Лъахэгъухэм адыгэхэри хеубыдэ

Путин  Владимир Къэрал Думэм и пащхьэ дыгъэгъазэм и 30-м ирилъхьащ ипэрей «Махуэкухэм» я зым зи гугъу щытщIа, Къэралым къэIэпхъуэжынымкIэ хабзэм халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм я проектыр. УпщIэу къэнар зыт: адыгэхэр хабжэну хабзэр тынш зыщащIыну «лъахэгъухэм»?

Къэрал Думэм и депутат, УФ-м лэжьакIуэ къакIуэхэмрэ къэIэпхъуэжыпэхэмрэ я Iуэхухэр зезыгъакIуэ, Къэрал Думэм и УнафэщIым СНГ-м хэт къэралхэм я IуэхухэмкIэ и чэнджэщэгъу Затулин Константин и IэдакъэщIэкIщ «Хэкур егъэгъуэтыжынымкIэ хабзэм»  и проектыр. Урысейр зи Хэкуу щытауэ къэкIуэжыну хуейхэм ар тыншу къезыгъэхъулIэ апхуэдэ хабзэ гува-щIэхами пхамыгъэкIыу зэрымыхъунум, къэралым нобэр къыздэсым репатриацэм епха Iуэху зэфIэхыкIэ пыухыкIа зэримыIэм зэраныгъэу къишэм депутатыр щытепсэлъыхьащ «Комсомольская правда» газетым и редакцэм щита радио-интервьюм. Депутатым и псалъэхэм къыщыдогъуэт ищхьэкIэ зи гугъу тщIа упщIэм и жэуапри:

 «Сыт хуэдизу пщIэ яхуэзмыщIми, си щхьэкIэ къыргъызхэри узбекхэри «ди лъахэгъухэм», нэгъуэщIу жыпIэмэ, УФ-р зи Хэкуу къэлъытапхъэхэм ящыщу сыбжыркъым. Абыхэм Узбекистан, Къыргъыз къэралхэр яIэщ. Ар абыхэм я Хэкущ. Пэжщ, ахэр ди къэралым и цIыхуу щытащ зызэман. Хуит ахэр Урысейм къэIэпхъуэну жыпIэмэ, шэч хэмылъу, хуитщ. Ауэ «лъахэгъухэр» къызэрыIэпхъуэ хабзэмкIэкъым. НэгъуэщI IэмалкIэщ, нэгъуэщI гъуэгукIэщ зэрыхуитыр. «Ди лъахэгъухэм» яхеубыдэ урысхэр, дэнэ щымыпсэуми, ди лъахэгъущ украинхэр, дэнэ щымыпсэуми, белорусхэр, дэнэ щымыпсэуми, тэтэрхэр, дэнэ щымыпсэуми, якутхэр, адыгэхэр… Ахэр иджырей Урысей Федерацэм фIэкIа нэгъуэщI щIыналъэ псэупIэу зимыIахэращ. Езыхэм я Къыргъызи, я Узбекистани яIэкъым абыхэм».

КъулыкъущIэм и псалъэхэр я гуапэ хъуну къытщохъу Хэкужьым къэIэпхъуэжыну зи мурад, ауэ а Iэмалыр зэгъэгъуэтыгъуейуэ къызыщыхъу ди лъэпкъэгъухэм.

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: