Хьэгуарэ Джамилэ японыбзэкIэ «мэпсалъэ»

Дуней псом къыщацIыху ди лъэпкъэгъу дирижёр телъыджэ Темыркъан Юрэ и ныбжьыр илъэс 75-рэ щрикъу илъэ­сым, 2013 гъэм, Санкт-Петербург дэт «Скифия» тхылъ тедзапIэм къыщы­дэкIауэ щытащ Хьэгуарэ Джамилэ «Юрий Темирканов. Монолог» зыфIища и тхылъыр.

Иджы хъыбар гуапэ къытIэрыхьащ - «Монолог» тхылъым Токио щоджэ! Ар «Альфа-Бета» тхылъ тедзапIэм японыбзэкIэ къы­щыдэкIащ маэстрэм и гуа­щIэм дихьэх зэдзэкIакIуэ Iэзэ Огавэ Кацунари и фIыгъэкIэ. Тхылъыр псом япэу а бзэм къызэрагъэтIэсар зэрымыщIэкIэ къэхъуа Iуэху­къым - Японием куэ­дым ирепх Темыркъаныр, Токио и оркестрхэм, езым и гупым щIыгъуу абы щит концертхэм щегъэжьауэ ныбжьэгъу куэд зэрыщиIэм деж щыщIэкIыжу.
Маэстрэм и гъащIэмрэ и гуащIэмрэ теухуауэ дунейм япэу илъэситху ипэкIэ къы­техьа лэжьыгъэр щIэджы­кIакIуэхэм я пащхьэ зэрырахьэрэ блэкIа зэманым псы Iэджэ ежэхащ, куэдым зихъуэжащ. Ауэ зэрыщытауэ къэнащ абы и творческэ ­гъуэгуанэ бгъуфIэр, зэчий ин зыбгъэдэлъ Юрэ и Iэзагъэр.
Тхылъым япэу сыкъыщеджам щыгъуэ сигу ирихьауэ имыхужхэм ящыщщ Темыркъан Юрэ «зи щхьэм щы­мыды­хьэ­шхы­жыф цIыхур ахьмакъщ» ­зэ­рыжиIар. Мыр-щэ! «Псэр жьы зэрымыхъумрэ Iэпкълъэпкъым и щыты­кIэмрэ зэгурыбгъэIуэну егъэлеяуэ гугъущ». Зэры­мыщIалэжыр къыхигъэщми, 2018 гъэм къриубыдэу куэдым яхузэ­фIэмыкIын з­рагъэхъу­лIэ­фащ Темыркъан Юрэрэ ар зи унафэщI гупымрэ - Санкт-Петербург и симфоние оркестрым къэ­ра­ли­бгъум концерт щэщI щитащ. Дыгъэгъазэ мазэм Темыркъаным Санкт-Петербург щригъэ­кIуэ­кIащ илъэс къэс къы­зэрагъэпэщ «Гъуазджэхэм я утыку» дунейпсо фестивалыр.
Японием «Дыгъэ къы­къуэкIым» и орден иIэщ (и мыхьэнэкIэ къэралым щы­етIуанэ дамыгъэщ), ар 2015 гъэм Темыркъаным къратащ, Токио илъэс куэд ­хъуауэ щригъэкIуэкI лэжьыгъэ купщIафIэм, Урысеймрэ а къэралыгъуэмрэ я цIыхухэр лъэпкъ макъамэхэмкIэ зэпэгъунэгъу щIы­ным хуищI хэлъхьэныгъэшхуэм къыпэкIуэу.


«Монолог» тхылъыр зи IэдакъэщIэкI Хьэгуарэ Джамилэ.

ИСТЭПАН Залинэ.
Поделиться: