр гуимыхуж зыщIыр.
Борис и усэ, поэмэ, басня, балладэ, пародие, эпиграммэ, нэгъуэщI жанрхэми иту итхахэм къыджаIэр зыщ: Къагъырмэсыр поэзием и лъагапIэшхуэхэм нэсыфащ, ар хъуащ къэбэрдей литературэм и щыгу нэхъ инхэм ящыщ зы.

ШЭВЛОКЪУЭ Пётр,
литературэдж, критик.

*   *   *

Тхылъеджэхэр куэд щIауэ щыгъуазэщ Къагъырмэс Борис и усэхэм, поэмэхэм, рассказхэм, пародиехэм, рассказ кIэщIхэм. Къагъырмэсыр сытым темыпсэлъыхьами, и IэдакъэщIэкIхэм я купщIэ нэхъыщхьэр цIыху гъащIэм къыщыхъу Iуэхугъуэхэрщ, нобэрей цIыхум и гурыгъу-гурыщIэхэр, и гупсысэхэр къэгъэлъэгъуэнырщ. Зэманым и нэщэнэ нэхъыщхьэхэр абы нэ жанкIэ къеубыдыф, фIым и щапхъэр, псэуным и мыхьэнэр езым и гупсысэ щIэщыгъуэхэмкIэ IэкIуэлъакIуэу тхыбзэм кърегъэтIасэ.

БРАЙ Адэлбий,
усакIуэ.

*   *   *

УсакIуэ Къагъырмэс Борис ди шынэхъыжьщ, ди ныбжьэгъуфIщ. Абы хуэфащэ псалъэ гуапэ куэд къыпхуэгъуэтынущ. Гъуэгу тэмэм дытеувэн папщIэ дэ Борис чэнджэщыфI куэд къыдитащ. Ар къыддэIэпыкъурт ди тхыгъэхэр газетхэм къытрадзэнымкIэ, радиом къитынымкIэ. Дэ ар зэи зыщыдгъэгъупщэркъым.
Къагъырмэсым и тхыгъэ купщIафIэхэм нэмыщI, и Iэдакъэ къыщIэкIащ адыгэ, балъкъэр, нэгъуэщI лъэпкъ куэдми я усакIуэхэм, тхакIуэхэм я творчествэм теухуа статьяхэр, рецензэхэр, эссехэр, адыгэбзэкIэ зэридзэкIащ абыхэм я тхыгъэ куэд.

ТХЬЭЗЭПЛЪ Хьэсэн,
усакIуэ.

*   *   *

Тхэн зэрыщIидзэрэ усакIуэр тетщ езым пхишыжа лъагъуэм. А лъагъуэр цIыкIуу къежьами, иджы ин, бгъуфIэ хъуащ. Хуэм-хуэмурэ зашэщIащ абы и усэхэм, дамэ ягъуэтри, утыкушхуэ ихьащ.
Борис и творчествэр къулейщ. Абы и IэдакъэщIэкIхэм щыгъуазэ зыпщIа нэужь, уогупсыс: ярэби, сыт хуэдэ Iуэхугъуэу пIэрэ усакIуэм игъэнэхъапэр, нэхъыбэу зи щхьэфэ иIэбэр, нэхъ къехъулIэр, жыпIэу. Абы и усыгъэхэр теухуащ Хэкум, анэм, зауэ екIуэкIам, пэжыгъэм, ныбжьэгъугъэм, лъагъуныгъэм, гъащIэм зыщрихьэлIэ мыхъумыщIагъэхэм…

МЫЗ Ахьмэд,
тхакIуэ.

*   *   *

КъыжыIэн хуейщ Борис бзэм зэрыхуэшэрыуэр. Абы къегъуэтыф гум къинэж зэгъэпщэныгъэхэр, образыфIхэр еухуэ. Абы къыхэкIкIэ дызэджэр наIуэу ди нэгу къыщIоувэ.
Къагъырмэсым и тхэкIэм и нэщэнэхэр уолъагъу: цIыхум и гъащIэр сакъыу къэхутэн, абы и гум щыщIэхэр, гурыгъу-гурыщIэхэр зэпкърыхын, зытепсэлъыхь Iуэхухэм бзэр тэмэму хуэузэщIауэ, егъэлея хэмыту къэгъэсэбэпын. НэщэнэфIщ ахэр.

ЩОКЪУИЙ Къадир,
критик.

*   *   *

Къагъырмэс Борис зэрыусакIуэ, тхакIуэ гъуэзэджэм нэмыщI икIи критик, публицист Iэзэщ. Абы и Iэдакъэ къыщIэкIащ Пушкин Александр, Шукшин Василий, ПащIэ Бэчмырзэ, Шортэн Аскэрбий, Сокъур Мусэрбий, нэгъуэщI куэдми ятеухуа эссехэр. А тхыгъэхэм абы Iэзагъ хэлъу къыщигъэлъэгъуащ а цIыху щэджащэхэм ябгъэдэлъа зэчийм и кууагъыр, лъэпкъым хуащIар зыхуэдизыр.

АБАЗЭ Албэч,
филологие щIэныгъэхэм я кандидат.

*   *   *

Сэ ди усакIуэ цIэрыIуэ Къагъырмэс Борис зэрысцIыхурэ илъэс щэ ныкъуэм нэблэгъащ. Абы лъандэрэ си ныбжьэгъум литературэм щиIэ ехъулIэныгъэхэм сыкIэлъоплъ, и тхыгъэу газетхэм, журналхэм къытехуэхэм, къыдигъэкI и тхылъхэм семыджэу зэи къэзгъанэркъым.
1954-1959 гъэхэм Борисрэ сэрэ ди университетым дыщызэдеджащ. А лъэхъэнэрщ абы и япэ тхыгъэхэр дунейм къытехьэу щыхуежьар. Къагъырмэсыр тхэн щIэзыдза ныбжьыщIэ нэхъ къыхэжаныкIхэм ящыщт. Ар фIы дыдэуи еджэрт, университет гъащIэми жыджэру хэтт.
А гъэхэм къыщыщIэдзауэ сэ си фIэщ хъурт Борис усакIуэ Iэзэ, лъэпкъ псом къацIыхун творчествэ зиIэ къызэрыхэкIынур. Апхуэдэуи хъуащ. АбыкIэ Борис хуабжьу сэбэп къыхуэхъуащ ар сыт щыгъуи гъащIэм и курыкупсэм хэту, лэжьыгъэр фIыуэ илъагъуу, щхьэх имыщIэу, ныбжьэгъухэм яхуэпэжу зэрыщытар. Аращ абы и усэхэр, поэмэхэр, рассказхэр купщIафIэ зыщIыр, цIыхум и гум щIехуэбылIэр.

ЖЭНДАР СулътIан,
КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ.

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

Борисрэ ипхъу Светланэрэ.

 

ТхакIуэхэм я зэIущIэм хэтахэм фэеплъ сурэт зытрагъэхащ. ИжьымкIэ къыщыщIэдзауэ: Къагъырмэс Борис, Балъкъэр Фоусэт, Тхьэмокъуэ Барэсбий, Кузьмин Валентин, КхъуэIуфэ Хьэчим, Бицу Анатолэ сымэ. 2002 гъэ

 

Одессэ зыщагъэпсэху. 1975 гъэ

Франджы тхакIуэ цIэрыIуэ Оноре де Бальзак и музей Париж дэтым и деж. 2001 гъэ

 

«Iуащхьэмахуэ» журналым щылажьэхэу Къаныкъуэ Заринэ, IутIыж Борис, ПхъэвакъащIэ Мэрзидан, Къагъырмэс Борис, Елгъэр Кашиф сымэ. 1990 гъэ

 

Зыгъэхьэзырар ИСТЭПАН Залинэщ.
Поделиться: