«Дэтхэнэ зы ныбжьыщIэми и ехъулIэныгъэ» федеральнэ проектым хыхьэу Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщызэIуахынущ сабий зэчиифIэхэр къэгъэнэIуэнымрэ апхуэдэхэм защIэгъэкъуэнымкIэ центрКъэбэрдей-Балъкъэрыр яхэхуащ «Дэтхэнэ зы ныбжьыщIэми и ехъулIэныгъэ» федеральнэ проектыр 2019 гъэм къриубыдэу щагъэзэщIэну щIыналъэхэм. Абы папщIэ республикэм къыхуаутIыпщащ сом мелуан 213-м щIигъу. А ахъшэр хухахынущ сабий зэчиифIэхэр къэгъэнэIуэнымрэ апхуэдэхэм защIэгъэкъуэнымкIэ центр Налшык къалэм къыщызэIухыным. Центрыр щытынущ илъэс хъурейм къриубыдэу цIыкIухэм «ЩIэныгъэ», «Гъуазджэ», «Спорт» унэтIыныгъэхэмкIэ щадэлэжьэну щIыпIэу, абы егъэджэныгъэр, IэщIагъэм хуэгъэсэнымрэ хьэрычэт лэжьыгъэмрэ щызэгъэуIуауэ икIи школакIуэхэр олимпиадэхэм хуэгъэхьэзырын Iуэхум зегъэужьыным хуэгъэпсауэ.
Поделиться:
Читать также:
19.04.2024 - 17:44 →
ЩIэблэ къабзэ къытщIохъуэ
15.04.2024 - 14:52 →
Агуий и Iэхэлъахэм
15.04.2024 - 12:10 →
Гагарин и гуфIэкIэ
11.04.2024 - 09:30 →
УнафэщIхэмрэ IэнатIэ лъыхъуэхэмрэ зэрощIэ
10.04.2024 - 11:00 →
Дисанэ и ехъулIэныгъэ
|