Сыжажэ МуIэед и фэеплъу

 Урысей гвардием и управленэм Бахъсэн къалэм щиIэ щIыналъэ къудамэм ведомствэм щIэмыт и хъумакIуэхэм пашэныгъэр щаубыдащ и къалэн игъэзащIэу 2001 гъэм хэкIуэда полицэм и полковник Сыжажэ МуIэед и фэеплъу къызэрагъэпэща мини-футболымкIэ зэхьэзэхуэм.
 Бахъсэн и стадион нэхъыщхьэм щекIуэкIа зэпеуэм кърихьэлIат Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэ псоми къикIа спортсменхэмрэ Ставрополь крайм щыщ командитIрэ.
- Я къалэн ягъэзащIэу хэкIуэдахэм ятеухуа фэеплъ зэхьэзэхуэхэм мыхьэнэш­хуэ яIэщ цIыхухэм я зэкъуэтыныгъэмрэ зэкъуэшыгъэмрэ гъэбыдэнымкIэ, экстремизмэмрэ терроризмэмрэ япэщIэтынымкIэ, - жиIащ зэпеуэр къыщызэ­Iуахым къэпсэлъа ведомствэм щIэмыт хъумакIуэхэм я Бахъсэн къалэ къудамэм и унафэщI Гуэщокъуэ Мухьэмэдин.
Псалъэ гуапэхэр а махуэм къыжьэдэкIащ хэкIуэда лIыхъужьым и адэми. «Сегъэгушхуэ си къуэм и фэеплъыр зэрыфщымыгъупщэм, - жиIащ абы. - Фэ сыщынывэплъкIэ къысщохъу ар псэууэ икIи къыфхэту. Тхьэр арэзы къахухъу мы фэеплъ зэхьэзэхуэр къызэзыгъэпэщахэм».
Удэзыхьэхыу щызэпэщIэта икIи Iэзагъ лъагэ къыщагъэлъэгъуа полицэм и полковник Сыжажэ МуIэед и фэеплъу къызэрагъэпэща мини-футболымкIэ зэпеуэм бжьыпэр щаубыдащ Урысей гвардием и управленэм Бахъсэн къалэм щиIэ щIыналъэ къудамэм ведомствэм щIэмыт и хъумакIуэхэм. Абыхэм кубокыр, медалхэр, грамотэхэр хуагъэфэщащ.

 

 

 

Жыласэ Замир.
Поделиться: