ГъэфIагъыбзэу «КIунэ цIыкIукIэ» къызэджэрт

Адыгэ, урыс, балъкъэр театрхэр зэгъусэу дылажьэу щытащ дэ. Театрыр театрщ, абы зыгуэр щы­зэ­мытIыркъыу, щызэ­фIэ­мынэу къэхъуркъым, абы щыгъуэми Iуэху­щIапIищ ущыхъукIэ. Апхуэдэ щыты­кIэхэр тыншу щабэ ищIы­жыфырт Тубайм. Зэрыхъуари зэ­рыщIари умы­щIэу, жыжьэ къы­щыщIидза хуэдэу къыпщыхъу зы псалъэмакъ гуэркIэ Iуэхум гъу­нэгъу зыкъыхуи­щIырти, ар зыт­риуIэфIэжырт.
Бынитху зэдапIащ ДыщэкI КIу­нэрэ абырэ, я кум гуапагъэ, лъагъу­ныгъэ, дахагъэ дэлъу, зым жиIэр адрейм къыгурыIуэу, фIэхьэлэмэ­ту, зэдаIыгъыу, зэдэгушыIэрэ сыт­ри зэхуагъэгъуфу зэдэпсэуащ. Иужьрейм и зы щапхъэ вжесIэ­жыни.

... Еуэри Мухьэмэдрэ КIунэрэ тIэкIу зэщыIеяуэ унэм къыщIэкIауэ театрым кIуэ пэтрэ, зы автобусым итIысхьахэщ. КIунэ ипэмкIэ кIуащ, Мухьэмэд и кIэ бжэмкIэ итIысхьащ. Езы КIунэ дахащэу жиIэжырт ар. Ахъшэ хэзыхыр къызбгъэдыхьэри, си гъуэгупщIэр естащ, жи. ИрикIуэурэ Мухьэмэд деж щынэсым, «мо цIыхубзым къуитынущ», - жи­Iэри и Iэр щхьэгъусэм дежкIэ ищIащ. Къегъэзэж ахъшэхэхым. «Сыт хуэдэ лIы, сцIыхуххэркъым ар сэ», - жеIэри КIунэу плъагъум зытри­мыгъэхьэу къэувыIэпIэм къыщокI. КъызэпщIа хьэдэгъуэдахэр сыт жиIа щхьэкIэ, КIунэ къыхуикIуэ­тыркъым: «Сыт-тIэ, усцIыхуркъым-сыкъэпцIыхужыркъым жыпIакъэ?» - жеIэри. Театрым щылажьэхэр зэ­рызэхэту жаIэжщ, дыхьэшххэри абдежым щаухат.
Театрым 1964 гъэм сэ сыщыкIуам щыгъуэ ди театрыр зыхуей хуа­гъазэрти, иджы Мэлбахъуэ Тимбо­рэ и цIэр зезыхьэ библиотекэм репетицэхэр щытщIырт, «Анэм и гур» спектаклым делэжьырт. Си гъусэу еджапIэр къэзыуха гупым фIэкIа зыри сцIыхуртэкъым. Артист нэ­хъыжь­хэм щыщ гуэри зэзгъэцIыхуну сы­хунэмысауэ, спектаклыр дгъэ­хьэ­зыр­ри къызэIуахыжа ди теат­рым япэу щыдгъэлъэгъуащ, зэрыжаIэу «ттащ». ЕтIуанэ махуэм сы­щIохьэ театрым, расписанэр зы­фIэлъым деж лIы гуп щызэхэтти, Мухьэмэд щIэупщIащ: «Мыра къащтауэ, къытхыхьауэ жыхуаIэ хъы­джэбзыр?» - жи­Iэри. ТIыхъужь Алий нэхъ сыкъицIыхурти, «аращ» жри­Iащ. Къызбгъэ­дыхьэщ, си дамащхьэм и Iэр къытрилъхьэри: «Хэт уи цIэр?» - жиIэри къызэупщIащ. ЩыжесIэм: «Агъу, иджыри къэс КIу­нэ­шхуэ диIамэ, иджы КIунэ цIыкIу къытхыхьащи, дэгъуэкъэ ар?!» - жиIэри абдежым КIунэ цIыкIу къы­щысфIищащ, псэу­хуи гъэфIагъыбзэу къызэрызэджар апхуэдэущ.
Къэралым хьэпшып имылъу щыIащ-тIэ зэман. Къалэм щыдмыгъуэт гуэрхэм къуажэхэм дыщрихьэлIэу къыщытщэху щыIэт. Ап­хуэ­дэу Тэрч районым къыщыс­пэ­щIэ­хуат кримпленым къыхэщIыкIа ­кIэс­тум, гъуэншэдж пыту. Сы­къэ­кIуэжщ, си щхьэгъусэ Мысостыш­хуэ Пщызэбий езгъэлъагъури, гъуэн­шэджыр и гуапащэ хъуакъым, ауэ си жагъуэ имыщIын щхьэкIэ жиIэшхуаи щыIэкъым. Махуэ зы­тIущ дэкIри сыкIуащ театрым зэ­пытыр щыстIагъэри. ЦIыхухъухэр щызэхэтт бжэIупэми, сыкъызэралъагъуу ямыгъэщIэгъуапIэр иIэт, сэрат гъуэншэдж япэу щызытIэ­гъар. Хэти «Iэу!» жиIащ, адрейми «уааа!» жиIащ, кIэщIу жыпIэмэ, щы­тыкIэ гугъу дыдэ сыкъихутащ. Си жагъуэ зэрыхъуамрэ сызэрыу­кIы­тамрэ гу лъитэри, Мухьэмэд къызбгъэдыхьащ. «КIунэ цIыкIу, мы щыгъыныр зэбгъэкIуу къэп­щэхуа, уигъэдахэу къыпщыхъурэ?», - жиIэу къыщызэупщIым, «Тхьэ, дауи, зэзмыгъэкIум къэзмыщэхунт», - жыс­Iащ. «Абы щыгъуэм, хьет жегъэIэ, зыми жиIэм уемыдаIуэ, уэ уартисткэщ» псалъэхэмкIэ къыздиIыгъащ.
Унагъуэм псалъэмакъ гуэр ухэтауэ, зыгуэркIэ укъэгубжьауэ репетицэм укIуамэ, занщIэу укъищIэрт. Къытхэплъэрт, лэжьыгъэм зигу хэ­мы­хьэхэм гу лъитэрти, ахэр къи­гъанэрт, адрейхэр иутIыпщыжырт. Я гуныкъуэгъуэ, гурылъ жригъэIэу, я губампIэ дихыу ябгъэдэст. Ар щIыжысIэращи, набдзэгубдзап­лъэт, цIыхур зэхищIыкIырт, дэтхэнэ зыми и псэ ухуэкIэр къы­гуры­Iуэрт. Гулъытэшхуэ хэлът Му­хьэмэд. 1960 гъэхэм артистхэм дачэхэр ­ирату щIадзауэ щытащ. Тубайр къызб­гъэдыхьэри къызжиIащ хуейхэр къызэрыхатхыкIыр, сы­хи­гъэ­хьэмэ зэрыфIэфIыр. Сызэ­ры­ла­жьэ­рэ илъэс зытIущ фIэкIа зэры­мы­хъуами, сызэрыщIалэми еп­лъа­тэкъым ар, апхуэдизкIэ къыс­­хуэ­гуэпэну хуейти.
Егъэлеяуэ цIыху фIыуэ илъа­гъурт, ныбжьэгъугъэм пищI щыIэтэкъым, хьэлэлыщэт. Адрейхэм нэхъри зы­кIи нэхъ къулейтэкъым, зэ­фIэкI нэхъыби, хэхъуэ нэхъыби яIэ­тэкъым - артистхэм сыт я хэхъуэ?! ИтIани, цIыху кIуапIэт Мухьэмэдрэ КIунэрэ я унэр, театрым зы цIыхуи щылэ­жьауэ къыщIэкIынкъым абыхэм я деж щызэхэмысауэ, шыгъу­пIастэ щамышхауэ. Къуажэ ды­щыIауэ дыкъэкIуэжмэ, «кхъыIэ, фы­неблагъэ» жаIэрэ дыщIашэу, зы чыржын фIэкIа ямыIэми ар къыт­ралъхьэрэ дыщысу апхуэдэт. ТфIэ­фIыпсуи деблагъэрт, сыту жыпIэмэ, гухэ­хъуэт уабгъэдэсыну, гуныкъуэгъуэу хъуар пщагъэгъупщэу цIыху гуа­пэхэт.
Зы хъыбар бжесIэжынщ КIунэ и фIэрафIагъыу щытам теухуауэ. Шортэн Аскэрбий и пьесэм къытращIыкIа «Яшэмрэ къэзышэхэмрэ» спектаклым делэжьырт. КIунэ зэ­рымыщIэкIэ ТIыхъужь Iэниуар и щхьэм еуэри зэгуиудащ. «Гуэгуш къыстехуащ», - жиIэщ КIуни, ефэ-ешхэшхуэ Тубайхэ я деж щращIэкIыжщ Iэниуари, зэкIужахэу ­щытащ. ИужькIэ псэлъафэу къа­хуэ­науэ «КхъыIэ, КIунэ, си щхьэри зэгуэуд», - жаIэурэ артисткэм зы­хуагъэщхъырт. Апхуэдэу дунейм тетащ я ерыскъымрэ гуапагъэмрэ япэ иту. Шэч хэмылъу, КIунэ и хьэ­лэлагъ къудейкIи зэфIэкIынутэкъым ар, Мухьэмэд къыдиIыгъыу щымытатэмэ. ТIури зэрызэгу­ры­Iуэрат а унагъуэр бей, ерыскъыфIэ, цIыху кIуапIэ зыщIыр.
Адыгэбзэр фIы дыдэу ищIэрт. Иджыблагъэ «Филуменэ Марту­рано» пьесэм сыхуей хъури къэс­лъыхъуэжат. АдыгэбзэкIэ зэрадзэ­кIауэ къэзгъуэтауэ седжэжырти, согъэщIагъуэ: «Ярэби, сыту тынш ды­дэу тха, хэту пIэрэ зэзыдзэкIатэр?» - жызоIэри сеплъмэ, Тубайращ.
ЗэрылъэкIкIэ зыгуэрым дэIэпыкъуну хэтащ Мухьэмэд, зыгуэр къыб­жиIэрэ уи щIыбагъкIэ зыгуэр къыпкIэлъидзыжу апхуэдэ хьэл хэ­лъакъым. ЦIыху къабзэу, дахэу, ­лъагъугъуафIэу, хьэлэлу дунейм ­тетащи, дыхуэарэзыщ.

ЖЬАКIЭМЫХЪУ КIунэ, УФ-м щIыхь зиIэ, КъБР-м я цIыхубэ артисткэ.
Поделиться: