Шахматхэр - курыт еджапIэм![]() Егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэр зэхъуэкIыныгъэхэр щIэх-щIэхыурэ зыхалъхьэщ. Иужьрейуэ абы къыхалъхьахэм ящыщщ зэреджэ программэм шахматхэр Iэмал имыIэу хагъэхьэн хуейуэ. А жэрдэмыр хэIущIыIу иджыблагъэ ищIащ УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и министр Васильевэ Ольгэ. А Iуэхум теухуауэ къыжыIапхъэщ шахматхэм ныбжьыщIэхэр зэрыхуегъэджапхъэ программэ щхьэхуэхэмрэ тхылъхэмрэ зэрыщыIэр. Министрым къыхилъхьа жэрдэмыщIэм щытепсэлъыхьым, УФ-м ШахматхэмкIэ и федерацэм и президент Дворкович Аркадий къыхигъэщащ сабийхэм я хьэл-щэныр тэмэму зэтеувэн папщIэ шахмат джэгуным мыхьэнэшхуэ зэриIэр. Къапщтэмэ, абы ныбжьыщIэм зыхрегъащIэ бгъэдэлъ жэуаплыныгъэр, гупсысэр зи лъабжьэ Iуэху зехьэкIэми хуеущий.
Поделиться:
Читать также:
13.02.2019 - 08:04 →
Медицинэ класс къыщызэIуах
30.11.2018 - 08:00 →
Махуэшхуэм и щIыхькIэ
19.12.2018 - 08:00 →
Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр
30.01.2019 - 08:07 →
ЩIалэгъуэм, дахагъэм, творчествэм я махуэшхуэ
15.02.2019 - 08:14 →
Псы пщтыр къыщIэкIыпIэхэм я щIыналъэ
|