Балъкъэрхэм я щхьэ кърикIуар

ТхылъыщIэ

XX лIэщIыгъуэм балъкъэрхэм я псэукIар къызыхэщыж  дэфтэрхэмрэ тхыгъэхэмрэ щызэхуэхьэса томих Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдагъэкIын зэрыщIадзар нэхъапэIуэкIэ теддзауэ щытащ.

А тхылъхэр теухуауэ щытынущ балъкъэрхэр  хэкум зэрырагъэкIам, Шэрэдж щIыналъэм къыщыхъуа гузэвэгъуэм, лъэпкъым къыхэкIа цIыху цIэрыIуэхэм я гъащIэ гъуэгуанэм. Ахэр зыгъэхьэзырар Темукуев Борисщ.
Мэкъуауэгъуэ мазэм «Спецпереселены: выселение, возвращение» фIэщыгъэм щIэту томитIыр дунейм къытехьащ. Иджыблагъэ  къыдэкIащ «Черекская драма» тхылъыр.
- Иужьрей къыдэкIыгъуэм ихуащ 1942 гъэм щэкIуэгъуэм и 27-м щегъэжьауэ дыгъэгъазэм и 5 хъуху Шэрэдж бгъуэнщIагъым деж балъкъэрхэм къащытепсыха гузэвэгъуэр, - къыддогуашэ Котляров Виктор. - Абы щыгъуэ балъкъэр  къуажэ зыбжанэ ягъэкIуэдауэ щытащ. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, Сауту, Глашевэ жылэхэр.
А къэхъугъэр япэщIыкIэ нэмыцэ-зэрыпхъуакIуэхэм я Iэужьу ягъэIуат. ИужькIэ, 1990 гъэм, КъБР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым  а Iуэхухэр зэхагъэкIыну комиссэ къызэригъэпэщри, псори наIуэ къащIат. Апхуэдэуи мы къыдэкIыгъуэм къыщыхьащ 1943 гъэм ягъэхьэзыра дэфтэр зэмылIэужьыгъуэхэр.
- Балъкъэр лъэпкъыр хэкум зэрырагъэкIар и лъабжьэу Шэрэдж деж къыщыхъуа Iуэху мыщхьэпэхэм ятеухуа тхыгъэхэм уеджэну хьэлъэщ икIи гуузщ, - жеIэ Котляровым.
КъыдэкIыгъуэр напэкIуэцI 1000-м щIегъу. Тиражыр мащIэ дыдэщ, ауэ тхылъыр и щIыкIэкIи и кущIэкIи фIыщи, гъуэтыгъуейхэм ящыщ зэрыхъунум шэч хэлъкъым.

 

Щомахуэ Залинэ.
Поделиться: