Саугъэт нэхъыщхьэхэр къыхуагъэфащэ

Нартан къуажэм лъэпкъ къафэхэмкIэ щапхъэу къалъыта, Къурашэ Эдуард зи художественнэ унафэщI «Вагъуэ цIыкIухэр» сабий ансамблым, VI-нэ лъэпкъ къафэ конгрессым хыхьэу, Сочэ къалэм мэлыжьыхьым и 30 - накъыгъэм и 3-хэм щекIуэкIа «Урысейм и балетмейстер нэхъыфI» VII-нэ грант къафэ зэпеуэмрэ Владикавказ къалэм накъыгъэм и 13 - 15-хэм щызэхэта зэхьэзэхуэмрэ саугъэт нэхъыщхьэр - Гран-при-р къыщихьащ.

«Алые паруса» щэнхабзэ фондым къызэригъэпэщащ Сочэ къалэм и «Шексна» пансионатым щекIуэкIа «Урысейм и балетмейстер нэхъыфI» VII-нэ грант къафэ зэпеуэр. Зэхьэзэхуэр ирагъэкIуэкIынымкIэ дэIэпыкъуэгъу хъуащ Санкт-Петербург и Правительствэм ЩIалэгъуалэ политикэмкIэ и комитетыр, Сочэ къалэ администрацэм ЩэнхабзэмкIэ, егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и управленэхэр, Москва областым ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэр.

«Вагъуэ цIыкIухэр» ансамблым Сочэ къалэм щигъэзэщIа къэбэрдей (уэркъ) къафэжьыр, ислъэмей (махуэшхуэ) къафэр, авар хъыджэбз къафэр къэпщытакIуэхэм ягу дыхьащ икIи япэ увыпIэмрэ Гран-при саугъэтымрэ къыхуагъэфэщащ. НыбжьыщIэхэм къеплъахэр къахьэхуат я зыIыгъыкIэ, утыку итыкIэ дахэмкIэ.

Кавказ къафэхэмкIэ Владикавказ щекIуэкIа чемпионатыр къызэрагъэпэщащ егъэджэныгъэм, творчествэм, щэнхабзэм зегъэужьынымкIэ «Открытый мир искусства» дунейпсо фестиваль центр мыкоммерцэ IуэхущIапIэм, «Имена» псапэ фондым, УФ-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэр, УФ-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм Кавказ Ищхъэрэ, Ипщэ Федеральнэ щIыналъэхэм щиIэ Управленэр, УФ-м СпортымкIэ и министерствэр, УФ-м и Президентым Лъэпкъ IуэхухэмкIэ и советыр, Осетие Республикэм ЩэнхабзэмкIэ и министерствэр, Дон Iус Ростов ЕгъэджэныгъэмкIэ и управленэр я дэIэпыкъуэгъуу.

Нартан къуажэм икIа къэфакIуэ ныбжьыщIэхэм Владикавказ щагъэлъэгъуа уэркъ, ислъэмей къафэхэми саугъэт нэхъыщхьэр къыпэкIуащ. Абы щыжаIащ «Вагъуэ цIыкIухэр» сабий ансамблыр зэпеуэм фIыуэ зэрыхуагъэхьэзырар - къафэхэр гукъинэжу зэрагъэувар. Я лъэпкъ фащэр зыхуей хуэзэу утыку зэритми гу къылъатэри, щIыхь тхылъ щхьэхуэ къыхуагъэфэщащ.

Къурашэ Эдуард къыхигъэщащ зэрыгушхуэ къэфакIуэхэр зэрамымащIэм къыхэкIыу, зэхьэзэхуэхэмрэ фестивалхэмрэ нэхъыбэу зэрыхэтыным зэрыхущIэкъур. Абы ныбжьыщIэхэм Iэмал къарет я зэфIэкI къапщытэжыну, щIэхэм нэхъ тегушхуэну, нэгъуэщIхэм ехьэехуэну.

«Вагъуэ цIыкIухэр» сабий ансамблыр зэпеуэхэм пашэ зэрыщыхъуам папщIэ къыхуагъэфэщащ щIыхь тхылъхэмрэ кубокхэмрэ, ахъшэ саугъэтхэр. Гупым зэпеуэхэм къыщахь ахъшэ саугъэтхэр трагъэкIуадэ я фащэхэр зэрахъуэкIыным, зыхэтыну къапэщылъ зэхьэзэхуэхэм зыхуагъэхьэзырыным. А ехъулIэныгъэхэр къэфакIуэ ныбжьыщIэхэмрэ абыхэм я адэ-анэхэмрэ зи фIыщIэу къалъытэр я унафэщI Къурашэ Эдуардщ.

Республикэпсо, урысейпсо, дунейпсо зэпеуэ зыбжанэм хэта икIи абыхэм я зэфIэкI щеплъыжа, къыщыхэжаныкIа ансамблыр Сочэрэ Владикавказрэ пашэ щыхъуа нэужь, нэгъуэщI зэхьэзэхуэхэми  ирагъэблэгъащ.

«Вагъуэ цIыкIухэр» ансамблым и зэфIэкIым илъэс зыбжанэ хъуауэ куэд кIэлъоплъ икIи телъыджэ ящохъу. Республикэм и щэнхабзэ, гъуазджэ зэхыхьэхэр зыгъэдахэ «Вагъуэ цIыкIухэр» ансамблым и къэфакIуэ ныбжьыщIэхэм я хьэл-щэн дахэр, я зэфIэкIыр куэдым я дежкIэ щапхъэщ, абы я ехъулIэныгъэхэм уригушхуэ хъунущ. УзэплъэкIыжмэ, гупым нэхъапэIуэкIэ къахьа ехъулIэныгъэхэм ящыщщ Сочэ къалэм 2014 гъэм щекIуэкIа «Дахагъэм дунейр къригъэлынущ» дунейпсо телевизионнэ зэпеуэм и Гран-примрэ япэ увыпIэмрэ. Гупыр пашэ щыхъуащ къафэхэмкIэ 2016 гъэм екIуэкIа «Мэзкуу бжьыхьэ» япэ федеральнэ зэпеуэм. «Iэзагъэм хуэзышэ» саугъэт щхьэхуэр абы къыщратауэ щытащ, лъэпкъ хабзэхэр зэрахъумэм папщIэ. КъищынэмыщIауэ, илъэситI ипэкIэ Санкт-Петербург щекIуэкIа къэфакIуэхэм я «НЕВА-Данс» III-нэ урысейпсо зэпеуэм и унэтIыныгъэ псоми «Вагъуэ цIыкIухэр» зэрыщытекIуар, лауреат зэрыщыхъуар къалъытэри, ар къыхэзылъхьа «Алые паруса» щэнхабзэ фондым и «Дэрэжэгъуэ» саугъэтыр къыхуагъэфэщащ. Мы гъэмахуэм - мэкъуауэгъуэм и 20-м - зи юбилейр зыгъэлъэпIэну ансамблым иджыри ехъулIэныгъэ куэд иIэну ди гуапэщ.

БЖЬЫХЬЭЛI Розэ.
Поделиться: