ЩIэнхабзэ
Таймэз-Алтан Гюлджан Истамбыл къыщалъхуащ, и адэ-анэр Денизли къалэм хыхьэ Чардак щIыналъэм и Хъейрие адыгэ къуажэм щыщщ.
Гюлджан пэщIэдзэ классхэм щIэсу и егъэджакIуэм гу лъитауэ щытащ макъамэхэмкIэ зэрыгурыхуэм. Къапщтэмэ, хъыджэбзым и уэрэд жыIэнри абдеж къыщежьауэ къэплъытэ хъунущ.
Курыт щIэныгъэ зригъэгъуэта нэужь, Гюлджан туризмэм хуеджащ, и IэщIагъэми ирилэжьэну хунэсащ. Иужьым экономикэ IэщIагъэ зригъэгъуэтыну зрипщытат, арщхьэкIэ зэрысабийрэ дэзыхьэх музыкэм 2001 гъэм къыщыщIэдзауэ щыхуеджащ Истамбыл дэт къэрал консерваторэм. Ар къыщиухым и диплом лэжьыгъэр триухуат адыгэхэм я къафэ макъамэхэм. Абы къыщымынэу, Гюлджан иджыри къыздэсым йолэжь лъэпкъ макъамэ лIэужьыгъуэхэм я лъабжьэр къэтIэщIыным.
Ди лъэпкъэгъу хъыджэбзым бзипщIкIэ (абыхэм адыгэбзэр, абхъазыбзэр, шэшэныбзэр, баскыбзэр яхэту) уэрэд жеIэ.
Кубэ революцэр илъэс 50 зэрырикъур щагъэлъапIэм, Гюлджан и гъусэу уэрэд жиIащ Кубэм щыщ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Алфонсо Герардэ. Гюлджан Адыгэ Республикэм 2008 гъэм щыIащ, концерт щитащ. 2009 гъэм Испанием и Баск хэкум баскыбзэкIэ, адыгэбзэкIэ уэрэдхэр щигъэIуащ.
Таймэз Гюлджан тыркубзэрэ адыгэбзэкIэ макъамэхэр зытет альбомхэр къыдигъэкIащ. И япэ апхуэдэ лэжьыгъэр дунейм къыщытригъэхьэм, Гюлджан жиIауэ щытащ: «Зэгуэр Франджым, Германием, Швецием, Баскым адыгэ макъамэхэр цIэры-Iуэ щыхъунущ икIи си фIэщ мэхъу цIыхухэм ахэр дзапэ уэрэду зэраIэнур. Аращ сызыхущIэкъур, къызэхъулIэмэ, ар мы гъащIэм нэхъ лъапIэ дыдэ щысщыхъунущ».
Гюлджан къыщыхъу унагъуэм щызэхихыр адыгэбзэти, и анэдэлъхубзэр и тхьэкIумэм иту къыдэкIуэтеящ. Ауэ псори къыгурыIуэми, мэукIытэ къабзэу и анэдэлъхубзэм зэрыримыпсэлъэфым.
КъыдигъэкIа и лэжьыгъэхэм ящыщу къыхэбгъэщ хъунущ «Гунэху» («Гунэф») зыфIища и альбомыр. Абы хигъэхьащ адыгэм и щхьэм кърикIуа насыпыншагъэм, и адэжь щIыналъэм зэрырахуам, и бзэр, хабзэр зэхэзехуэн зэрыхъуам теухуа уэрэдхэр.
Гюлджан иджырей макъамэ Iэмэпсымэхэу адыгэ пшынэр, пхъэцIычыр, бэрэбаныр зэдигъэIэпыкъуурэ «теплъэщIэ» яриту и уэрэдхэр зэригъэзащIэр гъэщIэгъуэнщ. Ахэр нобэрей гъащIэм къезэгъ зэрыхъуным хуэдэу, ауэ леи хэмыту утыку кърехьэф.
Иужьрейуэ Гюлджан къыдигъэкIа «Гунэху» лэжьыгъэм хэтщ езым иусыжа зы уэрэд. КъищынэмыщIауэ, лэжьыгъэр купщIафIэ ящI «Адыгэ Хэку», «Дэнэ укIуэрэ, си гуагуэ?!», «Iэдииху», «Гум и уэрэд», «Си псэу си адыгэ» уэрэдхэм, «ИстамбылакIуэ» гъыбзэм. ЗыфIэгъэщIэгъуэныр Гюлджан и уэрэдхэм щхьэхуэу щедэIуэфынущ мыпхуэдэ Интернет адресхэм: www.gulcanaltan.com/index.php/Tr/haber/I76
www.gulcanaltan.com/index.php/Tr/album/gunefalbum