Мыщэ хужьхэр сэмэгурыгъазэщ

ГъэщIэгъуэнщ

Псэущхьэхэр фIыуэ тцIыхуу къытщыхъуж щхьэкIэ, дызыщымыгъуазэ куэд хэлъщ Iуэхум. Мы тхыгъэмкIэ фыщыдгъэгъуэзэнщ абыхэм ящыщ зыбжанэм.

 

♦КIэпхъхэр мыхъуатэмэ, апхуэдиз жыг дунейм темытынкIэ хъунт. Сыту жыпIэмэ, гъуэмылэу ягъэтIылъа жылэхэр щагъэпщкIуар ящогъупщэжри, ахэр щIым хокIэ.
♦Пылым и зы дзэр килограмми 9 мэхъу.
♦БыдзышэкIэ япI псэущхьэхэм я лъыр плъыжьщ, хьэпщхупщым ейр гъуэжьщ, омарым щIыхущ.
♦ХъумпIэцIэджхэр зэи жейкъым. ХъумпIэцIэджым махуэм тIэу къызэтеувыIэурэ, дакъикъи 8-кIэ зигъэпсэхуа нэужь, лэжьыгъэм пещэж.
♦Африкэ курытым къыщыхъуа басенджи  хьэ лъэпкъыр къызэрыгуэкI унагъуэхьэм ещхьщ, зэи банэркъым жумыIэмэ.
♦Хыбжыр (дельфиныр) щыжейм деж и щхьэ куцIым и зы лъэныкъуэращ зызыгъэпсэхур, адрейр Iэгъуэблагъэм къыщыхъум «кIэлъоплъ».

♦Аращи, ахэр щыжейкIэ, сытым дежи я нэ лъэныкъуэр зэтехащ.
♦Метр 20 зи кIыхьагъ угорь бдзэжьей лъэпкъым къыпкърыкI электрокъарум уэздыгъэ 12 пигъэнэфынущ.
♦Блэхэм я напIэр зэтепIами, ихъуреягъкIэ къэхъур ялъагъу.
♦Дзыгъуэшхуэхэр мэдыхьэшх, бгъэкIылмэ.
♦Метр 300 зи кIыхьагъ гъуэ зы жэщым къриубыдэу щIитIыкIыфынущ щIыIубнэфым.
♦Къуаргъым Iей епщIамэ, ищIэр ищIэжу уигъэбэмпIэфынущ, ар апхуэдизкIэ леймыгъэгъущи.
♦Жэмыр мэбу, хьэр мэбанэ, адакъэр маIуэ. Ауэ жирафым макъ иIэкъыми, зыри къигъэIуркъым.
♦Мэшбэвыр къабзэлъабзэщ. Ар шха нэужь, «кърикъухьар» зэщIекъуэж.
♦Мыщэ хужьхэр сэмэгурыгъазэщ.
♦Бдзэжьей дыщафэхэм напIэзыпIэм къэхъуаращ ящIэжыр, апхуэдизкIэ щыгъупщэхщи.
♦Креветкэм и гур и щхьэм илъщ.
♦НэщIэпкIэр къэмыушу илъэсищкIэ жеифынущ.
♦Страусым и нэр и щхьэ куцIым нэхърэ нэхъ инщ.
♦Дыгъужьым зэ шхэгъуэу лы килограмм 20 хуэшхынущ.
♦ЩыIэщ хьэндыркъуакъуэ лIэужьыгъуэ, и щхъухь ткIуэпсымкIэ цIыху 2200-рэ хуэукIыну.
♦Акулэхэр динозаврхэм япэIуэкIэ псэуащ. Абыхэм я къупщхьэлъапщхьэ къагъуэтахэм илъэс мелуан 450-рэ я ныбжьу къахутащ щIэныгъэлIхэм.
♦Пингвинхэр «щызэрышэкIэ», хъум мывэ цIыкIу саугъэт хуещI и щIасэм. Ар бзым къищтэрэ и абгъуэм ирилъхьэмэ, «псэлъыхъум» дэкIуэну арэзыуэ аращ.
♦Дыщэджэдым (павлиным) нэхъ бзу дахэ щымыIэу жаIэ. Ауэ абы и кIапэ щхъуэкIэплъыкIэр пымытатэмэ, къызэрыгуэкI адакъэм ещхьынут.
♦Махъшэр тхьэмахуитIкIэ псы емыфэу мэпсэуф.
♦Дзыгъуэшхуэхэр апхуэдизкIэ псынщIэу мэбагъуэри, зы илъэсым къриубыдэу зэхъу-зэбзым мелуаным нэс шыр къащIохъуэ.
♦ХьэIуцыдзыр (шакалыр) щIы щIагъым щIэсу малъхуэ.
♦Бжьэм игъэIу «жьжьжь» макъыр къыздикIыр фщIэрэ? И дамэхэм. Абы дамиплI тетщ, зы дакъикъэм 11400-рэ иIэту.
♦Тарантул бэджыр илъэситIкIэ псэуфынущ ерыскъыншэу.
♦УIэгъэ хъуа е къэщта опоссумыр къытохуэ, лIам хуэдэу. Абы и нэм гъащIэ щIэмытыжу мэдий, и жьэм тхъурымбэ къыжьэдокI, мэ ещI. Ар зыгъэшынар е къещакIуэр IукIыжмэ, опоссумыр, зыри къыщымыщIам хуэдэу, къызэфIоувэж.
♦Ирландием, Исландием, Гренландием, Антарктидэм блэ щыIэххэкъым.
♦Сахарэ къумым щыпсэу хъумпIэцIэджыщхъуэхэм градуси 158-рэ хуабэу яхуошэч.
♦Бэджейхэр (скорпионхэр) жэщым къоблэ.
♦Японием ущыхуозэ ягъэсауэ тыкуэным щыщэхуэф номин.
♦Дзыгъуэр зи цIыкIуагъ къупщхьэ 230-рэ иIэщ. ЦIыху балигъым 206-рэщ иIэр.
♦Дунейм псэущхьэ лIэужьыгъуэу тетым и процент 70-р   бактериещ.
♦НэщIэпкIэм дзэ мин 25-рэ Iутщ.
♦ЩыIэщ хьэмбылу лъэпкъыгъуэ, шхын щимыгъуэтым деж езым и процент 95-р ишхыжрэ, иужькIэ къыпыкIэжу.
♦Колибри бзу цIыкIум къикIухьыфыркъым.
♦Дунейр къызэригъэщIрэ, ЩIым щыпсэуа псэущхьэхэм я процент 99-р кIуэдыжащ.

Фырэ Анфисэ.
Поделиться: