Я къалэмыр жану

Журналист ныбжьыщIэхэм папщIэ къызэрагъэпэща «Акула пера» еджапIэм и лэжьыгъэм пещэ. Ар къызэрегъэпэщ КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм, «КъБР-Медиа» къэрал IуэхущIапIэр и дэIэпыкъуэгъуу. Школым и дерсхэр иджы епщIанэу къызэIуах икIи пщIэншэщ.

ЕджапIэм я щIэныгъэм, Iэзагъэм храгъэхъуэну ирагъэблагъэ республикэ, район газетхэмрэ журналхэмрэ, апхуэдэуи телевиденэмрэ радиомрэ я журналистхэр, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэр, блогерхэр, класс нэхъыжьхэм щIэсхэмрэ студентхэмрэ, журналистикэм зи гъащIэр езыпхыну зи мурадхэр.
КъБР-м щIыхь зиIэ и журналистхэр, журналистикэм и ветеранхэр, тхакIуэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ мазэ зыбжанэкIэ еджакIуэхэр хагъэгъуэзэнущ IэщIагъэм и щэхухэм, хъыбарыщIэхэм зэрелэжьым, иджырей технологиехэр къызэрагъэсэбэпым. Еджэгъуэ зэманым и кIэм школым щIэсахэм я щIэныгъэм щыхьэт техъуэ тхылъ иратынущ.
Iуэхум хэтыну хуейхэм «Акулы пера» фIэщыгъэр тету я цIэ-унэцIэхэр, телефон номерыр ягъэхь хъунущ raziatkaI9@mail.ru электрон пощтым гъатхэпэм и 28 пщIондэ. УпщIэ зиIэхэр псалъэ хъунущ КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм: 8 (928) 691-21-67; 8 (988) 832-35-98.
 

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: