Адыгэшыр урысей шы лъэпкъыжьщ

Лъэпкъыр  зэрыгушхуэ

Адыгэшыр уанэш лъэп­къыжь дыдэхэм ящыщщ. Абы и цIэм ущрохьэлIэ шы зехуэным теухуауэ дуней псом щызекIуэ псалъалъэхэм. Шым зэрихьэ цIэм IупщI ещI ар къызэзыгъэпэща лъэпкъым лъыкIэ зэрепхар, адыгэ гъащIэм илъэс мин бжыгъэкIэ пыщIауэ къызэрекIуэкIар.

Адыгэшыр адыгэ лъэп­къым и набдзэщ. Лъэпкъым лIэщIы­гъуэ Iэ­джэ ­тригъэкIуэдащ ар къы­зэфIигъэувэным. Шы гъэхъунри абы ­епха ­псори адыгэм дунейпсо щэнхабзэм хуищIа хэлъхьэныгъэшхуэщ. Къэбэрдейр Урысейм и Iыхьэ зэры­­хъурэ адыгэшри къэралыр къы­зэрацIыху нэщэнэхэм ­ яз хъуащ. Аращ шыр зэра­гъасэри, зэрагъашхэри, шум зэрызихуапэри, шу­гъэ­джэгури, шыгъа­жэ­ри, шу зекIуэхэри, къинэ­мыщIхэри щIэныгъэ и ­лъэныкъуэкIи арыххэу зэ­рыгъэщIэгъуэн къудейм къы­хэкIыуи щэн­хабзэ щхьэхуэ щIэхъуар.
Адыгэшыр зэрацIыхур ­зауэм къыщысэбэп зекIуэшущ. Адыгэхэр зауэ губгъуэм къыщыщхьэпэн, къы­­зэрымыкIуэ ха­хуагъ зыхэлъ, къуакIэбгы­кIэхэм щызекIуэныр къызэ­мы­хьэлъэкI шы бэшэч хуэ­ныкъуэти, а псори я лъэп­къышым хапщэфащ.     
ЛIэщIыгъуэ зыбжанэкIэ, 1917 гъэм къэхъуа революцэр къэсыху, адыгэшым урыс армэм, урыс пащ­тыхь­хэм я шуудзэм щIэуп­щIэшхуэ щаIэу къе­кIуэ­кIащ. 1830 гъэм Николай IV и унафэкIэ Кавказ-Бгы­рыс эскадрон ныкъуэ жы­хуаIэ шуудзэр къызэрагъэ­пэщауэ щытащ. Абы хэта зауэлIхэр Кавказ пщы-уэркъхэм ящыщт, нэхъы­бэр урыс императорым деж къулыкъу щызыхь къэ­­бэрдей щIалэхэт. Пащ­тыхьым и Iэгъуэблагъэм гъэлъэгъуэныгъэ гуэрхэр щекIуэкIыху, абыхэм шууей IэщIагъэхэр, шыгъэджэгу Iэмал къызэрымыкIуэхэр къагъэлъагъуэрт. Мис апхуэдэ зы хъыбар, ЩIымахуэ Сэрейм деж франджы зыплъыхьакIуэ Хюстин А. и нэгу щыщIэкIауэ. Ар итщ «Николай и Урысейр» тхылъым:
«Сыхьэтыр пщыкIузым деж зиусхьэнымрэ ­пащтыхь гуащэмрэ шордакъым къытеувати, абдеж дыдэм Шэрджэс гвардием щыщ щIалэхэм я азиеш ахъырзэманхэмкIэ шы гъэджэгукIэ щIагъуэ дыщыIуагъэп­лъащ».
Урыс-Кавказ зауэм хэ­та къэзакъхэм я дежкIэ адыгэш зэбгъэпэщыныр ехъу­лIэныгъэшхуэт. Ады­гэ­­шым и уасэр ящIэрти, абыхэм къэбэрдейхэм я шу хабзэхэри зыхалъхьащ, шы тесыныр тынш зыщI адыгэ цейм и гугъу умыщIыххэ. Урыс уэркъ лъапсэ къэс езым и адыгэш иIэжыныр пщIэ зыпылъ Iуэхуу къалъытэрт. Урыс усакIуэ Лермонтов Михаил сурэт куэд къыщIэнащ шууей къигъэ­лъагъуэу. УсакIуэм шэч хэмылъу хэдэкIэ ищIэрт, ады­гэшхэми фIыуэ хи­щIы­кIырт. Абы и тхылъ цIэрыIуэ «Ди зэманым и лIы­хъужьым» хигъэува ­Печорин и шым фIищар Черкест, езы Печоринми адыгэ шум хэлъ хабзэхэр хэлът.
Вальцов Дмитрий 1913 гъэм итха «Першинская охота» тхылъым къыщыхегъэщ джыназышхуэ Николай и лъапсэм хьэ ­365-рэ, арден шы лъэпкърэ адыгэшу 70 щызэрахуэу зэ­рыщытар.
Япэ дунейпсо зауэм хэта урыс армэм адыгэш куэд иIащ. 1950 гъэм Мишин Г. М., Калинин Р. Е. сымэ мып­хуэдэу ятх: «АдыгэшкIэ узэда шуудзэр тыншу бгылъэ щIыпIэхэм, псып­цIэхэм пхыкIырт, ауэ щыхъукIэ КъухьэпIэ Европэм щыщ шэщым щIэту яхъу­ма шыхэр хэкIуадэрт е зе­мыкIуэжыф    хъу­хэрти, ­гъуэгу здэщы­мыIэ щIыпIэхэм къы­щы­сэ­бэп­хэр­тэкъым».
1950 гъэхэм пщIондэ Совет Союзым адыгэшыр куэд дыдэу щагъэхъуу щытащ. 1946 гъэм Мэзкуу ипподромым Урысейм ща­гъэхъуа шыхэр километр 250-кIэ къыщызэдагъа­жэм щыгъуэ, япэ увыпIэр адыгэш Али-Къадым къихьауэ щытащ. Мишинымрэ Калининымрэ ятхыжырт: «Адрей  шы лъэпкъхэм щыщхэр ­гъуэгуанэм зды­те­тым щIакъуэ хъухэурэ зым  и ужьым адрейр иту хэкIыху, Али-Къадым шы зыбжанэ и гъусэу и кIэм ­нэсри япэ увыпIэр къихьащ».
Хрущёв Никитэ и лъэхъэнэм зэрыкъэралу шы гъэхъуныр щыкъуалъхьэжа зэманым, адыгэшми лей къытехьэри, и бжыгъэми фIыуэ хэщIат. Iуэхум хэ­зыщIыкI, зи псэр етауэ лэжьыгъэм бгъэдэт закъуэтIакъуэхэм я фIыгъэщ адыгэшыр щахъу­мэ­фа щIыпIэ зыбжанэ къы­­зэрынар: Къэбэрдей-Балъкъэрым, Ставро­поль, Краснодар крайхэм. 1949 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и  унафэкIэ шыхъуэхэу Бырс Анзор, Къалмыкъ Хьэжмурат, Щоджэн ТIэлашэ сымэ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь цIэр къыфIа­щауэ щытащ.
1990 гъэхэм ди къэралым зэуэ унэтIыныгъитI къы­щежьат: зы лъэны­къуэкIэ шы бжыгъэр жылагъуэм щыхэщIат; адрей лъэ­ны­къуэкIэ нэрыбгэ щхьэ­хуэхэм езыхэм я гукъыдэжкIэ шы Iуэхум зрагъэужьыжын щIа­дзэри, ады­гэшыр щызэрахуэ заводыщIэхэр, къэрал хабзэкIэ лажьэ IуэхущIапIэ щхьэхуэхэр къэунэхуащ.
Адыгэшыр Урысейм щы­зэрахуэ шы лъэпкъыфI ­зыбжанэм къежьапIэ яхуэхъуащ. Ар къыхагъэ­щауэ щытащ ищхьэкIэ зи ­гугъу тщIа Мишинрэ Калининрэ: «Урыс шы­хъуэхэм хэкум щызекIуэ шы лъэп­къыфIхэм уасэшхуэ ­хуа­гъэувырт. Псалъэм ­пап­­щIэ, «ростопчинскэ», «стре­­­лецкэ» шы лъэпкъхэр щызэфIагъэувэм щы­гъуэ, адыгэшыр ­къагъэщхьэпащ, абы и ­къарур, и бэшэчагъыр, и ­быдагъыр, куэд зэрытемыкIуадэр, зэ­рып­сэукIафIэр ящIэрти. ­Нэхъ убгъуауэ адыгэшыр хэтащ «донской» шы лъэпкъыр щызэфIагъэувэми». Дигу къэдгъэ­кIыжыпхъэщ ады­гэшым и уасэ мыкIуэдыжыр «инджылыз-адыгэ» шы лъэпкъым ­хэпща зэры­хъуари.
Дызэрыт зэманым Аникеев Сергей зи унафэщI, Адыгэшым и Урысей Ассоциацэ мэлажьэ. Абы езым къызэригъэпэщыжауэ Ставрополь крайм адыгэш щигъэхъу завод щиIэщ. Ассоциацэм нэрыбги 100 хэтщ, Урысейм къудамэ зыбжанэ щиIэщ, хамэ къэралхэм - къудамибл, Франджыри Германиери яхэту.
Адыгэшыр гъуэгуанэ кIы­хьым тещIыхьа шыгъа­жэхэм хагъэтщ. Ар хэту зекIуэ убгъуахэр екIуэкIащ Iуащхьэмахуэ лъапэ щегъэжьауэ Тыркум, Иорданием, Сирием нэсу. 2014 гъэм адыгэшыр хэтащ Пиреней бгыхэм щегъэ­жьауэ Ла-Манш нэс, километр 1300-рэ хъу зекIуэм.
Нобэ и гугъу тщIыпхъэщ адыгэшыр я фIэщу зэрызэфIагъэувэжым. Псом нэхърэ нэхъыщхьэр ар къызыфIэIуэху цIыху зэ­рыщыIэрщ. Паспорт зиIэ шыхэм я бжыгъэр мини 4.500-м ­нэсащ.
УФ-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэ­дзэ Рыж­ков Олег франджы лIы­кIуэхэр 2017 гъэм и накъыгъэ ма­зэм Къэбэрдей-Балъкъэ­рым къригъэб­лэгъауэ щытащ: Париж къикIыу шыкIэ Мэзкуу къэкIуа шууей телъыджэ, тхакIуэ, журналист Гуро Жан-Луи; шым теу­хуа тхылъхэр къы­дэзыгъэкI унагъуэм щыщ Анри Гийом; «Джеймс Филлис. Европей шууей» тхылъыр зи IэдакъэщIэкI Кортес Габриэль сымэ. Ахэр Къэбэрдей-Балъкъэ­рым и щыхьэр Налшык ­къа­кIуэри, ипподромым щы­­Iащ,  шыгъажэми хэтащ. Псом хуэмыдэу хьэщIэхэм ягъэщIэгъуащ гъэмахуэм шы гуартэхэр щагъэхъу ­Бахъсэнрэ ДзэлыкъуэкIэ щыIэ губгъуэхэр. Малкэ заводым зэIущIэ гукъинэж куэд щекIуэкIат. Пасэрей шэщ хьэлэмэтхэр ща­хъумэфащ а щIыпIэм: 1870 гъэм  яухуа  Шэщ Хужьымрэ Шэщ Плъыжьымрэ, шыхэм щеIэзэ щIыпIэр. Ахэр шы зехуэным и тхыдэм и хъугъуэфIыгъуэу къэп­лъытэ хъунущ. А шы заводым и ныбжьыр лIэщIыгъуэрэ ныкъуэрэ ирокъу. Шы лъэпкъыфIым и бжыгъэм и закъуэкъым ар зэ­рыкъулейр, атIэ зи лэжьыгъэм псэкIэ ета цIыхухэу а беягъэр къызэзыгъэ­пэщхэрщ. Апхуэдэщ Малкэ заводыр илъэс куэд ­хъуауэ зи IэмыщIэ илъ Уэрыш Залым. Ар шы гъэхъуным фIыуэ хэзыщIыкI щIэныгъэлIщ. Абы и адэшхуэ КIуэкIуэ Хьэрэбий илъэс 60-кIэ а завод дыдэм гъэсакIуэу щылэжьащ, и анэ дэлъху КIуэкIуэ Анатолий а IуэхущIапIэм и унафэщIу илъэс зыбжанэкIэ щытащ. Апхуэдэу шым елIэлIэн Iуэхур ныбжькIэрэ зэIэпахыу къокIуэкI.
Ди жагъуэ зэрыхъущи, адыгэшым и Iуэхур республикэм къыщызэфIэувэжыпауэ пхужыIэнукъым, сыту жыпIэмэ, гупыж зиIэ зыбжанэм  я   къарукIэ Iуэхур зэфIэкIынукъым, къэ­ралым зыкъыщIимы­-гъакъуэу. Ауэ цей зы­щыгъ адыгэ шууейм и сурэтыр цIыхухэм я нэгум  къыщIэувэжакIэщ, гу лъыптэу езы шыми и пщIэр егъуэтыж.
Компьютерхэмрэ кхъухь­лъатэхэмрэ я зэманым шым пщIэ зэрыхуащIыр  ар  зы­хузэфIэкI  цIыхубэр  зэ­рыузыншэм  и нэщэнэщ.

«Охраняется
государством» журнал.
2018 гъэ

 

ЖЭМАН Ахьмэд, ЩОДЖЭН Хьэчим, АНИКЕЕЕВ Сергей, УЭРЫШ Залым.
Поделиться: