Я лэжьэгъуу щытахэр ящыгъупщэркъым

Тезырхэр егъэпшынынымкIэ федеральнэ къулыкъум и IуэхущIапIэу КъБР-м щыIэм и пщIантIэм дэтщ зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда я лэжьакIуэхэм я фэеплъ. Абдеж пэкIу щекIуэкIащ жэпуэгъуэм и 13-м. Абы хэтащ щIыналъэ УФСИН-м и унафэщIхэр, КъБР-м и УИС-м и ветеранхэр, я къалэн ягъэзащIэу хэкIуэда я лэжьэгъухэм я унагъуэхэм ящыщхэр, дин лэжьакIуэхэр. 

Фэеплъ пэкIур къызэIуихащ КъБР-м щыIэ УФСИН-м и унафэщI, къэрал кIуэцI къулыкъум и полковник Лыхь Аслъэн.
- Нобэ дэ дызэхуэсащ республикэм и мамырыгъэр зыхъумэу зи гъащIэр зыта ди ныбжьэгъухэм я фэеплъым пщIэ хуэтщIу. Зыри зыпэмыплъа гузэвэгъуэшхуэм абыхэм къыщагъэлъэгъуащ лIыгъэ,- жиIащ Лыхьым. Ягу къагъэкIыжхэм я Iыхьлыхэм яжриIащ я лэжьэгъуу щытахэр зэи зэращымыгъупщэнур, КъБР-м щыIэ УФСИН-м и унафэщIхэм абыхэм я унагъуэхэм сыт щыгъуи зыщIагъэкъуэну зэрыхьэзырыр.
Дин лэжьакIуэхэр хэкIуэдахэм тхьэ яхуелъэIуащ. Къызэхуэсахэр дакъикъэкIэ щымри, фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьащ.
АдэкIэ УФСИН-м и унафэщIыр хэкIуэдахэм я Iыхьлыхэмрэ ветеранхэмрэ ядэуэршэращ шей Iэнэм пэрысу. Лыхь Аслъэн Iыхьлыхэм щепсалъэм щIэупщIащ я унагъуэхэр нэхъ зыгъэпIейтей гугъуехьхэм, ядэIэпыкъун папщIэ.
- УФСИН-м и унафэщIхэмрэ абы и лэжьакIуэхэм­рэ ди къалэнщ республикэм и зэIузэпэщыгъэм зи гъащIэр щIэзыта адэхэм, щхьэгъусэхэм, бынхэм я Iыхьлыхэм защIэдкъэкъуэну. Фэ зыкъытхуэвгъазэ хъунущ дэIэпыкъуэгъу фыхуейуэ,- яжриIащ Лыхь Аслъэн.
 Урысей ФСИН-м и управленэу КъБР-м щыIэм и нэIэ ятетщ хэкIуэда я лэжьэгъухэм я унагъуэ 13-м. Абыхэм зыщIагъакъуэ яхузэфIэкIымкIэ, хэкIуэдахэм я фэеплъу спорт зэхьэзэхуэхэр илъэс, къэс ирагъэкIуэкI. УФСИН-м и лэжьакIуэ хэкIуэдахэр щеджа школхэм щагъэуващ я цIэр къызытещ фэеплъ пгъэбгъухэр.
 

КъБР-м щыIэ УФСИН-м и пресс-IуэхущIапIэ.
Поделиться: