ЗэпэIэщIэу музейм зыщыфплъыхьынумэ

КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министерствэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, ТекIуэныгъэм и Музейм къыщызэIуаха «ЦIыхубэм я текIуэныгъэ» гъэлъэгъуэныгъэр хагъэхьащ «Пушкиным и картэ» программэм. Илъэс I4-м щыщIэдзауэ илъэс 22-рэ хъу, «Пушкиным и картэр» зыIэрызыгъэхьа щIалэгъуалэм абы зэпэIэщIэу Интернет IэмалымкIэ зыщаплъыхь хъунущ.
Иджырей Iэмалхэр къагъэсэбэпу къызэрагъэпэща выставкэр тхыдэм, Хэку зауэшхуэ зэманым ухэзышэщ. Интернет-хьэщIэхэм зезыгъэплъыхьыр ТекIуэныгъэм и Музейм и унафэщI Школьник Александрщ.
ЗыплъыхьакIуэхэм къапэщылъщ Брест щыщIэдзауэ Берлин нэс кIуэ гъуэгуанэ кIыхь зэпачыну. Ахэр къыщыувыIэнущ завод, сымаджэщ, художник цIэрыIуэ Левитан и студие, Ленинград блокадэм и библиотекэ, Новгород Иным и ут жыпIэми, нэгъуэщI щIыпIэ куэдми. КъищынэмыщIауэ, хьэщIэхэр хагъэгъуэзэнущ щIэныгъэлIхэм я къэхутэныгъэхэм, зауэ зэманым медицинэм игъуэта зыужьыныгъэм, а зэман хьэлъэми зи лэжьыгъэр зэпызымыгъэуа гъуазджэм и цIыху цIэрыIуэхэм. ЗыплъыхьакIуэр гъэнщIащ сурэткIэ, видеокIэ, дэфтэрхэмкIэ.
Гъэлъэгъуэныгъэм еплъыну гупыж зыщIхэм Iуэхум зыщыхэвгъэгъуазэ хъунущ ТекIуэныгъэм и Музейм и сайтым.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: