Адыгагъэр я Iэпэгъуу щIэныгъэ лъагъуэр хэзышхэр

Адыгэу ущытыным къикIыр зауэлI хахуэм и псэ пIутынырщ. Щхьэхуитыныгъэм зэрыхуэпабгъэмрэ къарууэ яхэлъамрэщ а лъэпкъым гъуэгугъэлъагъуэ хуэхъуари и тхыдэр зыгъэнэхуари. Зэман куэд дэкIащ ди лъэпкъым  зэрихьа лIыгъэмрэ бэлыхьу зыхэтамрэ лъандэрэ, ауэ а хахуагъэмрэ лIыгъэмрэ ноби тфIэкIуэдакъым. Абы и зы Iыхьэ цIыкIущ Москва къалэ и "Сокол" районым щылажьэ "Радий" щIэныгъэ-производственнэ IуэхущIапIэ" АО-р.
ПщIэшхуэ зиIэ ди хэкуэгъу щIалэхэр зэхуэзышэсар зи гугъу тщIы IуэхущIапIэм и унафэщI Къуэн Мухьэмэд Iэбубэчыр и къуэрщ. Мухьэмэд къызэрымыкIуэущ лэжьыгъэм зэрыбгъэдэтыр, сыт хуэдэ къалэнми гугъуехьми къэрал бгъэдыхьэкIэ къыхуегъуэтыф. Апхуэдэуи ар зи унафэщI IуэхущIапIэм лэжьыгъэу щызэфIахыр мащIэкъым. Предприятэм и къежьапIэм жыжьэ къыщыщIедзэ. Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм ар яухуауэ щытащ Iэщэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыщыщIагъэкIыну. Зауэр иуха нэужь, ар сыхьэт щызэпкъралъхьэ завод ящIащ, 1959 гъэм "Эра" заводыщIэ къыщызэIуахащ. Мис абы иужькIэ къэунэхуащ "Радий" акционер обществэри. Мы IуэхущIапIэр Урысей Федерацэм и зыхъумэжыныгъэ-промышленнэ комплексым хохьэ икIи лIэщIыгъуэ ныкъуэм щIигъуауэ радиотехникэ электроннэ Iэмэпсымэхэр къыщIегъэкI.
Иужьрей илъэсхэм IуэхущIапIэм и лэжьыгъэм хэпщIыкIыу зиужьащ. НобэкIэ абы патент 50 иIэщ, абы хохьэ европэ, япон, США патентхэри. УнафэщIхэм яхузэфIэкIащ иджырей мардэхэм изагъэ щIэныгъэ-техникэ центр лъэрыхь къызэрагъэпэщыну. Абы щыхьэт тохъуэ ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей академием,  щIэныгъэ, егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм, псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, Москва къэрал университетым и химие факультетым, нэгъуэщIхэми ядэлэжьэну зэгурыIуэныгъэхэр зэрыращIылIар.
"Радий" щIэныгъэ-производственнэ IуэхущIапIэ" АО-р нобэ  къалэныщIэхэм зезыпщыт IэнатIэщ. Иджы ахэр зиужь ихьа вакуумнэ микроэлектронникэм и зыужьыныгъэр ди къэралым и технологие лъабжьэм  зы IыхьэфIу хэувэфынущ икIи Урысейм и промышленнэ, щIэныгъэ, дзэ къарур нэхъри игъэбыдэнущ. А унэтIыныгъэр зи нэIэ щIэтыр физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор,  УФ-м и Къэрал саугъэтым щIэныгъэмрэ техникэмкIэ и лауреат Бэвыжь Мухьэмэд Данил и къуэрщ.
Апхуэдэу проект нэхъ инхэм ящыщщ щIыгъэпшэрхэр къыщIэгъэкIыныр. Экологие и лъэныкъуэкIэ шынагъуэншэ технологиехэмкIэ  псынщIэу ткIу щIыгъэпшэрхэр къыщыщIагъэкIыну заводыр Ставрополь крайм хыхьэ Невинномысск къалэм щаухуэ. А унэтIыныгъэм зезыгъэужьар езы Къуэн Мухьэмэдщ. Технологие проектыр гъэхьэзырыным хэлIыфIыхьащ Хьэмыз СулътIан Хьэжсет и къуэр. Абы папщIэ зыхуеину щIэныгъэ лъабжьэр гъэхьэзырыныр и нэIэ щIэтщ СулътIан и къуэш, химие щIэныгъэхэм я доктор, ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей академием Геохимиемрэ аналитикэ химиемкIэ и институтым и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжь, лабораторэм и унафэщI Хьэмыз Руслан.
IуэхущIапIэм мыхьэнэшхуэ щрат иджырей производствэ, щIэныгъэ лэжьыгъэхэм компьютер технологиер и лъабжьэу, зыуэ щыт хъыбарегъащIэ утыку яIэу зэрыщытыпхъэм. АбыкIэ унафэщIыр физико-математикэ щIэныгъэхэм я кандидат, "Радий" IуэхущIапIэм и генеральнэ унафэщIым и къуэдзэ Бэвыжь Iэмин Данил и къуэрщ.
Абы щолажьэ КъБР-м, КъШР-м, Ставрополь крайм, нэгъуэщI хэгъэгухэм къикIа щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэр. Апхуэдэуи ныбжьэгъуфIу яIэщ спортым, щэнхабзэ, политикэ, гъуазджэ, хьэрычэт Iуэхум щыцIэрыIуэхэу УФ-м и Правительствэм деж щыIэ Финанс университетым и ректор Есчындар Михаил, УФ-м и цIыхубэ артист Тут Заур, Абхъаз Республикэм ШынагъуэншагъэмкIэ и советым и секретару щыта Килбэ Мухьэмэд, боксер цIэрыIуэ Цзю Константин. IуэхущIапIэм щекIуэкI зэхуэсхэм щIэх-щIэхыурэ щыплъагъунущ ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей академием и унафэщIхэмрэ абы хэт академикхэмрэ.
Адыгэр ижь-ижьыж лъандэрэ цIэрыIуэщ хьэщIэхуэфIу зэрыщытымкIэ. А хабзэр хэлъщ Бэвыжь Мухьэмэди. Ар къэзыцIыху дэтхэнэ зыми ещIэ Москва зы адыгэ жьэгу зэрыдэтыр. Мухьэмэд и деж адыгагъэми, щIэныгъэми, гъащIэми утепсэлъыхьу ущызэхэс хъунущ. Апхуэдэуи Мухьэмэд и гумащIагъыр куэдым ялъоIэс, илъэс Iэджэ щIауэ Сабий унэм и дэIэпыкъуэгъушхуэщ. Къуэн Мухьэмэд адрейхэм къахэзыгъэщ хьэл нэхъыщхьэу иIэщ цIыхухэм пщIэ зэрахуищIыр, зэрыхьэлэлыр, пэжым, фIым и телъхьэу зэрыщытыр.
 

 

Къэбарт Мирэ.
Поделиться: