«Бзэ куэд зыIурылъ Пушкин»Апхуэдэ фIэщыгъэр зиIэ махуэшхуэ зэхыхьэ иджыблагъэ щекIуэкIащ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым. ЕджапIэ нэхъыщхьэм и пресс-IэнатIэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, ар теухуауэ щытащ урыс усыгъэм и вагъуэ Пушкин Александр къызэралъхурэ илъэс 220-рэ зэрырикъум. ХьэщIэ лъапIэ, хьэлэмэт куэд къеблэгъат университетым а махуэм. Абыхэм яхэтт Онегин Евгений, Ларинэ Татьянэ, урыс щоджэныр, Балда, Къыу Гуащэр, Елисей пщы щауэр, СулътIан пащтыхьыр усакIуэ гъуэзэджэм и тхыгъэ уахътыншэхэм хэт нэгъуэщI персонажхэр. Ахэр зыр адрейм хэбгъэгъуэщэнкIэ е къыумыцIыхункIэ Iэмал иIэтэкъым, апхуэдизу къызыхуэтыншэу хуэпат икIи псалъэрти. Абыхэм къахэщырт езы Пушкин дыдэри. А литературэ лIыхъужьхэм я теплъэр яфIэхьэлэмэту абыхэм якIэлъыплъырт Пушкиным и усэхэм къеджэну гукъыдэж яIэу университетым щызэхуэсахэр: студентхэр, пэщIэдзэ классхэм щеджэхэм къыщыщIэдзауэ класс нэхъыжьхэм щIэс школакIуищэхэр.
Поделиться:
Читать также:
26.04.2024 - 15:42 →
Фэеплъ жыг хадэхэр ягъэтIысынущ
25.04.2024 - 14:33 →
Iус зэхэлъым къыщIэупщIэм хохъуэ
25.04.2024 - 13:00 →
Хэкур фIыуэ лъагъуным хуаущий
23.04.2024 - 19:01 →
ГъуэгуфIхэр нэхъыбэ мэхъу
23.04.2024 - 13:54 →
Зэхуэсышхуэм зыхуагъэхьэзыр
|