ХущхъуэкIэ защIегъакъуэ

Зи ныбжь хэкIуэтахэр сыт щыгъуи гулъытэ хэха хуэныкъуэщ. УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым и Къэрал Думэм и депутат Щхьэгуэш Адэлбий Налшык къалэм дэт жьы хъуахэмрэ ныкъуэдыкъуэхэмрэ я унэм щыпсэухэм защIигъэкъуащ.

Депутатым видеокIэ унэ-интернатым и унафэщIхэм запищIэри, нэхъ зыхуэныкъуэхэр зригъэщIащ. Хущхъуэ лIэужьыгъуэ пщIы бжыгъэм щIигъу абы яхуригъэшащ, языныкъуэхэр Москва къригъэшри. Апхуэдэуи нэхъыжьхэр зэрызахъумэжыну IэмалхэмкIи къызэригъэпэщащ: я Iэхэр зэрагъэкъэбзэнухэр, нэкIуIупхъуэхэр, Iэлъэхэр иригъэшащ.
Унэ-интернатым и унафэщI Быф Беслъэн зэрыжиIамкIэ, хущхъуэхэр зыхуэныкъуэ дыдэт. «ИкъукIэ ди гуапэ хъуащ зэман кIэщIым къриубыдэу мыпхуэдэ дэIэпыкъуныгъэ къызэрытхуащIар», - къыхигъэщащ абы.
Хущхъуэхэр унэм лъагъэIэсащ «Урысей зэкъуэт» политикэ партым и волонтёр центрым хэтхэм.
Щхьэгуэшым жиIащ унэ-интернатыр иджыри зыхуэныкъуэ гуэр къыкъуэкIмэ, ядэIэпыкъуну зэрыхьэзырыр. КъищынэмыщIауэ, депутатым и мурадщ дистанционнэ Iэмалыр къигъэсэбэпу цIыхухэм я гугъуехьхэр зыхуэдэм едэIуэну.

 

КЪАНЩАУЭ Мэлычыпхъу.
Поделиться: