Адыгэ фильмыр нэхъыфIу Израилым къыщалъытэ

Тель-Авив щыпсэу адыгэ пщащэ Щхьэлахъуэ Надия художник, режиссёр IэщIагъэхэм ехъулIэныгъэхэр щиIэщ. Абы и Iэдакъэ къыщIэкIа («Зауэм и щIэжьыуэ») фильмыр иджыблагъэ Израилым щекIуэкIа кинофестивалым нэхъыфIу къыщалъытащ.

Зи лэжьыгъэр дунейпсо утыку щызыгъэлъагъуэ, илъэс 25-рэ зи ныбжь хъыджэбзыр и IэщIагъэм щыхуеджащ Иерусалим гъуазджэмрэ дизайнымкIэ и университетым. Тхыдэр зи лъабжьэ и фильмыр адыгэбзэщ зэрытрахар. Субтитрхэр инджылызыбзэкIэ традзащ. Щытхъурэ ехъулIэныгъэрэ иIэу лэжьыгъэр щагъэлъэгъуащ Америкэм и Штат Зэгуэтхэм, Канадэм, Великобританием, Израилым. ДызыхуэкIуэ гъэмахуэм ар Тыркум щекIуэкIыну кинофестивалым хагъэтыну яубзыхуащ.
- СызэрыцIыкIурэ сыдэзыхьэх адыгэ тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ ятеухуауэ нэхъыбэ къызэрысщIэным сыхущIэкъу зэпытщ. Аращ сызыщымысхьыжу а Iуэхум зэманрэ къарурэ щIытезгъэкIуа­дэр. Абы ехьэлIа си гупсысэхэр къызогъэлъагъуэ анэдэлъхубзэр, си Iэдакъэ къыщIэкIа сурэтхэр къэзгъэсэбэпурэ, - жеIэ Щхьэлахъуэ Надия. - «Зауэм и щIэжьыуэ» фильмым лъабжьэ хуэхъуар ИстамбылакIуэрщ, ди лъэпкъыр ягъэкIуэдыну зэрыхэтарщ.
Режиссёрым и фильм купщIафIэм къыщигъэгъэлъэгъуэжащ адыгэм ди щхьэм кърикIуа гузэвэгъуэр - Хэкум щрашым тенджыз ФIыцIэм ди лъэпкъэгъу куэд зэрыхэкIуэдар. Лэжьыгъэм и дэтхэнэ зы теплъэгъуэри тхыдэм и зы къэхъугъэ гуэрым хуэгъэпсащ, мифологие щIагъыбзэ щIэлъу. Къэбгъэлъагъуэмэ, тенджыз ФIыцIэм и Iуфэм скульптурэ куэд къыщыгъэлъэгъуа и теплъэгъуэм хъыбар гуузхэр къыщаIуэтэж икIи хэту долъагъу нарт тхьэмадэр тенджыз Iуфэм зэрырикIуэр. Абы пэмыжыжьэу щыт жыгыр зэрыгъурщ иужьрей Iыхьэр зытеухуар. Ар и нэщэнэщ ди лъэпкъыр ягъэкIуэдыну зэрыхэтам. Ирагъэшэча бэлыхь псоми къелри къэкIыгъэр къэщIэрэщIэжащ, адыгэр дуней псом и щIыпIэ куэдым щикъухьа хъуами, мыкIуэдыжу къызэрызэтенам и щыхьэту. Ди лъэпкъ жыгми дыщэ жыгыу зиужьыжащ. А гупсысэращ Щхьэлахъуэ Надия и фильмым и купщIэ нэхъыщхьэр.
 

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: