Мы щIыпIэм ущыпсэуну шынагъуэщ

Къулъкъужын псыежэхыр мыин дыдэми, хузэфIэкIащ бгылъэ щIыпIэхэм кIуапIэ къыщигъуэту и жапIэр дилъэсыкIыну. Илъэс мин IэджэкIэ зэныкъуэкъуныгъэхэр щекIуэкIа щIыналъэм абы къуакIэшхуэ къыщигъэхъуащ. Къулъкъужын Ипщэ, Ищхъэрэ (Абзуан, Къуэнхьэблэ) къуажэхэр а псыхъуэ кIыхьышхуэм дэсщ, псы цIыкIум и IуфитIым етIысэкIауэ. Псым и ижьырабгъу, дыгъэмыхъуэ лъэныкъуэмкIэ джабэ нэIум къытесщ Къулъкъужын Ипщэм щыщу зы жылэ. Абы къызэщIеубыдэ унагъуи 160-м я унапIэхэр, лъапсэхэр.

МЫ ЩIЫНАЛЪЭР зэрыщыту къуакIэбгыкIэщ: мащэшхуэхэр, къуэ куухэр, уэххэр, кумблъэмбхэр иIэщ. Джабэ елъэщIэхахэр, бгыщхьэ захуэхэр мащIэ дыдэщ, уеблэмэ «IэмыщIэм из хъу къудейщ» жыхуаIэм хуэдэщ. ЩIыналъэм Iуащхьэ, щыгу хуэдэу къыхэIэтыкIауэ иIэхэр уэххэмкIэ зэпэщIэхащ. ЛъагапIэ-лъахъшапIэ защIэу зэхэлъ щIыпIэм егъэзыхыгъуэхэр и куэдщ. Абыхэм Къулъкъужын псыхъуэр, къуэхэр здэщыIэхэр наIуэ пщащI.
ЩIыр апхуэдэу зэрызэщхьэщыкIыр къыхэкIащ щIыуэпсым и къэхъугъэхэу мыувыIэу мыбы щекIуэкIхэм щIыналъэм и щытыкIэр нэрылъагъуу зэрахъуэжым, зэрызэрадзэкIым. Ахэр дунейм и къэхъукъащIэ шынагъуэхэм ящыщ зыщ, щIы щхьэфэр хуэмурэ лъэныкъуэ гуэркIэ йокIуэтэх, йощэтэх. ЩIы кIуатэм и Iыхьэ гуэрхэр щыгуэху, щыгуэкI куэдрэ къохъу. Ар къызыхэкIым щхьэусыгъуэ иIэщ. Мы щIыпIэм и щхьэфэр къат тIуащIэу, щащIэу зэтелъщ. «Мэлыхъуэ сабынкIэ» зэджэ ятIэху щащэ Iувым и щIагъым щIиубыдауэ щIэлъщ зэтежыхьа, упIэщIыжа, мывэм хуэдэу быдэ хъужа къат. Абы и гущIыIум къыщытелъщ къат пIащIэ фIыцIэ, тIатIийм хуэдэу. Къурш пкъыгъуэхэр зэтезагъэркъым, я щытыкIэкIэ, зэхэлъыкIэкIэ зэрызэхуэмыдэм къыхэкIыу. Ахэр зэтекIуэтыныр нэхъыбэу елъытащ «мэлыхъуэ сабыныр» псыIагъэм зэрыхущытым. Абы и щытыкIэм зехъуэж, псыф хъуа нэужь: уэшхыпс, уэсыпс пхыкIамэ, е щIы щIагъым щызекIуэ псыхэр къыдэкIуейуэ къыкIуэцIыхьамэ. Псы зыщIэзыфа ятIэ къэщIытар мэбэг, мэбатэ, нэхъ хьэлъэ мэхъу. ЯтIэ бдзантхьэр и щIагъым щIэлъ къурш пкъыгъуэ быдэм тезэгъэжыркъым, а тIур зэтокIуэт, и щIыIум илъ къатыр и щIагъым щIэлъым тещэту хуожьэ егъэзыхыгъуэ зиIэ лъэныкъуэхэмкIэ.
 Иужьрей зэманым апхуэдэ Iуэхугъуэхэр щIэхуэбжьауэ йокIуэкI. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, щIы щIагъым щIэт псыхэр нэхъапэм зэрызекIуэу щыта хабзэм тетыжкъым, ар зэхъуэкIа хъуащ. АдэкIэ куууэ щыIа псыхэр иджы къыдэкIуеящ, зы метр хуэдиз нэхъ мыхъуу щIы щхьэфэм къыщIэтщ, щIыпIэ-щIыпIэкIэ щIыгум къэкIуауэ, псыIэрышэ цIыкIу къагъэхъуурэ йожэх. ЛъахъшапIэхэр, кумблъэмбхэр псым и зэхуэсыпIэщ, здимыгъущыкIхэм деж шэд инауэ итщ. Къуажэм щIыпIэ Iэджэ иIэщ щIы щхьэфэм псыр къызыпхивауэ, гъуэгухэм, пщIантIэхэм, хадэхэм хуэзэу.
А псоми нэмыщIыжу, щIы щIагъым къыщIоIукI макъ шынагъуэхэр, Iэуэлъауэ гуэрхэр. Ахэр зыкIи ещхькъым дунейм щызэхэпх, щIыуэпсым и макъхэм: псы ежэхым, хы Iуфэм къыIууэ толькъунхэм, жьы къепщэм къагъэщIхэм. Макъхэр щыхьэт тохъуэ щIы щIагъым мыувыIэу щекIуэкI Iуэхугъуэ куэдым. Псалъэм папщIэ: щIы Iыхьэшхуэ ещэтэххэм, зэжьэхэуэхэм, щIы щIагъым иIэ гъуанэпщIанэхэм, бгъуэнщIагъхэм я щхьэфэ пIащIэ иуэхэм, щIыщIагъыпсхэу зи жапIэхэр зымыгъуэтыжу ныкъуакъуэхэм, нэгъуэщIхэми. Апхуэдэ макъхэр нэхъ IупщI мэхъу жэщкIэрэ, дунейр щэху хъуа иужь. ЩыIэщ абыхэм щахыхьэж щIы щIыIумкIэ къыщыIухэри: мывэ джейхэм я зэгуэуд, унэ блынхэм я зэгуэч, жыгхэм я зэгуэтхъ макъхэр. А псоми ялейуэ, иджыблагъэ цIыхухэр игъэщтащ кхъэмкIэ къиIукIа Iэуэлъауэшхуэ гуэрым - топышэ къэуам ещхь макъым. КъызэрыщIэкIамкIэ, кхъэр зытет Iуащхьэм щыщ щIы Iыхьэшхуэ щыкIуэцIрыхум, щыпхыхум къигъэIуа макът ар.
Кхъэм занщIэу щызэхуэса цIыху гужьеяхэм телъыджэ къащыхъуащ щIыпIэм зэхъуэкIыныгъэшхуэ зэригъуэтар. Зыгуэрым сэшхуэкIэ иритхъам хуэдэу, зэбгъурыту кIуэ щIы зэгуэчыпIитIым я зэхуакум дэлъ Iыхьэр зэуэ ехуэхри, кIэнауэ кIыхь мыбдеж къыщигъэхъуащ. ЩIы пхыхуам и джабэхэр блыным хуэдэу захуэщ, и Iуфэхэр задэщ, щыхупIэщ. ЩIытI кIэнауэр кхъэм и бгъумкIэ зэгуэчыпIэ Iузэу, и зэхуакум удэмыплъэфу къыщожьэ, кIуэтэху зэпэщIэкIуэтурэ бгъуэшхуэ мэхъу, итIанэ зиIуантIэурэ егъэзыхыпIэмкIэ еунэтI икIи аргуэру Iузэ зещIыж.
Къуажэдэсхэм зэрыжаIэмкIэ, илъэс зыбжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ, Iуащхьэм ещхь а щIыпIэм деж кхъэ ящIыну нэхъыжьхэм къыхахауэ щытащ: «Дунейм ехыжахэм увыIэпIэ тынш яхуэхъунщ», - жаIэри.
ЩIы кIуэцIрыхуар кхъащхьэм пэгъунэгъу дыдэщ. А щIытI кIэнауэшхуэм и нэзым метритI-щыкIэ нэхъ пэмыжыжьэу зэгуэзыпIэхэм иратхъащ кхъэр зэрыщыту. ЗэгуэчыпIэхэр адэкIэ куууэ щIы щIагъым къыщожьэри, щIы щхьэфэм нэс къыдокIуей. Абыхэм я бжыгъэр зы щIыпIэхэм деж щы-плIы, адрейхэм деж нэхъыбэ щохъу. А зэгуэтхъыпIэхэр щIыр иджыри ещэтэхынкIэ е кIуэцIрыхункIэ зэрыхъунум я нэщэнэщ. Нэхъейр аращи, кхъэм и бгъумкIэ къыщылъ, емыхуэхыу къэна щIы бгъузэ тIэкIум утеувэмэ, мэуфафэ, мэсыс.
ЩIыр зэрекIуэтэхым ныкъусаныгъэ куэд къешэ, ар зэранышхуэ хуохъу къуажэдэсхэм я унэ-лъапсэхэм: унэлъащIэхэр, блынхэр, мывэ сэрейхэр зэгуокI, зэгуоч, зэгуотхъ. Апхуэдэ зэгуэкIыпIэхэр кIуэтэху нэхъ ин мэхъу. ЩIыщIагъыпсхэр къызэрыдэкIуеям къыхэкIыу унэ кIуэцIхэр къоупсапсэ, чырбышхэм  псыIагъыр къыдрашей, икIи абы къыхэкIыу блынхэр къэпщIэнтIам хуэдэщ, я лъабжьэхэр щIогъуэтыкI. Дунейр щыхуабэм деж а зи гугъу сщIы Iуэхугъуэхэр тIэкIу кIащхъэ хъуми, блынхэр зэрыгъущ щIагъуэ щыIэкъым. ЩIымахуэм ерыскъы гъэтIылъыпIэу къагъэсэбэп псэуалъэхэм, щIыунэхэм я блынхэм сытхъу щыкIэрищIэ щыIэщ. Унэ кIуэцIхэм гъуэтэрымэ къыщIех, абы ущIэсыныр, ущыпсэуныр узыншагъэм дежкIэ зэранщ, абы къыхэкIыу унагъуэ куэдым я сабийхэр, нэхъыжьхэр сымаджэрилэщ.
Мы къуажэм дэсхэм яIэщ адыгэ лъэпкъыр зэрыгушхуэ хъун мыIэрысэ, кхъужь Iэрысэ хадэхэр. Пхъэщхьэмыщхьэ жыг лъэпкъыфIхэр мы щIыпIэм езэгъыу къыхэхыным, бэгъуауэ къэгъэкIыным къулъкъужындэсхэм ящыщу куэдым я гуащIэ зэрыхалъхьам шэч къытепхьэ хъунукъым. Уеблэмэ, жыг Iэрысэ лъэпкъыщIэхэр къагъэхъуни яхузэфIэкIащ абыхэм. ЦIыхухэм егугъуу жыгхэр зэрахьэ, куэдым я хадэхэм итщ илъэсищэм нэса жыг Iэрысэхэр. ЩIыуэпсым и къэхъугъэ мыбы щекIуэкIыр Iэрысэ хадэхэми егуэуащ. Иджы жыгхэм зэпымыууэ уз гуэрхэр къахохьэ, абыхэм къапыкIэ пхъэщхьэмыщхьэхэр куэдкIэ нэхъ мащIэщ, ахэр е хэмыхъуэу къоувыIэри, жьгъей мэхъу  е и хъугъуэ щрикъум деж, къудамэхэм зэрыпыту мэф. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, языныкъуэ жыгхэм я лъабжьэ жыжьэ еххэр псы къыдэкIуеям хэлъщ икIи ар зэран яхуохъу.
ЩIы кIуэцIрыхуари, абы щIыгъу зэгуэзыпIэхэри щIы щIагъым щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэр щIэгъэпсынщIауэ, щIэхуэбжьауэ зэрекIуэкIым щыхьэт тохъуэ. Уеблэмэ, щIыщIагъ псыхэм щIыр щIалъэсыкIыурэ бгъуэнщIагъ нэщIышхуэхэр къагъэхъуагъэнкIи хъунущ. Абдежхэм щIыр щыпхыхугъуафIэщ. Иджыри зы Iуэху шынагъуэ щыIэщ. ЗыгуэркIэ щIыр Кавказ къуршхэм щыхъеймэ, мыбдеж иджыпсту щыуфафэ щIы щхьэфэр псынщIэ дыдэу къежьэнурэ ехынущ, тIасхъэ хъуа щIы Iыхьэхэр кIуэцIрыхунущ.
Къулъкъужындэсхэр хуабжьу егъэпIейтей къатепсыхэнкIэ хъуну къулейсызыгъэм. Мы щIыпIэм ущыпсэуну шынагъуэщ. Куэд щIауэ псэхугъуэ зимыIэ цIыхухэм лъэIукIэ зыхуагъазэ Iуэхум хэплъэну зи пщэ къыдэхуэ къулыкъущIэхэм, икIэщIыпIэкIэ унафэ пыухыкIа къащтэу нэгъуэщI щIыпIэ ягъэIэпхъуэну.

ЕМУЗ Людмилэ, КъБКъУ-м физическэ географиемкIэ и кафедрэм и унафэщI.
Поделиться:

Читать также: