Уахътыншагъэм и блын

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зэрихьэу Бахъсэн къалэ дэт 2-нэ курыт еджапIэм къекIуэкI бжыхьым и кIыхьагъкIэ фIадзащ Хэку зауэшхуэм и ветеранхэм я сурэтхэр. Ар траухуащХэку зауэшхуэр ди текIуэныгъэкIэ зэриухрэ мы гъэм илъэс 75-рэ зэрырикъум.

«Уахътыншагъэм и блын» фIэщыгъэр зыгъуэта акцэр егъэкIуэкIыныр къыхэзылъхьар IуэхущIапIэм и унафэщI Нэгъуей Ахьмэдщ. Абы и жэрдэмыр къыдаIыгъащ егъэджакIуэхэми, еджакIуэхэми, жылэдэсхэми. Гукъыдэж зиIэ дэтхэнэми зауэм хэкIуэда, хэта и благъэ-Iыхьлыхэм я сурэтрэ абыхэм ятеухуа тхыгъэ кIэщIрэ зытет баннер иригъэщIу бжыхьым фIидзэ хъунущ. Ахьмэд зэрыжиIэмкIэ, а IуэхумкIэ я мурад нэхъыщхьэр къыдэкIуэтей щIэблэр хэкупсэу гъэсэным къыдэкIуэу нобэ дызыхэпсэукI мамыр гъащIэр къытхуэзызэуа ди нэхъыжьхэр егъэцIыхунырщ, абыхэм пщIэ хуащIу, я фэеплъыр яхъумэу, зэрахьэу къэгъэхъунырщ.
Акцэр мазитI ипэкIэ ирагъэжьат, накъыгъэм и 9-р къэсыху блынхэр сурэтхэмкIэ щыз ящIын хуэдэу. Ауэ Covid-19 уз зэрыцIалэм и зэранкIэ бахъсэндэсхэм я Iуэхур къызэпыуда хъуащ. Коронавирус уз зэрыцIалэм зрамыгъэубгъун мурадкIэ зи лэжьыгъэр къэзыгъэувыIа, рекламэхэр щагъэхьэзыр агентствэхэм къыщIэнащ цIыху 20-м я баннерхэр, езыгъэщIыну хунэмысахэм я бжыгъэри куэд мэхъу. КъызэгъэпэщакIуэхэр щымыгуфIыкIыу къанэркъым нобэр къэсыху зыхунэса лэжьыгъэми, абыхэм къыхагъэщ дызыгъэгумэщI вирус шынагъуэр дунейм щхьэщыкIмэ акцэм зэрыпащэнур.

 

ХЬЭРЭДУРЭ Аллэ.
Поделиться: