Псоми ещхь, зыми емыщхь Аргун Олег

Куэд щIакъым илъэс  70 гъащIэ ­гъуэгуанэр зэригъэлъапIэрэ Урысеймрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ щIыхь зиIэ я ухуакIуэ Аргун Олег Абубэчыр и къуэм.

1950 гъэм Хьэбэз щIыналъэм хыхьэ Куэшхьэблэ къуажэм дунейм къыщытехьа Аргун Олег и IэщIагъэкIэ мэкъумэш лэжьакIуэщ, Шэткъалэ (Ставрополь) дэт Мэкъумэш университетым механизацэмкIэ и факультетыр къиухащ. Ар лэжьащ Тульскэ областым хыхьэ «Новый ­путь» колхозым и инженер нэхъыщхьэу, «Беслъэней» совхозым и парткомым и секретару, Хьэбэз щIыналъэм и тхьэмадэу. Сытми, IэщIагъэмрэ IэнатIэхэмрэ зэпэIэщIэ мыхъуу, зи къебжэкIыр щIэх пхуэ­мыухын къулыкъу лъагэ куэд зэрихъуэкIащ. 1995 гъэм щегъэжьауэ нобэр къыздэсым Аргуныр «Хьэбэз гипс завод» IуэхущIапIэм и уна­фэщIщ.
«Мылъкур уэсэпсщ, уи ужь къинэнур цIыхухэм яхуэпщIэрщ» - абы ­тету мэпсэу адыгэлI гуащIафIэр. Iуэху къызэрыкIуэ хуэдэу щытщ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужьу щыта, Ленин орденитI зыхуагъэфэща, дамыгъэ­хэмрэ саугъэтхэмрэ зи куэд, илъэс 45-кIэ «Ильич и ­гъуэгур» колхозым и унафэщIу щыта Аргун Абубэчыр и къуэм адэм пхиша лъагъуэр зэры­химыгъэгъуэщэжар. Ауэ хабзэмрэ унафэмрэ хьэтыр щиIа ­совет лъэхъэнэм лэжьа адэм и щIэблэр зы­хиубыдар цIыхум IэщIагъэми щIэ­ныгъэми хуищI пщIэр щы­кIэрыхуа зэманырт.
 ГъэщIэгъуэну а Iуэхум топсэлъыхьыж Аргун Олег къыдеджа    и ныбжьэгъу, Тэрч щIыналъэм хыхьэ Курп Ипщэ къуажэм и тхьэмадэ ФиIэпщэ Залымджэрий: «Нэхъыжь­хэр къакIуэри къыжраIащ: «Олег, уи адэр псэужамэ, уэ дынолъэIун ­    ­хуей хъунутэкъым. Къуажэдэсхэм Абу­бэчыр пщIэуэ хуащIу щытар зыхуэдизыр уощIэ. «АдэфI къуэфI хуэщкъым», - жумыгъэIэу, лIыгъэу уиIэр зыхэлъхьи ди лъэIур гъэзащIэ, Iуэхур хыумыгъэкIуэдэж».
ЛэжьапIэхэр зэпэубыда щыхъуа ди зэманым, нэгъуэщI дуней щып­сэум ещхьу, Аргун Олег и закъуэ цIыху щэ бжыгъэм я къару зрахьэлIэ IуэхущIапIэ зыбжанэ егъэлажьэ. Псом япэ и цIэ къиIуапхъэщ и адэм и гъэфIэныцIэр зезыхьэ «ПIатIэ» мэкъумэш зэгухьэныгъэр. Колхоз тхьэмадэу щыта Абубэчыр и ­ехъулIэныгъэфIхэр химыгъэкIуэ­дэжыну къелъэIуа къуажэдэсхэм я жэрдэмкIэт Олег ар и пщэ зэрыдилъхьэжар. Иджы абы Iэщымрэ губгъуэмрэ епхауэ цIыху 80 щолажьэ. Гектар 3000 яубыд нартыхум, жэгундэм, гуэдзым, хьэм. Iэщ фермэхэр зэрагъэпэщыжын папщIэ, жэм лъэп­къыфIу 180-рэ къащэхуати, абыхэм къащIэхъуа шкIи 160-р къыдокIуэтей. Мэкъумэш Iуэхум Олег ирихьэлIэр зыхуэдизым и зы щапхъэщ абы Шэткъалэ дэт мэкъумэш университетым щеджэ студентхэм папщIэ и адэ Аргун Абубэчыр и цIэр зезыхьэ ахъшэ саугъэти 10 зэригъэувар. Абдежи къыщымыувыIэу, жиIэм тебгъуэтэж лIы щыпкъым а къалэм дэт мэкъумэш техникумым и къудамэ Куэшхьэблэ къыщызэ­Iуригъэхын щхьэкIэ, «ПIатIэ» IуэхущIапIэм и унафэщIхэр зыщIэс унэм и япэ къатыр яритащ.
 Илъэс 20-м щIигъуауэ, Урысейм къыщымынэу, дуней псом щызэбграш Аргун Олег зи унафэщI «Хьэ­бэз гипс заводым» къыщIигъэкI ухуэныгъэм ирахьэлIапхъэхэр. Абы щолажьэ цIыхуищэм щIигъу. «Сыт хуэдиз илъэс сыпсэуну Алыхьым къысхуиухами, апщIондэху лэжьапIэ къызэрызэIусхынум яужь ситынущ, - яжреIэ Олег а псор зэры­хузэфIэкIым теухуауэ къеупщIхэм. - «УнасыпыфIэщ уэ», - къызжаIэ куэдым. СынасыпыфIэщ, яжызоIэ, цIыхуфIхэм садэлэжьэну къысхуихуащи. Ди IуэхущIапIэм сэ нэхърэ нэхъыжь нобэ щылажьэкъыми, ныбжь зиIэхэр си къуэшщ, нэхъы­щIэхэр си бын пэлъытэщ, зы уна­гъуэшхуэ хуэдэу дызэхэтщ».
Зы цIыхум апхуэдиз дауэ хузэ­фIэкIрэ жозыгъэIэ Аргун Олег иджы дыдэ къызэIуихащ IэфIыкIэ­хэр щащI фабрикэ. Ари зыхуей хуэзауэ зэрылэжьэнум зыми шэч къытрихьэркъым.
ХъыджэбзитIрэ зы щIалэрэ къы­зыщIэхъуа зэщхьэгъусэхэм нобэ ­къуэрылъху-пхъурылъхухэр ягъафIэ. «НэхъыжьыфI зиIэм нэхъыщIэфIи иIэщ» псалъэжьырщ Олег къыщIэхъуа щIэблэм тепсэлъыхьхэм жаIэ псори зэкIуэлIэжыр.
«ЦIыхум и пщIэр хэзыгъахъуэр абы зэхуихьэса мылъкуракъым, цIыхухэм къахуигъанэрщ, - жеIэ езы Аргуным. - Ди ужь къинэхэм зыгуэр къахуэдгъэнэфмэ, дэри ди цIэр къэнэнущ».
ЩIэх и кIэм пхунэмыгъэсын тхы­лъышхуэ пхуешэжьэнущ Аргун Олег къилэжьым псапэу хитыкI ахъшэр здынэсхэм ятеухуауэ. Къилэжьым хэхъуэху, абы цIыхухэм ­папщIэ ищIэми хегъахъуэ, «псапащIэ» цIэр хуэфащэу зэрехьэ. Олег сыт щыгъуи мылъкукIэ защIегъа­къуэ Хьэбэз, Адыгэхьэблэ щIыналъэхэм ит школхэм. Абыхэм ­яфIокIри ар лъоIэс абхъаз щIы­налъэм ит Ткварчали къалэм и Iэхэлъахэм щыIэ еджапIэхэм. Лъэпкъ, дин зэхэгъэж имыщIу, ар ядоIэпыкъу Ма­рухъ къуажэм щы­лажьэ члисэм ­къекIуалIэ чырис­танхэм, Жьакуэ жылэм дэт мэжджытыр зырезыгъэхьари Аргу­нырщ. Олег зэи ахъ­шэ щысхьыркъым хэлъэт зиIэ, щIэныгъэм дихьэх щIалэгъуалэм ягу яхуиIэтын пап­щIэ. Абы и гулъытэ зыхащIэ зэпытщ КъШР-м къулыкъу щызыхь сэлэтхэми, Хьэбэз щыщ къэфакIуэ гупми, узыфэ бзаджэ къызэуэлIа­хэми, зи цIэ къидмыIуэ нэгъуэщI куэдми.
Тхыгъэм и кIэухым ди гуапэу къыдохь нэхъыжьыфIыр зыцIыхухэм къы­зэранэкIа псалъэ гуапэхэм щыщ.
*   *   *
Аргун Олег и гъащIэр утыку ­укъимылъадэу, зыми и нэм зы­щIу­мыIуу цIыхухэм уазэрыхуэщ­хьэпэ­фынум и щапхъэщ. Ар есащ адрейхэм защIигъакъуэу: Iыхьлы-благъэм, лэжьакIуэхэм, ныбжьэ­гъухэм, и унафэ щIэтхэм. Сыт и лъэныкъуэ­кIи укъегъэпэж. Уи анэ­дэлъхубзэм, укъызыхэкIа лъэпкъым и хабзэм пщIэ хуэпщIыныр абы и дежкIэ махуэкъэс къалэнщ, напэрэ цIыхугъэ­рэ зиIэ дэтхэнэ цIыхуми нэ­гъуэщIу щытыну зыхуимыгъэфащэу.

Бейтыгъуэн Iэуес,
Дунейпсо Арт комитетым и вице-президент.
Налшык

*   *   *
Сыт Олег теухуауэ пхужыIэнур? Абы зэрилъытэмкIэ, гъащIэм къыщехъулIа псори Алыхьым кърита тыгъэу аркъудейщ, езым щIыхуэ къытемынэн папщIэ, цIыхухэм яритыжыпхъэу, аращ лэжьапIэщIэ къы­­зэIуихынкIэ щIемызэшыр.
ЛэжьапIэ игъэуву иригъэхъулIахэри зыгуэр яIэщIэщIэу IэнатIэм IуигъэкIахэри зэхуэдэу къыхуэарэзыщ Аргун Олег. Иужьрейхэм ящыщу акъылрэ напэрэ зыхурикъухэр щIогъуэжри къагъэзэж.

ФиIэпщэ Залымджэрий,

Акъбащ Ипщэ къуажэм и администрацэм и тхьэмадэ.
КъБР, Тэрч щIыналъэ

*   *   *
Iуэхур щиублэм деж унафэщIым хэлъыпхъэ ткIиягъыр къигъэлъа­гъуэу, лэжьакIуэхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ я деж нэсрэ, хьэл тыншрэ гумащIэу - апхуэдэщ Аргун Олег и лэжьэкIэр. А бгъэдыхьэкIэм и фIыгъэкIэ, IэнатIэм пэрытхэр щIызэгурымыIуэн е кърахьэжьа  Iуэхур щIамыгъэзэщIэфын  зы  щхьэусыгъуэми зыкъыдимыукIэфу, зы унагъуэ  хуэдэу егъэлэжьэф  Олег и  унафэ щIэтхэр.  

Аламиа  Геннадий,
УФ-мрэ Абхъаз Республикэмрэ я ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэхэм хэт.
Сыхъум къалэ

 

Зыгъэхьэзырар ЧЭРИМ Марианнэщ.
Поделиться: