Макъамэ къызыхэIукI усэхэр

«Псэр зокIуэ псалъэм и къарукIэ» щыжеIэ Ацкъан Руслан и усэхэм ящыщ зым. Езым псалъэм и къарукIэ дунейм и теплъэ телъыджэхэр ди нэгум щIегъэкI, гъащIэм щэхуу хэлъым дрегъэгупсыс, мыхьэнэ зэдмыта Iуэхугъуэ щхьэхуэхэм нэгъуэщIынэкIэ дрегъэплъыж – гъащIэ хъужыр усэбзэкIэ еIуатэ. ЕIуатэ уэгумрэ щIылъэмрэ зэзышалIэ, зэзыгъэпсалъэ хъэтI щIэщыгъуэкIэ. Ацкъан Руслан и усэхэм упсэуну уагъэпIащIэ, усэбзэм гъэру иIыгъ псэр ягъэпIейтей, яхуз, итIани жьы драгъэхуж. УсакIуэм гъащIэр елъытэ, псэуну йолъэдэкъэщыкI. Ар хыболъагъуэ мывэр къыпхызытхъ удзыщIэм и образым:
Къыпхитхъыу мывэр дыгъэ бзийхэм лъыхъуэ
Удзыпэ цIыкIур псоми къраухьэкIи.
Сыт щIыкIэу хуей уигу темыхуэн лIэныгъэр,
Апхуэдэу гъащIэр фIыуэ плъагъун щхьэкIэ?!

Сабиигъуэ. ЩIалэгъуэ. Жьыгъэ. ЦIыхур зыхэпсэукI зэманхэм дыхегъаплъэ зэпымычу. Псом хуэмыдэу егъафIэ сабиигъуэр. Щалъхуа пщIантIэм и гупсысэр щыхуэкIуэкIэ, усыгъэ лIыхъужьыр япэу зыIущIэр сабиигъуэрщ икIи абы насыпыфIэ ирохъу. «Си нитIым нэхур къыщыфэнщ» жеIэ усакIуэми, гъащIэм и IэфIыпIэ курыхыу сабиигъуэр зэрыщытыр адэкIи хьэкъ тщещI:
А зы бэуэгъуэм и IэфIагъыр
и куцIу гъащIэм къыщIэкIынщ.
Си сабиигъуэм и Iубахъэр
къызэрысIууэу - куэд слъэкIынщ.

УсакIуэм сабиигъуэр куэдрэ ирегъэщхь псынэм:
Къолъэдэжри си бгъэгу сабиигъуэр,
къызощIэж псынэм и бзэр!..
(«Псынэм ехь си нэ-си псэр»),
Къыдоплъей къуэ лъащIэм псынэ,
езгъэщхьу джэгу сабийм.
(Гъэзэжи къэгъэщIэж уи гъащIэр»)

ГъащIэм зэманым зырызыдихъуэжым телъыджэу тоусыхь Ацкъаныр: «Йощэщыр гъэхэр уафэ гъуанэм, сыкIэлъыIэбэурэ йощэщ», «Гухэлъ хисхьахэм я щыхьэту, си щхьэцым яжьэр къызэпхопс», «Зэманым Iупсыр иригъэхыу псэм къоплъри, ищIэркъым гущIэгъу».
ЩIыуэпсыр, дунейм и къэхъукъащIэхэр усакIуэм зыкIэ IэкIуэлъакIуэу къегъэсэбэпри! Ахэри образ щхьэхуэу къыхоувэ усэ сатырхэм. Псыр, мафIэр, жьыбгъэр, дыгъэр, вагъуэхэр, гъуэгур, жыгхэр, уэсыр…
Щапхъэ зыбжанэкIэ деплъынти, псалъэм папщIэ, псыр усакIуэм къызэригъэпсалъэм:
Толъкъун псыгъуэр, Iуданэу етIатэ,
Зэредзэжри, къысфIощI загъэгусэ
(«Псынэм ехь си нэ-си псэр»);
Дунейм хуохъуахъуэ псыежэхыр,
Iэгуауэу мывэхэр зотIыркъ.
(«Гъатхэ жэщ»);
Псыежэхыр зыщIар щхьэхуэпсалъэ
Гъуэгуанэ кIыхьыр аракъэ езыр.
(«ЩыIэкъым зыщIэ гъуэгум и пIалъэ»).

Ацкъаным и мафIэр зэщIост, мэлынд, зоджадэ, «щхьэегъэзыпIэ къелъыхъуэ»:
МафIэ зеджадэ, хьэкум илъ мафIэ -
тIуми псэхупIэ ямыгъуэтын.

Жьапщэм и хьэлыр усакIуэм гъэщIэгъуэну дегъэцIыху. Зэм ар зыпэмыплъауэ (жьыбгъэу) къыщIедз», зэм «золъатэ жьапщэр, хъууэ бауэкIэщI, еIуатэ хъыбар кIыхьу зэ жыIэгъуэр», зэм «и бэуэгъуитI зэмыщхьу къопщэ».
Ацкъаным и усыгъэм ухэткIэрэ, щIыуэпсым щыщ уохъу. КъэкIыгъэм, псым, губгъуэм, уафэм, дыгъэм, щIылъэм, жьапщэм жаIэр зэхыбох, я гуауэр зыхыбощIэ, я гукъеуэр зыхыбощIыкI, гурыфIыгъуэ гуэрхэр къахуболъыхъуэ. Хьэпшып щхьэхуэхэр, Iуэхугъуэхэр къегъэпсэупэри, ахэр псэ зыIутым пыдощI. ИтIанэ, телъыджэу зыкъызэредзэкIри, хьэпшып щхьэхуэм псэ зыIутыр иригъапщэкIэрэ, псэ Iумытыж мэхъу. Къэгъэпсэуныгъэ Iэмалыр зэгъэдзэкIауэ къэгъэсэбэпа мэхъу. Унэ кхъахэхэм ирегъапщэ мыпсэужхэр. Зи блын къищэщ, зи Iэбжэ-набжэ хэсысыхь унэ бгынэжам жьыбгъэр хуит щыхъуащ, пщIантIэр удз кIырым зэщIищтащ, бзу макъи абы къыдэIукIыжкъым. Ауэ… усыгъэ лIыхъужьым а унэр игу илъщ, псэкIэ абы пыщIащ.
ЩыIэщ уи нэр хуэза къыщыпщыхъу
мис апхуэдэу Iыхьлы мыпсэужым, - жеIэ усакIуэм. УсакIуэм и тхыгъэхэм куэду хэтщ укъэзыгъэуIэбжь сатырхэр. Мыр зы щапхъэ закъуэу аращ. Усыгъэм и бзэкIэ дунейм и Iэгум кърещыпыкIыр образ. Абы и «вагъуэхэр мэкIэзыз», «ятIагъуэ бгъэгур къегъачэ», и «пшагъуэр хьэлъэу мэбауэ», и «дыгъэр мэукIытэ», и «жыгхэр къожеех», и «псыежэхыр мэхъуахъуэ», и «бжьыхьэ жэщыр мэщэIу».
Жыжьэ уегъэгупсысэ Ацкъаным и усыгъэм къыхэщ лъэпкъ гурыгъузым. ЛIыхъужьыгъэ тхыдэ дыщроплъэж сатырхэм. Абы лъэпкъым и шыфэлIыфэр нэсу къыхощ: лIыгъэ ищIэнумэ, ажалым зыпыIуидзынукъым адыгэм, атIэ абы нэхъри бгъэдэкIуэтэнущ. И къалэмыр лъэпкъым щыхуигъабзэкIэ, тхыдэ Iэужьыр IупщIу тыболъагъуэ. Гурэ псэкIэ лъэпкъым дыкъуегъэувэ, дыхуегъэгузавэ, дегъэгупсысэ, дыхегъаплъэ. Гу лъащIэм къыщыплъа упщIэ куэди лъэпкъым хуэгъэпса усэ сатырхэм хоупщIыIуэж. Мыри зыхыбощIэ: адыгэ лъэпкъыр зыгъэуардэр и лIыгъэрщ!
ЩIэщыгъуэу къыхощ усыгъэм гухэлъыр. Гумахэ-псэмахэ мэхъу ар къызыпкърыхьар:
Зым хулъэмыкIыу щIиуфэн
щыджэгут си нитIым гухэлъ мафIэр.

Е:
Абы я гъащIэм сыщыкIуэдт,
езым си гъащIэр сщагъэгъупщэу.

Ацкъаным и дэтхэнэ усэри макъамэ щабэу мэIу. А усыгъэ лъахэм зыщызыплъыхьа гум Iэмал имыIэу гуапагъэрэ дахагъэрэ лъэужьу къытонэ.

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: