ЛIыгъэ зэхэгъэкIыпIэ

Къэнжал зауэм и зы теплъэгъуэ.
Сурэтыр  КIыщ Мухьэдин  ищIащ. Испание, Кадиз, 2008 гъэ

 

 

МэшбащIэ Исхьэкъ и «Ажал гъуэгу» тхыдэ романым теухуауэ

ЦIыху щхьэхуэми ещхьу, дэтхэнэ лъэпкъми балигъыпIэ иIэжщ. Зыри пщIэншэу къыздытемыхьэ дунейм абы адрейхэм къахэщу щиубыд увыпIэр нэхъ IупщIу, нэхъ гугъэзагъэу щилъагъуж, жэ­уаплыныгъэ къытехуэр гум нэсу нэхъ щызыхищIэ ныбжь. Адыгэм и блэкIам уриплъэмэ, лъэпкъыр зэрызыгъэубыд щхьэ къэIэтыгъуэ нэхъ хэIэтыкIауэ ди япэ итахэм ди нэгум къыщIанащ иджыпсту тIэщIэлъ МэшбащIэ Исхьэкъ и романыщIэр зытеухуа Къэнжал зауэр.

Бзэм и дахэмрэ тхыдэм и пэжымрэ

Сыт «Хэку» жыдэзыгъэIэр? ЦIыхури зи бзэ мыпсалъэ псэущхьэри гъащIэм къыщыхыхьа, нэхъ зэса, зыхуей нэхъ щыхуэзэ щIыналъэм лъыкIи гукIи епхауэ къокIуэкI сыт щыгъуи. Тхыдэ гъунэгъуми жыжьэми уриплъэмэ, зы бзэ зыIурылъ цIыху бжыгъэшхуэр лъэпкъ хъун-мыхъуныр ар зытепсэукI щIы кIапэм къыхуэпабгъэхэм зэрабгъэдэта, зэрапэщIэта щIыкIэм елъытауэ къыщIокI. «Тхыдэ» хъужри щIыналъэ щхьэхуэхэр щызэпаубыда зауэ­зэ­рылIхэм кърикIуа зэхъуэкIыныгъэхэракъэ?! Лъэпкъ мыхъуу къэралыгъуэ хъуфа зэ­рыщыIэм хуэдэ къабзэу, къэралыгъуэ уардэу замыIэтами, тхыдэм къызэрыхэнэн ­къарурэ зэфIэкIрэ къызыкъуэзыхыфа лъэпкъхэри щыIэщ.
Къэнжал Iуащхьэр адыгэхэм я Троящ. ­Европей щэнхабзэм и хъугъуэфIыгъуэу ­къалъытэ «Илиадэмрэ» «Одиссеемрэ» ­гъуэгу езыта а зауэ цIэрыIуэм ещхьу, кърым ­хъанхэмрэ адыгэпщхэмрэ фIэгъэнапIэ яхуэхъуа щхьэусыгъуэри зи щIыхьыр ягъэпуда бзылъхугъэм епхат. Алыджхэм я нысэр бийм къытрахыжын папщIэ дзэшхуэ зэрагъэпэщу кхъухь бжыгъэшхуэкIэ ежьахэмэ, адыгэхэр щагъэукIытар езыхэм я щIыналъэрати, шыпхъум къыщхьэщыжа зэ­къуэшхэм хъаныкъуэр Къэбэрдейм щау­кIыжри, абы къыкIэлъыкIуа хъаныдзэм езыхэм я щIыналъэм щезэуат.
Захуагъэмрэ текIуэныгъэмрэ зэIэпэгъу щыхъум дежщ Гомер хуэдэ уэрэдусхэм жьэ щагъуэтыр. Троя зауэр зэрыщыIам алыджхэр дунейм зэрытетыр ягъэIуну Iэмал къарита къудейкъым, я тхыдэми я ­тхыбзэми лъабжьэ яхуэхъуа тхыгъэхэм дуней псор зэлъащIысауэ тхылъеджэхэм но­бэми ныжэбэми я IэфIыр зэIэпах. ГурыIуэгъуэщ Троя зауэм куэд зэрытетхыхьар, ауэ Гомер и тхыгъитIращ езы тхыдэм къыхихари цIыхухэм ягу къинари.
ДызэплъэкIыжурэ ди нэгу къыщIэдгъэхьэ фIэкIа, нобэ дунейм зы адыгэ теткъым зэгуэр и хэкумрэ абы и цIыхубэмрэ зэуIуу илъэгъуауэ. Зэманым декIур лIыфIщ, итIани, щIырэ псырэ, хьэуарэ нэхурэ щымыщIэ къэкIыгъэм и лъабжьэр нэхъ быдэ зэры­хъум хуэдэ къабзэу, цIыхум къыдалъху ­фIыгъуэ псоми нэхъ тыншу зыщиузэщIыр псэкIэ зэпха щIыпIэрщ. Абы къыхэкIыу, ­МэшбащIэ Ис­хьэкъ и романыщIэр, лIыгъэ зэхэгъэкIыпIэкIэ узэджэ хъун Къэнжал ­зауэр илъэс 310-рэ щрикъуа илъэсым къы­кIэрымыхуу хьэзыр хъуар, ди лъэпкъ гу­ры­щIэр нэхъ куу зыщI Iуэхугъуэу зэры­щытри щIы­щытри наIуэщ.
Шэч хэлъкъым Къэнжал Iуащхьэр лIы­хъужь нэхъыщхьэу зыхэувэн IэдакъэщIэкI куэд иджыри дунейм къызэрытехьэнум.  Ауэ Толстой Лев и «Зауэмрэ мамырыгъэмрэ» ещхьу, «Ажал гъуэгур» «дэри ды­лъэпкъщ» жыдэзыгъэIэ романщи, ар зи ­IэдакъэщIэкI тхьэмадэм и къалэмыр иджы­ри куэдрэ лъэпкъым тхуэмахуэн Тхьэм ищI.

КъалэмыпэкIэ къатIа псынэ

Къэбэрдейр, КъухьэпIэ Шэрджэсейр, Урысейр, Кърымыр, Къалмыкъ хъаны­гъуэр, Кърым хытIыгуныкъуэр - щIыналъэ куэд къызэщIаубыдэ икIи жыжьэу заукъуэдий МэшбащIэм и романыр щекIуэкI щIыпIэхэм. Езы зауэзэрылIыр зы жэщ-зы махуэм зэфIэкIа щхьэкIэ, ар къэзыша щхьэусыгъуэхэр илъэс пщIы бжыгъэкIэ тхыдэм и гъуэжькуийм зэтрихьат. А Iуэху­гъуэхэм хэпщIа хъуа къэралхэр, пащты­хьыгъуэхэр, хъаныгъуэхэр щызэблокI романым и напэкIуэцIхэм. Езым щыгъуазэ дызэрищIымкIэ, тхакIуэм къигъэщхьэпащ щIэныгъэлIрэ журналисту цIыху 38-м я лэжьыгъэхэр. «КъалэмыпэкIэ псынэ куу къэстIым ещхьу, къарууэ збгъэдэлъымкIэ селIэлIащ тхыдэм и псынэпс псэхэлъхьэ­жыр къыщезгъэудын папщIэ, - щетх Ис­хьэкъ романым и «КIэухым». - А зэманым псэуа цIыхухэм я ­гъащIэмрэ я кIуэ­ды­жыкIэмрэ пэжу къэзгъэ­лъэгъуэным зэрыслъэкIкIэ сыхущIэкъуащ, лIы­хъужь къэзгупсысахэм я дуней тетыкIэр хъыбарым хэзухуанэурэ». Романым и кIыхьагъкIэ къы­хэувэ гуэдзэн цIыкIухэр тхакIуэм жиIэм щыхьэт тохъуэ. Тхыдэм щыщ нэрыбгэ гуэр, псалъэм пап­щIэ, Айшэ къалмыкъ хъаныр, Карл XII швед пащтыхьыр, Пётр Езанэ урыс тепщэр, ­къинэмыщIхэр гукъэкIыжхэм къы­щыхэувэм деж, тхакIуэм ахэр тхылъеджэм къригъэцIыхун, итIанэми «тегупсысыкIыу» романым щекIуэкI хъыбарыр абыхэм яримыгъэгъэлъэхъэн папщIэ, абыхэм ятеухуа са­тырхэр щхьэхуэу къехь. А Iэмалым тха­кIуэм и псалъэм къару лей къыщIелъхьэ, езым къызыфIигъэщIа гуэр сюжетым къы­хэувэми, зытепсэлъыхьым и лъагъуэм зэры­те­мыкIар уи фIэщ ищIу.
«Си Iэнэм Къэнжал Iуащхьэм къытекIа зы мывэ телът, щIэх-щIэхыурэ зэпэсплъыхьу, - къеIуэтэж Исхьэкъ романым зэрелэжьа щIыкIэр. - Абы Iуэхум сытригъэгушхуэ хуэ­дэу щыт щхьэкIэ, езыр щымт. Мывэхэм я хьэлщ ар. КъэхъукъащIэхэри езы мывэхэри щымыIэххам хуэдэу, щыму лIэщIы­гъуэхэм я щхьэлыр ягъэлажьэ, псори зэманым и сабэм храгъэхьэжэу. Ауэ зэманыр цIыхугум, лъэпкъым и гум къыщызэтонэ. Псом хуэмыдэу, абы, Къэнжал зауэм ещхьу, лIыхъужьыгъэмрэ лIыгъэмрэ епха щапхъэхэр щыхэтым деж».  

Адыгэ цIыхубэр Къэнжал зауэм и зэманым

Романым и сюжетыр зауэр ще­кIуэкIа 1708 гъэм хуозэ. Нэгъабэ хуэдэм Менгли-Джэрий дзэшхуэ дэщIыгъуу Къэбэрдейм къагъэкIуат, Къанокъуэхэ я пхъум и Iыхьлыхэр къыщхьэщыжу яукIа Шэхьбаз-Джэрий илъ ищIэжын, Бгитху Iэ­гъуэблагъэм иIэпхъукIыу Бахъсэн псыхъуэм зы­щы­зы­убгъуа адыгэхэр я пIэ иригъэ­тIысхьэжын унафэр къихьри. Ауэ и тутын лулэр я пщы уэлийм и щхьэфэм къытезыунэщIа хъаным зрагъэцIыхужат адыгэ­хэм: кърым «хьэщIэхэм» ящыщу щхьэж ­иригъэблэгъар иукIыжыну зэгурыIуэхэри, Менгли-Джэрий и псэр пыт къудейуэт Кърымым зэрекIуэлIэжар. Иджы адыгэхэм я нэ вагъуэхэр яригъэлъагъужыну къежьэр езы хъан Къап­лъэн-Джэрийт.
«Къэбэрдейр дэтхэнэ гъунэгъуми и гурыIупсыр къэзыгъажэ щIыналъэт», - гурыIуэгъуэ ещI МэшбащIэм адыгэхэм я щIыналъэ цIыкIур щIызэпаубыда щхьэу­сыгъуэр. ТхакIуэр зэреплъымкIэ, бийхэми ахэр хэкум къэзышэ лъэпощхьэпохэми ­захъуэж. Ауэ лъэпкъыр гузэвэгъуэхэмыкI зыщIыр сыт жыпIэмэ, ар адыгэпщхэм я хьэл мыхъумыщIэ зызымыхъуэжхэрщ. «Гуры­Iуэгъуэщ зэгурыIуэныгъэ зэрымылъ унэр къызэрызэтемынэнур, абы къыхэкIыу къэбэрдеипщхэм я зэныкъуэкъум нэ­гъуеидзэм къыщIэна лъэпкъхэми, дагъыс­тэн шамхалхэми, къалмыкъ хъанхэми я Iыхьэр зэрыхахыным хущIэкъухэрт. Ауэ псом нэхърэ нэхъ Iэзэу икIи нэхъ бзаджэу а пщы зэдауэм фейдэ хэзыхыр Кърымыр зи унафэ щIэт Тыркурат. Чингиз хъан къытепщIыкIа Кърым хъаныгъуэм адыгэщIхэр езым ейуэ илъытэжырт».
Адыгэхэм къазэрытеуэнум Кърым хъанхэм зыхуагъэхьэзырыху, тхакIуэм цIыху бжы­гъэшхуэ зыхэт романым и дэтхэнэ зы лIыхъужьри къыдегъэцIыху. Лъэпкъ унафэр зы­IэщIэлъ цIыхушхуэщ Къэбэрдейм и пщы уэлий ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ. Абы и чэнджэщэгъу Къэзанокъуэ Жэбагъы а зэманым и ныбжьыр зэрыхъур илъэс тIощIрэ тхурэт. Ашабэ Миншакъ, Шурдым Жан­хъуэт, ЦIыпIынэ Хьэсанш, Быж Нэгъур, ­Дамдей сымэ адыгэпщым и лъэныкъуэкIэ къыщыт акъылэгъу защIэу дегъэлъагъу тхакIуэм. Гупсысэхэр, уэршэрым зэрыхэувэ хьэлыр, къигъэщхьэпэ псалъэхэр, пхигъэкIыну зыхущIэкъу Iуэху еплъыкIэр, ихъуреягъкIэ щекIуэкI къэхъукъащIэхэм зэрахущытыр - ахэращ дэтхэнэ тхакIуэми и лIы­хъужьыр къузэригъэцIыхун Iэмэпсымэу иIэр. МэшбащIэм Къэнжал зауэр зэрилъагъур хуитыныгъэмрэ дэкъузэныгъэмрэ щы­зэ­пэщIэува зауэзэрылIущ, абы къыхэкIкIэ захуагъэм и дамыгъэу къилъытэ Кургъуо­къуэ, Къаплъэн-Джэрий елъытауэ и къарур нэхъ мащIэми, езыр хъаным нэхърэ нэхъ гу ­щабэу къызэригъэлъэгъуэным иужь итщ. Пщым и цIыху щIыкIэр нэхъ уи фIэщ зыщI пычыгъуэу романым къыхоувэ абы къапхъэным иубыда мыщэр зэрыригъэу­тIып­щыжыр. Мыщэ шырымрэ езым и блыгущIэтхэм къаубыда мыщэ-анэмрэ ХьэтIохъущокъуэм езым и лъэпкъым щхьэщымыкI анэ-бын гузэвэгъуэр игу къагъэкIыж. Аб­дежу къыпфIощI адыгэ сабийхэр Кърымым ирагъэшэн Iуэхур къызэтрамыгъэувыIэу зэрымыхъунум теухуа унафэ быдэр игукIэ къыщищтэр.
Кургъуокъуэ щIохъуэпс и лъэпкъыр зы унафэм щIигъэувэным, ауэ асыхьэтым къытехуэ къалэныр игъэзащIэ фIэкIа, езыр а унафэр IэщIэлъыным хуэпабгъэу къы­хэ­щыркъым романым. «Къэбэрдейри къэралыгъуэ хъуфынут, - жреIэ абы Къэзанокъуэ Жэбагъы, - пщыхэм зэныкъуэкъун щагъэ­тамэ». Абы и еплъыкIэмкIэ, щхьэж и пагагъыр, япэ итын гуращэр IуимыгъэкIуэтмэ, лъэпкъыр зэрыубыдыфынукъым, зы уна­фэщI и жьауэ щIэувэн хуэдэу. «Уэ ухъу­фынут апхуэдэ тепщэ!» - жреIэ Кургъуокъуэ зи щIалэгъуэ Жэбагъы. Къэзанокъуэри пщым и акъылэгъущ лъэпкъыр зэрыубыдын зэрыхуеймкIэ, ауэ МэшбащIэм и Кур­гъуокъуэм лъэпкъыр зы зыщIыфын къарууэ илъагъур хабзэм и закъуэмэ, Жэбагъы абы диныр дэгъэIэпыкъун хуейуэ къелъытэ. Ари тхакIуэм къехъулIа IэбэкIэу зэрыщытыр наIуэщ. Зэман блэкIым и дамыгъэу ­  щыт ХьэтIохъущокъуэм и пIэм абы къригъэувэ хуэдэщ лъэпкъыр зытехьэ гуп­сысэкIэщIэм и дамыгъэу къищтэ Жэбагъы: «Ди закъуэкъым, ислъам диныр зезыхьэу хъуар - ахэр ирехьэрып, иретырку, иретэтэр, иренэгъуэщI - псори дыщыхэхэсщ мы дуней хьэхум. Дэ къэбэрдейкIэ, бжьэдыгъукIэ, абэзэхэкIэ, кIэмыргуейкIэ, шапсыгъкIэ ды­зэджэж щхьэкIэ, псори дыадыгэщ, ауэ зэ­хуэдэу зетхьэ диным дызэгурегъаIуэ».
Романым и сюжетым зауэмрэ текIуэныгъэмрэ хуэгъэпсауэ зэрызригъэужьым къы­дэкIуэу, тхакIуэм гъэщIэгъуэну пхеш гу ­къабзагъэм, цIыхур цIыху зыщIыж и дуней зыхэщIэкIэм зэрызихъуэж щIыкIэхэри. Мыбдежым дигу къэдгъэкIыжыпхъэщ МэшбащIэ Исхьэкъ тхакIуэрэ усакIуэу зэры­щытым къыщымынэу, зэдзэкIакIуэ лэжьыгъэ зыбжани зэриIэр. Пушкин, Блок, Нек­расов, Есенин, Маяковский сымэ я тхыгъэхэм къадэкIуэу, Исхьэкъ Куэшбей Пщы­махуэ и гъусэу адыгэбзэкIэ зэридзэ­кIауэ щытащ «КъурIэн лъапIэр». Ар къы­щIыхэдгъэщыр романым и кIыхьагъкIэ тхакIуэм адыгэгур муслъымэн диным зэресэ щIыкIэр къигъэлъэгъуэным зэре­лIалIэрщ. Абы и щапхъэу къэтхьынщ Мамсыр Нэкъар теухуа зы пычыгъуэ: «Нэкъар зэрымыщIэкIэ дыгъэр игъэлъэпIэну игу ­къихьащ, и Iэри къиIэтакIэт, уафэм щIыхь хуищIыну, ауэ щIегъуэжри, и шым елъэ­дэкъэуащ. Гъуэгу здытетым, ар егупсысырт: ­«Сеуэу, шэджагъуэ нэмэз сщIын? Си фIэщыпэут сэ ар зэрысщIынур, нэкIэ умылъагъу Алыхьым сызэхищIыкIынумэ, бгъэдэслъхьэ си гукъеуэр къыздигуэшыну щытмэ…»
Сыт хуэдэ зэманым утемытхыхьми, ухуей-ухуэмейми, узыхэпсэукI зэманым и нэп­къыжьэ абы къытыбонэ. Апхуэдэу, Исхьэкъ зэрымыщIэкIэми, езыр хуейуэ хигъэувами, нобэ нэхъ гуащIэ дыдэу адыгэ цIыхубэ ­утыкум илъ «динымрэ хабзэмрэ» зэпэ­щIэтыныгъэм и нэхъыжь псалъэр хегъэувэ. Романым нэхъ лъагъугъуафIэу къыхэщ ­лIыхъужьхэм яз Ашабэ Миншакъщ тхакIуэм зыIурилъхьэр езым и гупсысэхэр: «Дэ ефэнды Къэсей ди фIэщ хъуркъым, и уазхэр ди тхьэкIумэм идгъэхьэркъым, ди Iыхьлыхэм я фIэщхъуныгъэри ядэтIыгъыркъым. Ауэ уи гъащIэ псор Iиманыншэу епхьэкIыныр напэтехщ».

ЦIыхугъэ зиIэрщ лъэпкъыфIым къыхэкIар

МэшбащIэм гъэщIэгъуэну къехъулIащ адыгэ гъащIэм къыхэIэбэ хамэ къэ­ралхэм я тепщэхэр и романым хигъэувэнри, а къомыр зэпызыщIэ щхьэусыгъуэхэр зэригъэзэхуэнри. Абы зэм тырку сулътIан Ахьмэд Ещанэм и сэрейм дешэ, абырэ ­Къаплъэн-Джэрийрэ нэхъыфIу къыдигъэ­цIыхун папщIэ, зэм Пётр Езанэмрэ Черкасский Iэлыджыкъуэрэ я Iэгъуэблагъэм дыкъыщохутэ. Кърым аскэрхэм ирахьэжьа Налмэсрэ Сурэтрэ я лъыхъуакIуэ ежьа ­Ашабэ Миншакърэ Джэрыджэ Мэремрэ я нэгуращ зыщIигъэкIыр тхакIуэм езы бийхэри зэгурыIуащэу зэрыщымытыр.
Лъэпкъ Iуэху фIумыщыну Iэмал къо­зымыт, апхуэдиз лъэныкъуэ щызэжьэхэуэ зауэм зэхэгъэж умыщIу утепсэлъыхьыну ­гугъущ. ИтIани, МэшбащIэм Iэмал къегъуэт захуагъэр цIыхур къызыхэкIа лъэпкъым и закъуэ епхауэ зэрыщымытыр утыку къи­щIыну. Дауэ ар абы къызэрехъулIэр? Романым щызэпэщIэт гупхэм - кърым лъэныкъуэми, адыгэхэми, балъкъэрхэми - дэ щыдолъагъу къызыхэкIа лъэпкъым епцIыжа, абы и бийм IуэхутхьэбзащIэ хуэхъуа цIыху­хэр. Адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ я зэхуаку зэгурыIуэ дэмылъамэ, Кургъуокъуэ Урысбийхэ я хьэгъуэлIыгъуэм щыхьэщIэнт? Хьэ­мэрэ езы Урысбийхэ къакъуэувэнт? Щапхъэхэм я нэхъ IупщIщ гъэщIэгъуэныщэу романым къыхэувэ Абрэдж зэадэзэкъуэр. Адэм кърымхэм я лъэныкъуэр иIыгъщ, ­къуэр - Кургъуокъуэ и унафэм щIэтщ. Бзылъхугъэхэм я гугъу пщIымэ, образ нэхъ гукъинэжхэм язщ Абрэдж Даур и анэ, пщы Бэлэтокъуэм и шыпхъу Къутас. Абы и щхьэгъусэу щыта, и лъэпкъым епцIыжа Мыр­зэбэч тхакIуэм «фIыцIабзэу» къимыгъанэу, адыгэхэм текIуэныгъэр къаIэрыхьа нэужь, и къуэм «къысхуэгъэгъу» псалъэкIэ зыхурегъэгъазэ. Ауэ Даур ар адыгэкхъэм щыщI­ригъэлъхьэн идэркъым.

ЛIыхъужь зызыхъуэжхэр

Литературэр тхыдэм Iэпэгъу щыхуэ­хъум деж къыщIэкIынщ дунейм къы­щыхъу псори цIыху хьэлым зэрелъытар къыщыбгурыIуэр. ТхакIуэм къимыкIуэту ­романым щызэпэщIегъэувэ лъэпкъым, диным, хабзэм, дунейм тетын зэрыхуей щIыкIэм теухуауэ Iуэху еплъыкIэ зэхуэмыдэ зиIэ цIыхухэр. Езым иIыгъ лъэныкъуэр нэхъ игу ирихь адыгэлIхэм ядыболъагъу. Гулъы­тэр нэхъ къэзымыутIыпщ лIыхъужьу романым хэтщ Бэлэтокъуэ Болэт. ЦIыху хэ­тыкIэкIэ узыIэпызышэ пщыр мэбэлэрыгъри, ищIэр къыгурымыIуащэурэ, бийм лъэ­мыж зэрыхуэхъуар зыхещIэж. Мыр ли­­те­ратурэбзэкIэ «хьэл зызыужь» жыхуа­Iэхэм хеубыдэ. «Сыт мы зэхэсщIыхьар? Си щхьэр къэзгъэпцIэжри, зызгъэпудыжащ, ­захуэу Iуэхум сыхэкIын сфIэщIри. Сыхэт иджы сэ? СыхьэщIэ? Сыгъэр? Хьэмэрэ и лъэпкъэгъу­хэм ебгъэрыкIуэж хъаным сри­щхьэхъумэ?» - а гупсысэхэр тхакIуэм зыбгъэдилъхьа ­Болэт асыхьэтым зыкъещIэж, и гъусэр къегъэдаIуэ, къыбгъэдэт ­хъаным и зауэлIхэр зэтреукIэри къыщIоп­хъуэж. «Щы­уами къэгъэзапIэ иIэщ», - жы­хуиIэ щIыкIэу, тхакIуэм а зэхъуэкIыныгъэр Бэлэтокъуэм и образым ирепх.
ЛIыхъужь «фIыцIабзэхэм» ящыщщ тха­кIуэм езы гъащIэм «псэууэ къыхиха» Бахунов Жафар-балъкъэрымрэ Блахъуэ ТотIрэш-адыгэмрэ. «Мы щIыпIэхэр зэрыщыту къэбэрдейхэм балъкъэрхэм къытраха я ­хъупIэхэращ», - мэкIий Бахуновыр. «Сыт ­лъандэрэ ар балъкъэр хъупIэ зэрыхъуар? Псапэу Iуащхьэмахуэ лъапэ деж фызэрыдгъэтIысар фымыщIэжу, иджы дывгъэсэ­жыну фыхуежьауэ ара?», - пэроуэ абы Блахъуэр. А тIум язми я лъэныкъуэр езым зэ­римыIыгъым и щыхьэту, тхакIуэм утыкум кърешэ зэпэщIэтитIым я лъэпкъэгъу Iущ­хэр, пщIэрэ щхьэрэ зиIэхэр, акъыл узыншэ къызыкъуэзыххэр.
Нэхъ нэгъэсауэ, нэхъ гукъинэжу, гъэщIэгъуэн къудей мыхъуу, гум лъэIэсу къэгъэлъэгъуа хъуа лIыхъужьхэм язщ Мачыхъу-дадэ. «Балъкъэр куэншыбым дыхэ­кIыжынщ зэ», - жызыIэ Блахъуэм Мачыхъу-дадэ жэуап ткIий ирет. «УкIытэ жыхуаIэр пщIэжыркъым уэ, Блахъуэхэ я къуэ, - хуэгубжьащ абы Мачыхъу, щыхупIэм бгъэдэсу. Уэ абыхэм балъкъэр ерыскъы ядэбгуэша пэтрэ, иджы уогъэпудыж. Ахэр дэ тхуэдэ дыдэ цIыхущ».
Бийхэм гъуэгугъэлъагъуэ захуищIу зыгъэгъуэща Сусанин Иван уигу къэзыгъэкIыж Мачыхъу-дадэ кIуэцIылъ гу къабзэм хуэфащэщ дуней ехыжыгъуэм къызыкъуиха и лIыгъэри.
Лъагъуныгъэ зыхэмыт романыр роман хъу­рэ сытми? Налмэсрэ Мэремрэ, Сурэтрэ Нэкъаррэ зэрызэфIэкIуэдамрэ зэ­рызэ­рыгъуэтыжымрэ къигъэлъагъуэкIэрэ, тха­кIуэм лъэпкъым и пщэдейрей махуэр ди ­нэгу къыщIегъэувэ. Ауэ ипэжыпIэкIэ «лъа­гъуныгъэ макъамэр» нэхъ дахэу къызы­хэIукIыр дэнэ деж жыпIэмэ, ар иджыпсту зи гугъу тщIы Мачыхъу-дадэрэ «Мэлгъуэшхэ япхъу» абы и щхьэгъусэмрэ ятеухуа сатыр зыбжанэрщ. «Зэхэпхрэ мышыд тхьэмыщкIэр зэрыкъугъыр? - йопсалъэ Мачыхъу зи псэр хэкIауэ нэху къекIа и псэгъум. - Апхуэдэ дыдэу сэри си псэр пкIэлъокъугъ»… И Iэпэ кIэзызхэмкIэ ар телъэщIыхьащ и щхьэ­гъусэм и щхьэр зы­телъа щхьэнтэм. ИтIанэ и ­гъуэлъыпIэм бгъэдыхьэжщ, абы дэпщейщ, фочыр иузэдри, къримыгъэблэгъа хьэ­щIэхэм япэплъэн щIидзащ».

Къэнжал зауэмрэ нобэмрэ

Тхыдэр роман щыхъужым деж, тхакIуэм и Iуэху еплъыкIэмрэ лъэпкъыр абы акъылэгъу дэхъун-дэмыхъунымрэ куэд елъытащ. Дауэ нобэрей адыгэхэр 1708 гъэм къэхъуа а зауэзэрылIым дызэреплъыр?  Сыт и лъабжьэр «Къэнжал зауэр илъэс 310-рэ ирикъуащ» щыжытIэм деж дызыгъэгуфIэ щхьэусыгъуэм? Гухэхъуэшхуэри тхы­дэщ, гузэвэгъуэшхуэри тхыдэщ. Къэхъуари къэщIари зымыщIэ адыгэ сабийм ­Къэнжал зауэм хилъэгъуэнур «дыдейхэр зэ­рытекIуаращ». «Си лъэпкъ, си къуэпс» жы­зыIэ нэхъ балигъыIуэм тхыдэм къыхэщ а щапхъэ дахэм лъэпкъыр жэщ-махуэ имыIэу зыщIэхъуэпс плъапIэ лъагэм гугъэ хуи­щIынымкIэ щIэгъэкъуэн лъэщ хуохъу.
Нобэрей кърым щIэныгъэлIхэм Къэнжал зауэр зэралъагъур благъагъкIэ зэпыщIа кърым хъанхэмрэ адыгэпщхэмрэ я зэхуаку къыдэзэрыхьа «Iуэху блэкIыущ». «Дигу къэдгъэкIыжыпхъэщ, - етх кърым-тэтэр тхы­джэдж Абдулаевэ Гульнарэ, - адыгэхэр хъаныр зыхъумэ дзэм зэрыхэтар, къэра­лыгъуэм и унафэр зезыгъакIуэ Кърым диваным къулыкъу лъагэ дыдэхэр щаIыгъыу зэрыщытар. Псом нэхърэ нэхъыщхьэра­щи - адыгэхэр Джэрий лIакъуэм и хъаныкъуэ псоми я атэлыкъхэт».
Ауэ Къэнжал текIуэныгъэр мыхъуамэ, нобэрей кърымхэм ар щIыжаIэн щхьэу­сыгъуэ яIэну пIэрэт? Сыт-тIэ адыгэпщхэм ­къару къезытар 1708 гъэ пщIондэ зи унафэ ягъэзэщIа кърым хъанхэм япэщIэувэну?
Ар IупщI дыдэу къегъэлъагъуэ урыс тхыдэтх Смирнов Владимир: «Адыгэпщхэр зэчэнджэщыжри, хъаным псалъэ хурагъэхьащ: «Апхуэдиз пщылI бжыгъэ етт ди хабзэу щытами, ипэ зэманым хъанхэр илъэс пщыкIутхум - илъэс тIощIым зэ яхъуэжу арат. Иджы илъэс къэс хъаныщIэ трагъэувэу къаублащ. Дэнэ дэ абыхэм еттын ап­хуэдиз сабий къыздитхынур? Псом хуэ­мыдэу иджы! Адыгэ лъэпкъым и нэхъыбэр муслъымэн диным и жьауэ махуэм щIэувакIэщ. Зы къуажи, зы хьэбли къэмынэу мэжджытышхуэхэмрэ хьэблэ мэжджытхэмрэ дэтщ, дин еджапIэхэр щолажьэ, нэмэз уахътитхур нэгъэсауэ щащI, ныбжьыщIэхэр щрагъаджэ. Шэрихьэтым къабыл ищIрэ муслъымэн диным тет лъэпкъыр джаур ныкъуэкъуэгъухэм яхуэбгъадэу, гъэру бубыду уи пащхьэ къребгъэшэну? Алыхьталэр апхуэдэ залымыгъэм арэзы ­техъуэну? Тхьэм щхьэкIэ, къытхуэвгъэгъу, ауэ аращ ди Iуэхур зыIутыр». Апхуэдэу  ткIийт жэуап ирагъэхьыжар».
Iэпкълъэпкъым и унафэр зыIэщIэлъ ­хабзэмрэ гум и зэфIэкIым гъуэгу езыт динымрэ зэхэмызэрыхьу къыщегъэлъагъуэ МэшбащIэм и романым. И щхьэр те­чауэ гупсысэ нэхъыщхьэр жиIэну къытехуэркъым тхакIуэм, ар зи къалэныр тхылъеджэрщ. ИтIани, «Ажал гъуэгум» тхыдэри, хабзэри, гъащIэри къыщигъэщхьэпэурэ, тхакIуэм гурыIуэгъуэ тщещI дэтхэнэ идее лъагэри, ар хабзэ е дин ирехъу, хуабжьу тепсэлъыхьым IэщIэкIыу, зи гур къабзэм нэхъ IэрыхьэнкIэ зэрыхъунур. МэшбащIэми а гупсысэр романым и иужьрей са­тырхэм щегъэIу: «ЦIыхугъэр дэтхэнэ лъэпкъ­ми зэрихьэ динми и лъабжьэщ».

 

 

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: