НОБЭ

Бадзэуэгъуэм и 25, гъубж

         1886 гъэм къалъхуащ Иорданием щыщ къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ, юстицэмкIэ министру, депутату, Адыгэ Хасэм и тхьэмадэу щыта Хьикмэт (МафIэдз) Умар.

         1917 гъэм къалъхуащ КъШР-м и цIыхубэ тхакIуэ Ахъмэт Мухьэдин.

         1936 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, ЩIДАА-м и академикыу щыта, Адыгейм щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Хъут Шэмсэдин.

         1948 гъэм къалъхуащ АР-м и къэрал лэжьакIуэ, журналист, политикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор КIэрашэ Аслъэнбэч.

1949 гъэм къалъхуащ географие щIэныгъэхэмкIэ доктор, СССР-м и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща Болэ Владислав.

1972 гъэм къалъхуащ АР-м щIыхь зиIэ и журналист, «Шапсугия» газетым и редактор нэхъыщхьэ Ныбэ Анзор.

1983 гъэм къалъхуащ боксёр, Олимп джэгухэм жэз медаль къыщызыхьа, Урысейм бокс спорт лIэужьыгъуэмкIэ щIыхь зиIэ и мастер Хърачэ Мурат.

Дунейм и щытыкIэнур

         «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу  щыщытынущ.  Хуабэр махуэм   градус 26 - 28-рэ, жэщым градус 18 -  21-рэ щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

ЩIалэ ебгъэлъагъур и гъуэгущ.

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.

 

 

Поделиться:

Читать также:

27.04.2024 - 09:56 НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ