ЕджапIэр къагъэщIэрэщIэж

Къып Мухьэмэд и цIэр зэрихьэу Къулъкъужын Ищхъэрэм щыIэ гъуазджэмкIэ школыр зэрагъэпэщыж, унэщIи къыгуащIыхь.
Мы гъэм мэкъуауэгъуэм и пэщIэдзэхэм «Щэнхабзэ» лъэпкъ проектым хэту яубла ухуэныгъэщIэм и япэ къатыр дращIейри етIуанэм иужь ихьащ. Абы къыдэкIуэу школыр къызэрагъэплъ пкъыгъуэхэр, ток кIапсэхэр, бжэ- щхьэгъубжэхэр зэрахъуэкIащ, унащхьэмрэ унэ щIыб лэжьыгъэхэмрэ къапоплъэ.
УнэщIэм сыт и лъэныкъуэкIи къызэгъэпэща пэшу 8, актовэ пэшышхуэ, зытIэщIыпIэ, зытхьэщIыпIэ хэтынущ. Творческэ дерсхэр щекIуэкIыну пэшхэр зэрырагъаджэ IэмэпсымэхэмкIэ къызэрагъэпэщынущ. ЕджапIэр сыткIи хуэщIауэ щытынущ зи узыншагъэр хуэмыхъу цIыкIухэм ядэлэжьэным.
 ГъуазджэмкIэ школым къудамэу плIы иIэщ: сурэт щIынымкIэ, къэфэнымкIэ, уэрэд жыIэнымкIэ, макъамэмкIэ. Абыхэм иджыпсту сабийуэ I85-рэ йокIуалIэ.
Ухуэныгъэхэр зэрекIуэкIыр мы махуэхэм зрагъэлъэгъуащ УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Геккиев Заур, Къэбэрдей -Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин, Бахъсэн щIыналъэ администрацэм и унафэщI Балъкъыз Артур сымэ. Ахэр лэжьыгъэр зэрекIуэкIым арэзы техъуащ, ухуакIуэхэм чэнджэщ зыбжани иратащ, къыхуагъэува пIалъэм фIимышу Iуэхур зэфIагъэкIын зэрыхуейм теухуауэ.
ИужькIэ хьэщIэхэр Къулъкъужын Ипщэм щыIащ зауэм хэкIуэдахэм я кхъащхьэм тет фэеплъым зэрелэжьым зыщагъэгъуэзэн папщIэ. Абы йолэжь «Хэкур хъумэным зи псэр щIэзытахэм я фэеплъыр хъумэн» къэрал программэм хэту.
 

 

Лъостэн Музэ.
Поделиться: