«Емынэжьрэ и пыхъуэпышэхэмрэ» гушыIэ повестым къыкIэлъыкIуэ хъыбархэр

(КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр
  мазаем и 21-м итщ).

Ауэ Iуэхур а щIыкIэмкIэ зыIагъэхьэнкIэ зэрыхъунум егупсысыжри, тIуми зызэтраIыгъэжащ.
- Д… дауэ къыф…къыфщыхъуа си справ… справкэр? - Хьэмзэт щIоупщIэ, щытхъу псалъэ къыхужаIэным пэплъэу.
- Икъу-сыкъужкIэ фIы дыдэ хъуащ. Пэжкъэ, Дэлхьэт?
- Уэлэхьи, Емынэжь, апхуэдэу зэгъэкIуауэ, шыбжийм хуэдэу укъису, точкэ-запятойхэр тэмэму гъэувауэ уэ справкэ пхуэмытхыну… Уэлэхьи, сэри схузэхэмыгъэувэну… Ауэ, Хьэмзэт, мелочь куэдыIуэ къептхэкIащ.
- Дэлхьэт жиIэр пэжщ, Хьэмзэт, - жеIэ Емынэжь, и ныбжьэгъум и псалъэхэм адэкIэ пищэу. - СыткIэ ухуей белыкIхэр IэрыщIщ, уадэхэм ядэукIа хьэлэхэр гъущI ткIийм къыхэщIыкIащ, розеткэхэм ватт бжыгъэр къигъэлъагъуэу тхылъымпIэхэр тегъэпщIакъым жыхуэпIэхэм… Уэ ущIалэ губзыгъэщ, Хьэмзэт: ныкъусаныгъэ жьгъей дыдэхэр къыумытхэкIми зэрыхъунур уощIэ…
КъыхуащI дагъуэхэр тэмэму къилъытэри икIи «Губзыгъэу» къызэралъытам и гур махэ къищIри:
- Сп…справкэр зэ къыз…къызэфтыжыт! - жиIэри Хьэмзэт къэлъэIуащ, фадэр зытегуплIэ и Iэпкълъэпкъыр зекIунтIриеу. - Фи гум щыр… щыримыхькIэ, иджы… иджыпсту абы хуэфI сы… сыхъунщ!
КхъузанэкIэ хьэжыгъэ иухуэнщI нэхъей, псалъэ къезэгъхэр бзэр къыхищыпыкIыу итха справкэр цIыкIу-цIыкIуу Хьэмзэт ичэтхъэжащ.
Iэсэ дыдэ хъужарэ, хэплъэу увыжа къэпщытакIуэр иджыпсту зэгупсысыр хэт ищIэн? Справкэр дагъуэншэу зэримытхара, хьэмэр зэрызыффIитхъыжам хущIегъуэжа?...
Епэзэзэхыу тIэкIурэ щыта нэужь:
- Сы… сыту ущIа…ущIалэфIыуэ уэ, Емынэжь! - убзэрабзэу жеIэ Хьэмзэт. - Уэри, Дэл… Дэлхьэт! Уэ…уэри Хьэбалэ! Щыри фIы…фIыщэу фыслъэгъуащ. Фэ…фэри сы…сыкъэфлъагъукъэ?...
- Ауэ сытми! - къыжьэдэлъэтащ Емынэжь, и лъакъуитIым яхуэмыIыгъыж Хьэмзэт зыщIигъакъуэуэрэ. - У-динэщ! У-дипсэщ!
- Уэлэхьи ди Iэпкълъэпкъ щIылъэныкъуэм ухуэдэмэ!
- Уэ щэ Хьэ… Хьэ… Хьэбалэ?
- Сэри?
Хьэбалэ къитыжа жэуапыр къэпщытакIуэм зэхихыжакъым: ар «гъаргу» жиIэу шэнт щытым тещэтащ, Емынэжь хуэмыIыгъыжу.

IV

Къэпщытэныгъэр зэфIэкIри, махуищ нэхъ дэмыкIыу Инспекцэм и Iэтащхьэм и цIэкIэ итха Справкэр Хьэмзэт пощткIэ къригъэхьыжащ, компьютеркIэ тедзэжауэ.
Абы итт:
«…Къэпщытэныгъэ езгъкIуэкIам къызэригъэлъэгъуащи, лэжьыгъэ IэнатIэм фэбжь къыщымыгъэхъун Iуэхур тэмэму IуэхущIапIэм къыщызэгъэпэщащ. ЩыIэ инструкцэхэм къызэрыщыгъэлъэгъуам и мардэхэм тещIыхьауэ а лэжьыгъэр мыбы щокIуэкI. Iэмэпсымэ, щыгъын, вакъэ, Iэлъэ жыпIэми, узыхуей псори яIэщ. Щхьэхуэ-щхьэхуэу цIыхухэм дащеупщIым наIуэ къэхъуащ лэжьыгъэм ехьэлIа шынагъуэншагъэхэр мыIейуэ абыхэм зэращIэр, япэ дохутыр дэIэпыкъуныгъэр фэбжь къызыщыщIам зэрыратыфынур».
Апхуэдэу справкэм къыщыгъэлъэгъуат лэжьыгъэ Iуэхухэр шынагъуэншэу къызэгъэпэщынымкIэ IуэхущIапIэм и инженер Iэпщацэ Хьэбалэ и къулыкъум псэемыблэжу зэрыбгъэдэтыр, щхьэх зымыщIэ лэжьакIуэу ар зэрыщытыр, щапхъэ зытрахым хуэдэу…
*    *    *
ЩIэрыщIэу ятхыжу пощткIэ кърагъэхьыжа справкэм зэ къеджэжри:
- Ей мы шыгъупIастэм къимылэжь щыIэ! - жиIэри Хьэбалэ и пащIэм щIэгуфIыкIащ икIи, занщIэу екIэпсауэри, Емынэжьрэ Дэлхьэтрэ СПАСИБЭШХУЭ яжриIащ, «къызэрырагъэлам» папщIэ.

Дапщэщ мафIэгур къыщысыр?

- Алло! Хэт ар?
- Хэт ухуей?
- Милицэра ар?
- НтIэ.
- Нэпсалъэр начальникым и къуэдзэ…
- КIэщIу жыIэ, ныбжьэгъу, узыхуейр! - жеIэ Емынэжь къэпсалъэм и макъыр (я курсэгъуу щыта Хьэмзэт ейт) занщIэу къицIыхуауэ. - СынодаIуэ!
- Москва къикI мафIэгур сыхьэт дапщэрэ къыщысыр?
- Сыхьэтиблым.
- ЕпщIанэ вагоныр-щэ?
- Сыхьэтиблрэ дакъикъипщIым… Хьа-хьа-хьа!...
«А былымым епщIанэ вагоныр щхьэхуэу къызэрымыкIуэнур къыгурымыIуэу ара?» - жаIэу Емынэжьрэ абы и гъусэ Дэлхьэтрэ унащхьэр къагъачэу зэрыдыхьэшхар къэпсалъэм зэхихакъым. Тхьэм ирещIи, зэрызыхимыхари нэхъыфIщ: укIытэнт…

Святое животное, уэлахьи!

Дыгъэ жьэражьэр зи нэкIум кIэридзэ икIи жьэуапIэ лъэпкъ зимыIэ къурш задэм кIэрыту, махуэ псом мэкъу еуа Дэлхьэт ичынды нэужьым ирихьэлIэу унэм къигъэзэжащ, еша-елIарэ и лъакъуитIыр щIэхуу и псэри пыхуу. Ямытх псалъэхэр жиIэу, ар хуэхъущIэрт мэкъу еуэныр япэ дыдэу къэзыгупсысам, хущIэбжэрт ар зышхыну Iэщым.
- Къэпым кIуэцIыгъэджэрэзауэ, мы уи Iэблэм тесыр сыт, Вася? - Дэлхьэт щIоупщIэ, «шокъу» жиIэу я уэрам дыхьэжыпIэм и деж зыщыхуэза (япэмыжыжьэу псэурт) и хэгъэрей цIыхухъум зыхуигъазэу.
- Кхъуэ… кхъуэ шырщ… Станицэм сыкIуэжати, си адэ-анэм къызатащ.
- Мэкъу ишхрэ абы?
- Хьэуэ. Iус фIэкIа, нэгъуэщI зыIуилъхьэркъым.
- Святое животное, уэлахьи! - жиIэри Дэлхьэт хэщэтыкIащ, муслъымэнхэм ямышх псэущхьэм фIыщIэ хуищIу.

Иджы сыт къэхъужар?

Я Iыхьлы гуэрым я хьэгъуэлIыгъуэм кIуэну иригъажьэурэ, анэм и къуэ Угъурлыжь еущийр:
- Чэф зыпщIыу уи напэр зытумыхыж, си щIалэ. Благъэхэри умыгъэукIытэ.
- Сыт абы щхьэкIэ сщIэн хуейр, ди анэ?
- ТIэкIу ухэфурэ, стэканыр гъэувыж, и кIэм нэс иумыкъуртIыкIыу.
- Дауэ?! - къэуIэбжьащ Угъурлыжь, кърат чэнджэщыр къабыл имыщIыу. - Хьэнтхъупс исфыми, борщ сефэми, е ерыскъы гуэрхэр сшхыми, щIэмычэу жыпIэу щытащ: «Уи насыпыр къыумынэу, пшхыр и кIэм нэгъэс! ЖыпIэу… Иджы сыт къэхъужар?..»

Демократ хъуащ

Тенджыз ФIыцIэм и Iуфэм Iут къалэ гуэрым мазэ псокIэ зыщигъэпсэхуауэ, Дэлхьэт къызэрыкIуэжам и хъыбар зэрызэхахыу, я ныбжьэгъур ялъагъун папщIэ, Емынэжьрэ Угъурлыжьрэ зэкIэрыуэжу къежьащ: «Хуей-хуэмейми, Дэлхьэт зы бжьэ дыфIефэнщ, абы и щхьэгъусэ Зухраи хъыршын хуабэ едгъэгъэжьэнщ», - жаIэри.
Я унэм къэсу, ахэр пщIантIэм щыдыхьам Дэлхьэт мыбы дэтт, и шыд пэхужьымрэ езымрэ зэрызекъуэу.
- Сэлам алейкум!
- Къохъусыж, Дэлхьэт!
- Сау бол, уэлахьи! - Дауэрэ зыбгъэпсэхуа? Сыт пщIа? Сыт плъэгъуа икIи зэхэпха? Дауи уагъэшха?
- Уэлэхьи, псори дэгъуэтэмэ, ауэ мы шыд бзаджэнаджэжьым нобэ псори сщигъэгъупщэжащ… Слушай, сыкъызэрыта зэманым къриубыдэу мыр демократ хъуащ.
- Уэхьэхьэхь!
- Уэ-хьа-хьа!
- Фымыдыхьэшх: уэлэхьи хъуамэ, уэгъуи чыхуи къыгурымыIуэжу. Нэмыси акъыли иIэжкъым, зиунагъуэрэ! Абы нышэдибэ зэрызищIар фэзгъэлъэгъуащэрэт. Уэлэхьи, зы цирк ухуэмейт дэ тIум фыкъыдэплъыну фIэкIа. Къэзубыдыну сыхуожьэри (мазэ псом зэтрихьа куэншыбыр шыдыгукIэ хадэм иришэн мурадыр иIэт), и дзэ гъуэжьыжьхэр къысхуитIыу щIопхъуэжыр, ауан сыкъищI нэхъей. СытетIысхьэным Iуэхур хуокIуэри… дэнэт уздытригъэтIысхьэр? Къызэтхауэу щIедзэ, и лъакъуэ фIеижьхэр къиупцIыу. Ерагъ-псэрагъкIэ къэзубыду, шыдыгум къесшэлIа щхьэкIи, уэгъуи-чыхуи къыгурыIуэрэ? Сыт сымыщIэми, шыдыгу зэхуакум схудыхьэркъым. СыкIэщIэрыIуэурэ фIалъэ лъакъуитIыр дызогъэувэри, кIэбдз лъакъуэхэр къысфIыдехыжыр. КIэбдз лъакъуитIыр къарукIэ дызодзэри, фIалъэхэр къысфIыдехыж.
Апхуэдэу зыкъомрэ дызэрызекъуа, дызэрызелъэфа нэужь: «Уэ ушыдмэ, сэ сы-Дэлхьэтщ!» - жысIэри…уэху Алыхь! Ар бубэрэжьынумэ, къеблагъэ! Уэлэхьи, мы жыгей бжэгъужьу флъагъур тескъутыхьыху, субэрэжьамэ, цIыз жиIэу! Сыщысхьакъым, сфIэгуэныхьи хъуакъым: Тхьэм къысхуигъэгъу!
Удын есхам иужькIэ, мыр зыкIэ Iэсэлъасэ хъужащи, жысIэкIэ фи фIэщ хъункъым. СытетIысхьати, уэлэхьи, зымащIэкIи зимыгъэхъея. Шыдыгум къесшэлIащи, фолъагъу жыIэдаIуэу шыдыгукъум зэрыдэувэр…
- Аращ-тIэ, Дэлхьэт: цIыхум хуэдэ къабзэу, хьеуанри щхьэрыутIыпщ пщIы хъунукъым, - жеIэ Угъурлыжь, и ныбжьэгъум иджыпсту къиIуэтэжахэм дерс къыхихыу. - Контроль щыIэн хуейщ. ШхуэмылакIэр бгъэлалэ хъунукъым!
- Исключительнэу правильнэ, уэлэхьи! Уэ дауэ уеплърэ, Емынэжь?
- Сэри?... Сэ шыд сиIэкъым. Хьа-хьа-хьа!

Коньяк фIэкIа ефэжыртэкъым

I

КъулыкъукIэ тIэкIу драгъэкIуэтея нэужь, и хьэл-щэным и мызакъуэу, и ныбжьэгъухэм зэрыжаIэщи, Угъурлыжь и вкусми зихъуэжащ. Япэм Iумпэм имыщIу щыта аркъэр иджы абы зримыпэсыж хъуащ: «Коньяк фIэкIа си лъатэм нэгъуэщI фадэ езэгъыжыркъым» жиIэу.
- Сыт иджы тщIэнур? - гузавэу Хьэбалэ щIоупщIэ, коньяк къызэрищэхун ахъшэ (Iэнэ гъэувыныр ныщхьэбэ чэзукIэ зи пщэм къыдэхуар арат) къызэрыхуэмынэжам къыхэкIыу. - Иджыпсту ар къэсынущ, и шыкIэ мафIэ егъэуауэ.
И псалъэр Хьэбалэ и кIэм нигъэсыну хунэса къудейт:
- Гуп махуэ апщий, алкоголикыжьхэ! - жиIэу Угъурлыжь къыщыIулъэдам, лэжьапIэм я шофер гуэрым зыкъригъашэу.
- Упсэу апщий, ди ныбжьэгъужь! - жеIэ Емынэжь, «Арарат» жиIэу зытетха птулъкIэм къригъэжа фадэр зригъэхъуа стакан плIимэжьыр къишийурэ: - Мыр уэ уфIэфI дыдэм хуэдэщ - армянскэщ, Арарат аузым щащIауэ. Прохладнэ, Дербент, Кизляр щыщIахуахэр пхуэдгъэфэщакъым.
- Правильнэ, уэлэхьи! - жиIэу Дэлхьэт, и ныбжьэгъум къыдежьууэ. - Пэжми сщIэркъым, ауэ зыгуэрхэм къызэраIуэтэжымкIэ, уей-уей жригъэIэу Инджылызым я Iэтащхьэу щыта Уинстон Черчиль мыпхуэдэ коньяк махуэ къэс ирифу щытащ. Еуэ уэри ич!..
Фадэ зыдэкIуэ и шхалъэр щынэл пшэррэ гуэгушыл IэфIрэ щымыщIэну зэхъуэхъужри, къыхуашия бжьэм Угъурлыжь ефащ. КъыкIэлъыкIуэми, къыкIэлъыкIуэжми ефащ.

II

И кабинетым къыщIыхьа Дэлхьэт хуиIуатэу Угъурлыжь жеIэ:
- Дыгъуэпшыхь сыту дэгъуэу Хьэбалэ зыдигъэгъэпсэхуа! Тхьэмахуэ псом къриубыдэу зэхэубэрэжьа хъуа ди Iэпкълъэпкъым зригъэгъэпсэхужащ, гупсысэ хьэлъэ куэдым ягъэундэрэбжьа ди щхьэм жьы къабзэ щIригъэхужащ. Дунейри сыту дахащэт а пщыхьэщхьэм! Гъуэгуанэ икIуам тезэшыхьауэ къурш щIыбымкIэ къухьэж дыгъэ бзий гъуатIэ дахэхэмкIэ ди нэкIум къытелъэщIыхьырт, бгымкIэ къриху акъужь гуакIуэр псэм фIэфIт, гъунэгъуу щыт жыгыжьхэм япыт пщIащэхэм я щхъыщхъ макъыр тхьэкIумэм къиIущащэрт, макъамэ дахэ гуэр къеуэм хуэдэу. ЗыгъэпсэхуакIуэ природэм дыщыкIуэм и деж къетшэкI Iэнэ зэкIуэцIых-зэкIуэцIылъхьэм телъа ерыскъы берычэтыр-щэ? Щынэл гъэва ухуей? Пэжалыстэ! Плъыжьу гъэжьа джэдыл нэхъ къапщтэрэ? УмыукIытэу шхы узыхуейм хуэдиз! Кхъуей плъыжь гъэгъуа е голландскэм уи гур хуэкIуэрэ? ХэIэбэ ущымысхьу!..
- Коньякыр-щэ? - Дэлхьэт щIоупщIэ, и ныбжьэгъум и псалъэр адэкIэ игъэкIуатэу. - Уи гум ирихьа ар?
- Ирихьа къудей? Сыкъызэралъхурэ абы нэхъыфI сефакъым. Ар сыт хуэдэу къурмакъеймкIэ ежэхырт, шкIур-шкIур жиIэу… Сыт ущIэдыхьэшхыр, Дэлхьэт? Уи хьэм бажэ къиубыдауэ ара? Ы-ы?
Бажэ къэзубыдыни, пщIантIэм дэлъыни, мэл хъушэм пэрытыни хьэ гуэр Дэлхьэт иIэтэкъым. Ар щIэдыхьэшхыр нэгъуэщIт: институтым я химлабораторэм щIэтым хуэдэу дыгъуэпшыхь Емынэжь иригъэкIуэкIа опытыр и гум къэкIыжати арат.

(КъыкIэлъыкIуэнущ).

 

ЛIыгъур Чэрим.
Поделиться: