ГукъэкIыжхэр
(ПэщIэдзэр шыщхьэуIум и 29-м итщ.)
Ди нэ къызыхуикI
Сэ сыартистщ, сымыартистами, си нэ къыхуикI зэпытынут дуней псом щыцIэрыIуэ киностудием – Голливудым. ЦIыху мелуанипщI зыдэс Лос-Анджелес къалэм дэтщ а киностудиер. Ар здэщыIэ хьэблэм дэсхэр псори артистщ, псэукIэфI яIэщ абыхэм, зыхуэныкъуэ щыIэкъым, унэ дэгъуэхэм щопсэу. Артист цIэрыIуэ куэд щылэжьащ Голливудым, абыхэм я фэеплъым хуосакъ нобэрей щIэблэр.
Махуэ къэс цIыху мелуаниплI щызэблокI Голливудым. Зы махуэкIи пхузэфIэкIынукъым, киностудие абрагъуэр къызэхэпкIухьын мурад пщIамэ. ДэнэкIи зыгъазэ – къабзэлъабзэщ, гъуэгухэми лъагъуэхэми техьи, уигу пэщыху къэкIухь, зыщIыпIэ дежи щыплъагъунукъым тхылъымпIэ кIапэ. УзримыхьэлIэххэнур псэущхьэхэрщ – Iэщ е джэдкъаз, ахэр щыплъагъунур киностудием убгъэдэкIрэ жыжьэ уIукIуэта нэужьщ. Голливудым щытраха фильм гуэрхэр тлъэгъуащ ди щIалэгъуэм. Дигу къэдгъэкIыжынщ «Тарзан»-р - мы киностудиеращ ар щытрахар. ЦIыху Iув щызэхэзокIуэ Голливудым и унэхэм, пщIантIэхэм - абыхэм я зы кIапэщ махуэр зи кIыхьагъым узыхунэсынур, ари мелуаниплIым уахэзэрыхьауэ. Уахэзэрыхьа щхьэкIэ, угъуэщэнукъым: дэтхэнэ лъагъуэми гъуазэ гуэр иIэщ, уигъэщхьэрыуэнукъым. Гузэвэгъуэ хэхуауэ зы цIыхуи щыплъагъунукъым Голливудым, ягурэ я щхьэрэ зэтелъщ псоми, Iэдэбщ, щэныфIэщ дэтхэнэри. Голливудым теухуауэ стхыр я фIэщ мыхъункIэ сошынэ. Си нэкIэ сымылъэгъуатэмэ, сэри си фIэщ мыхъунри хэлът: а псори тщабзыщIауэ дыкъагъэтэджащ дэ.
Голливудым щылажьэ артист зыбжанэм сазэрыIущIар си гуапэ хъуащ. ДызэрыцIыхури, псэлъэгъу дызэхуэхъуащ. СыкъыздикIар щажесIэм, я нэр къыстраубыдэри, ней-нейуэ къызэплъащ: «ЗэуакIуэ укъежьа?» - жаIагъэнщ ягукIэ. Дауи, зэуакIуэ сазэрыхуэмыкIуам щыгъуазэ хъунт ахэр - хъыбар Iэджэ зэхахырти, арагъэнщ къызыхахар. Ней-нейуэ къызэплъахэр щIэх дыдэ нэжэгужэ къэхъужащ, ныбжьэгъу дызэхуэхъуауэ дызэбгъэдэкIыжащ…
ПцIым лъакъуэ щIэткъым
Калифорнием дыщыIэху, етIысэхыпIэ димыIами ярейщ: пщыхьэщхьэ хъуамэ, унагъуэ гуэр дохьэ, абы жэщыбг хъуху дыщызэхэсщ, жэщ ныкъуэм нэгъуэщI зы унагъуэ дрегъэблагъэ. ДызыгъэхьэщIэм и унэм лъагъунлъагъу къакIуэр мащIэкъым. Унэм дыщихьэкIэ вакъэр лъыдагъэхыркъым - ар Америкэм щымыхабзэущ къызэрыджаIэр. Дэнэ деблагъэми, щынэ е гуэгуш гъэжьауэ Iэнэм къытралъхьэ. Джэд зэзэмызэщ щытлъагъур. Iэнэм къытралъхьэ адыгэ пIастэ, бжьыныху шыпс, кхъуейжьапхъэ, американ, хьэрып шхыныгъуэхэри къыщIагъу. Адыгэ шхыныгъуэхэм пащI щыIэкъым – абы гу лъыстащ, дэнэ унагъуэ симыхьами. Фади къытрагъэувэ Iэнэм, еIуб фIэкIа ирагъэлейркъым.. Къэхьауэ (кофе), шей - абыкIэ щIачэркъым, зэпамыгъэуххэр тутынырщ. Хъуэхъу кIыхьыр яфIэфIкъым. Пшынэр къащтэ, шхэныр зэфIэкIамэ. Нэхущ хъуху зэпыунукъым абы и макъыр.
НэгъуэщI къэрал къикIауэ хьэщIэ къахуэкIуамэ, дэ дызэрыс унэм нрашэ – ар хабзэ яхуэхъуащ Шыкъхэ дазэрыхыхьэ лъандэрэ. Дыуэршэрурэ дызэхэсщ къытхуеблэгъамрэ дэрэ. Ди программэм къызэрыщагъэлъэгъуащи, къыщIэупщIэмэ, уэрэд къыхыдодзэ, абы псори къыдожьу. Дешауэ, жей дыхуэныкъуауэ къыхэдгъэщыркъым, яфIэгуапэр яжетIэмэ, и гур дгъэзагъэмэ, дэ нэгъуэщI дыхуейкъым. Уэрэдым кIэлъокIуэ хъыбархэр – бысымми къытхуеблагъэхэми зыщIэупщIэн я мащIэкъым. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, нэхъыбэрэ зыщIэупщIэр хэкужьым и хъыбарщ: сыт я псэукIэ Кавказым къинахэм, сыт я IуэхущIафэ? ЛIэщIыгъуэм куэдкIэ щIигъуащ ахэр адэжь щIыналъэм пэIэщIэ зэрыхъурэ. нобэ сыт я дуней ди лъэпкъэгъухэм? Абы и пэжыпIэр ящIэмэ, я гукъыдэжыр нэхъ ин хъуауэ фэ ябоплъ.
Хэкужьым къикIахэм ябгъэдэсщ нобэ, йоуэршэрылIэ. IуэрыIуэтэжурэ зэхах хъыбарым нэхърэ нэхъ яфIэкъабылщ лъагъунлъагъу къэкIуа хьэщIэхэм я псалъэр. Хэкужьым къикIауэ артистхэр, пшынауэхэр я щыпэлъагъущ бысымхэм, абыхэм зэрабгъэдэсым иропагэ, я нэм, я псэм дыхуахь, зыкъытщагъэнщIыркъым, я упщIэхэр куэд дыдэщ. ЗэрытхузэфIэкIкIэ жэуап идот, зыри щIэдуфэркъым, ящыдбзыщIыркъым. ПцIым лъакъуэ щIэткъым, нобэ пцIы яхуэдупсмэ, пщэдей къыщIэщыжынущ – ди напэр щытекIар итIанэкъэ!
Нэху къыттещхьэху дыпсалъэу дызэрыщысар ящIэрэ пэт, пщэдджыжьым жьыуэ лъэIуакIуэ къытхуэкIуэри мащIэкъым: «Сыхьэт ныкъуэ нэхъ мыхъуми, си унэ фынихьэ!» «Хэкужьым къикIауэ хьэщIэ исащ абы и унэм», - аркъудейр къызэрыхужаIэнум нэхъ хэмылъми, ди ужь икIыркъым лъэIуакIуэхэр. Дауи, апхуэдэр тхуэгъэщIэхъунутэкъым дэ, чэзууэ псори зэщIэдгъэхьэн тхузэфIэмыкIми.
Адыгэм и зэхыхьэн зэрыкIыхьым хуэдэщ и зэхэкIыжынри. КъыддогушыIэ: «Вгъэзэжмэ, зывгъэпсэхужынщ, нобэ гугъу зыкъыддевгъэхь, етIуанэ гъуэгу дэнэ фыкъитхыжын?» Дешауэ фэ ттеткъым дэ, е ягу къытщIэгъуа, сытми, къытхуэсакъ зэпытащ дахэтыху, тхуэмышэчын хьэлъэ къыттралъхьакъым, дигу хэзыгъэщIын псалъэ зэхыдагъэхакъым.
Дешауэ фэ къыдаплъми, абы гу лъыдмытафэ зытедгъауэрт дэ, къыщыдэджэм дыхьэзырт. Нэхъыбэрэ дызэIущIэмэ, нэхъ къатщтэрт. Арат гъуэгу жыжьэ дыщIытехьар. ЗыщIэупщIэхэм жэуап тэмэм тхуетмэ, ягу дгъэзагъэмэ, дэ нэгъуэщI дыхуейтэкъым. Аращ зи ужь дитар, хьэщIапIэ дисыху. Ар къыдэхъулIауэ плъытэ хъунущ.
Нью-Йорк дэт
Къэбэрдей Адыгэ Хасэм
дрегъэблагъэ
ПщыхьэщхьэкIэрэ дыщызэIущIэхэм деж цIыху Iущ куэдым нэIуасэ дахуэхъуащ. Абыхэм ящыщщ Лъэцэрыкъуэ Iэюб. Сирием къикIауэ, адыгэ IуэрыIуатэр (хъыбарыжьхэр, таурыхъхэр, псысэхэр, уэрэдыжьхэр) зэхуехьэс абы. Iэюб пщыхьэщхьэ зыбжанэкIэ ди гъусащ, и ныбжь хэкIуэтами, цIыху жанщ ар, лъэрызехьэщ, гурыхуэщ. Адыгейм исщ Iэюб и унэкъуэщ, ди пшынауэ Iэзэм, Лъэцэрыкъуэ Ким, и хъыбар щыгъуазэщ. Iэюб абы фIэхъус гуапэ къыхузигъэхьыжащ.
Хамэ къэралхэм къикIыурэ адыгэ куэд къыткIэлъыкIуэ хъуащ иужьрей зэманым, дяпэкIэ нэхъыбэж хъун си гугъэщ ахэр. Дызэрыт зэманым и фIыгъэщ ар, ди деж лъагъунлъагъу къэкIуэнум пэрыуэн щыIэжкъым. Ди жагъуэ хъур нэгъуэщIщ: зыплъыхьакIуэ, лъагъунлъагъу къакIуэ фIэкIа, хэкужьым щетIысэхыжын мурад зиIэр мащIэщ. ДызэпыIудзауэ щытащ нэхъапэIуэм, дызэкIэлъыкIуэн къыдэхъулIащэртэкъым, лъэпощхьэпор, щхьэусыгъуэр ди мащIэтэкъым - дэри хамэ къэралхэм щыпсэу адыгэхэми. Иджы, Тхьэм и шыкурщи, ди бжэр зэIухащ, лъакъуэпэщIэдз къытхуащIыжыркъым, дызэкIэлъыкIуэнуми дызэрылъагъунуми дэращ зэлъытащ - ди жэрдэмрэ ди гукъыдэжрэщ. Лъагъунлъагъу укIуэнри къыпкIэлъыкIуэнри хъарзынэщ, ауэ аркъудеймкIэ зэфIэкIынукъым, абы Iуэху куэд къылъыкъуэкIынущ. КъылъыкъуэкIын хуейщ, дыадыгэмэ, ди лъэпкъым и гукъеуэр, и гуращэр зыхэтщIэмэ…
Апхуэдэ гупсысэм сыхэджэрэзауэ сыздэщысым, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд унэм къихьэри къызжиIащ:
- Нью-Йорк дэт хасэм дрегъэблагъэ, къытпоплъэ, зы тхьэмахуэ хуэдэкIэ дахэтмэ, я гуапэ хъунущ.
Мухьэмэд къызжиIар си гуапэ хъуащ.
- Апхуэдэ лъэIу щаIэкIэ, дыкIуэнщ, дахыхьэнщ, дгъэщIэхъункъым, - арэзы сыхъуащ сэ.
- Дезыгъэблагъэр Патерсон дэт Къэбэрдей Адыгэ Хасэращ, - жиIащ Мухьэмэд. ЗаулкIэ зиIэжьэри, сэмэркъоурэ къыщIигъужащ: - Дезыгъэблагъэр Къэбэрдей Хасэращ, Бжьэдыгъу Хасэракъым. Бжьэдыгъухэм уахыхьэмэ, къэбэрдейхэм яфIэфI хъущэнукъым, уеблэмэ я жагъуэ хъунущ. КъыбгурыIуэрэ ар?
- Ар хъун? – сыкъэуIэбжьащ сэ. – Сэ Адыгейм сыкъикIащ. Адыгэкъэ бжьэдыгъухэр? ЕмыкIу длэжь хъурэ? Ягу къыдэбгъэнкъэ?
- ЕмыкIуми екIугъэми, аращ Iуэхур зытетыр. Бжьэдыгъухэм уахыхьэмэ, къэбэрдейхэм яфIэфI хъунукъым, - аргуэру мэгушыIэ Мухьэмэд. - Акъылэгъу укъыздэмыхъумэ, дыкIуэххэнкъым. Ар жысIэ щхьэкIэ, дыкIуэн хуейуэ къыттохуэ: мыбы дыкъыщыса махуэм щыщIэдзауэ къызолъэIу къэбэрдейхэр, дахэмыхьэмэ, я гум деуауэ аращ, зыкъытхуагъэгусэнущ, - трегъэчыныхь иджы ХьэфIыцIэм.
- Бжьэдыгъухэм я хасэм сыхамыгъэхьэн ялъэкIынкъым, - жысIащ сэ. – СыщыхэбгъэзыхькIэ, сыныбдэкIуэнщ. Бжьэдыгъури къэбэрдейри зыщ си дежкIэ – зэхэдз сщIыркъым.
(КъыкIэлъыкIуэнущ.)
Буддэ ди щыхьэту лъэпкъ Iуэхум дытопсэлъыхь ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ сэрэ.
Сан-Францискэ. 1989 гъэ, накъыгъэм и 15
Лас-Вегас и жэщ хьэщIэхэр: Мурат Чэпай, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Джэтауэ Самир.