Вагъуэхэм хуэдэу гъуэгум фыщылыд

Къэбэрдей-Балъкъэрым Космонавтикэм и махуэм и  щIыхькIэ ГИБДД-м и лэжьакIуэхэм сабийхэр ящIыгъуу  ирагъэкIуэкIащ «Сияй на дороге, как звезда на небе» зыфIаща Iуэхугъуэ.

Космонавтикэм и махуэм республикэм и Шэ­рэдж районым и гъуэгухэм къытехьащ автоинспек­торхэр сабийхэр я гъусэу. ЦIыкIухэм ягъэхьэзырат «космическэ инсталяцэ» хуэдэ хьэрэкIытэрэ вагъуэ ­теплъэрэ яIэу, нэху къэзыдз хьэпшыпхэм къыхэщIыкIауэ.
КъызэгъэпэщакIуэхэм лъэсырыкIуэ зэпрыкIыпIэ­хэм рулым дэсхэмрэ лъэсырыкIуэхэмрэ щрагъэлъэгъуащ а лыд пкъыгъуэхэм я сэбэпынагъыр зыхуэдэр.
Iуэхум хэтащ жылагъуэ хабзэр къызэгъэпэщынымкIэ полицэм и къудамэм и къуэдзэ полицэм и под­полковник Уэзырмэдж Аслъэн икIи гъуэгум щызекIуэхэр къыхуриджащ дисциплинэр ягъэзэщIэну, пщIэ зэхуащIыну.
- Фэри фи сабийхэри ди гуапэщ гъуэгум шына­гъуэншэу фыщызекIуэну, хабзэм фытет икIи уафэм щылыд вагъуэхэм хуэдэу гъуэгум нэIуасэу фыщыщыт, - къыхураджащ сабийхэм балигъхэр.

 

УАРДЭ Жансурэт.
Поделиться: