Мурадхэр я мащIэкъым

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и жьауэм щIэту щIэныгъэ лэжьыгъэшхуэ езыгъэкIуэкI «Эрмитаж - Кавказ» щэнхабзэ-егъэджэныгъэ центрым къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр къызэщIэзыубыдэ тхылъхэр къыдэгъэкIынымкIэ ЩIэныгъэ советым и зэIущIэ гъэщIэгъуэн иджыблагъэ екIуэкIащ. Ар теухуат Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я дамыгъэхэмрэ кIыпхъэхэмрэ, бэракъхэмрэ сэнжакъхэмрэ, тхьэбзэхэмрэ лъабзэхэмрэ зыдж икIи къэзыхутэ щIэныгъэлIхэм я IэдакъэщIэкIхэр тхылъ зэужьу зэхуэхьэсауэ къыдэгъэкIа зэрыхъуным.
ЗэIущIэм хэтащ Герцен Александр и цIэр зезыхьэ, егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр Урысейпсо къэрал университетым щIыналъэхэр джынымкIэ и егъэджэныгъэ-щIэныгъэ центрым и унафэщI, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, тхыдэдж цIэрыIуэ Анцифер Николай и цIэкIэ зэхаша комитетым хэт, том куэд хъу, «Санкт-Петербург и лIэщIыгъуищ гъуэгуанэ» фIэщыгъэр зиIэ тхыдэ щIэнгъуазэм и редактор нэхъыщхьэ, Урысейм и геральдикэ зэгухьэныгъэм и унафэщIым и къуэдзэ Яковлев Владимир. Апхуэдэу зэхуэсым и лэжьыгъэм пэIудзауэ хэтащ УФ-м и Президентым деж щыIэ Геральдикэ советым и унафэщI, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, Къэрал Эрмитажым и унафэщIым щIэныгъэ IуэхухэмкIэ и къуэдзэ, Урысейм художествэхэмкIэ и академием хэт Виллинбахов Георгий.
ЗэIущIэм хэтащ «Эрмитаж - Кавказ» центрым и унафэщI Сэралъп Альберт, КъБКъУ-м Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я геральдикэр джынымкIэ и къудамэм и унафэщI Къармэ Руслан, КъБКъУ-м щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэмкIэ и проректорым и къалэныр зыгъэзащIэ Хьэшыр Светланэ, КъБКъУ-м и щIэныгъэ секретарь Iэщын Иринэ сымэ.
ЩIэныгъэрылажьэ гупым къызэрыхагъэщамкIэ, Кавказым щыпсэу лъэпкъхэми тхыдэшхуэ къызэранэкIащ, апхуэдэуи щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэбэ яIэщ, нобэр къыздэсым нэсу къэхута мыхъуауэ, щыIэ лэжьыгъэхэри зыхуей хуэзэу зэхуэмыхьэсыжауэ.
Виллинбахов Георгий зэрыжиIамкIэ, Кавказым щIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ къыпхуэмылъытэну ину, щэнхабзэ и IуэхукIэ лъэпкъхэм я щIэжым зригъэIэтыну псэкупсэ лъапIэныныгъэ куэд къагъэщIащ, абыхэм ящыщ мымащIи нобэм къэсащ. «Кавказ Ищхъэрэм и щIыдэлъху лъэпкъхэм я тхыдэм зауэмрэ зыхъумэжынымрэ епхауэ ухэплъэмэ, зыри къыпхухэлъэгъуэнукъым, къэхутэныгъэ зэпщIэкI Iуэхугъуэхэри нэсу къыпхуэтIэщIынукъым. Псом япэрауэ, узэупщIынущ, сыт апхуэдиз зауэр мы щIыналъэм щIыщекIуэкIар, абы щыпсэу лъэпкъхэри зыщIэзэуар, жыпIэнурэ. Iэмалыншэу къыхэбгъэщынури ахэр я щхьэхуитыныгъэм зэрыщIэбэнаращ. Ауэ а бэнэныгъэр лъэпкъщIэжым и пкъощIэсэ зыщIыр игъащIэ лъандэрэ ахэр зыхэпсэукI дунейм хуагъуэта хущытыкIэхэрщ, зэрагъэпэща дуней лъагъукIэрщ, псэкупсэ зэхэщIыкIырщ. Сыт хуэдэ дауэдапщи къащти, цIыхухъум хуэгъэзамэ, ар щыжакIуэу е хъумакIуэу къегъэлъагъуэ, цIыхубзым уеплъмэ, ар жьэгу мафIэр зымыгъэужьых, цIыхухъум и дамэгъу дэгызэу къыхощ. Апхуэдэ щытыкIэр купщIэкIэ зэщхьми, къэIуэтэкIэр зэхуэдэкъым, щатIагъэ щэнхабзэ фащэр зэщхькъым, пкъралъхьэ дамыгъэхэр зэщхьэщокI. Сыт хуэдэ дауэдапщи унейщи, уней дамыгъэрэ бэракъкIэ яIэт, лъэпкъым е лIакъуэм къыдих Iуэхур зыхуэунэтIар къигъэлъагъуэу, ар гуауэмэ, хуэфащэ бгъэдыхьэкIэрэ хабзэкIэ цIыхухэр зэрыIущIэнумкIэ хъыбар яриту, ар хъермэ - цIыхухэр къакъуэувэну къыхуриджэу. ЖыпIэнуращи, дауэдапщэхэм яхуэдэу, дамыгъэхэри мэпсалъэ. Дэ ди пщэрылъ нэхъыщхьэхэм хохьэ, къыдэпсалъэ дамыгъэхэр зэгъэуIужыныр, щIэныгъэм къигъэув хабзэхэм тету къэхутэныр, къэзыгъэщIа лъэпкъым и пащхьэ илъхьэжыныр. Дунейпсо геральдикэ щIэныгъэм уеплъмэ, жыжьэ нэсащ. Абы пасэрей къэгъэщIыгъэхэр нобэрей я щыIэныгъэм хаухуанэу хуежьащ, жыпIэнуращи, щIэныгъэр тхылъымпIэм къыхэбэкъукIри, гъащIэм хыхьащ. Практикэ мыхьэнэр инщи, кIуэдыпIэ ирамыту зрагъэужь. Дэ геральдикэкIэ дызэджэм къызэщIедгъэубыдэр Урысейм хиубыдэ щIыналъэхэм ящыщу Кавказым, псоми хуэмыдэу адыгэхэм я деж, нэхъ щыхъума хъуащ, цIыхум и гъащIэм увыпIэ пыухыкIахэр щиIыгъыу щытщ. Ар мыужьыхыу унэтIыныр ди Iуэхум щыщщи, мы зэIущIэм абы гъуэгу дахэ къыхуигъуэтыну сыщогугъ», – жиIащ Виллинбахов Георгий.
Адыгэ лъэпкъхэм я тхыдэр илъэс куэд лъандэрэ зыдж Къармэ Руслан, щIэныгъэлIым и псалъэр диIыгъыу къыхигъэщащ практикэ мыхьэнэ зиIэ геральдикэ Iуэхугъуэхэм щIэныгъэм щигъуэтыпхъэ и увыпIэр иубыдыжын папщIэ курыт лIэщIыгъуэхэм къыщегъэжьауэ нобэр къыздэсым утыку кърахьа къэхутэныгъэхэр псори зэхуэхьэсыжын, ахэр тхылъ зыбжанэу зэхэт зэужьу къыдэгъэкIын зэрыхуейр. ЗэIущIэм хэтхэр Къармэм жиIамкIэ арэзы хъуащ.
Лъэпкъ щIэныгъэм дежкIэ мыхьэнэ зиIэ зэIущIэм и лэжьыгъэм хэтахэм ипэ игъэщыпхъэ Iуэхугъуэхэр яубзыхуащ, редактор гупым хэтынухэр ягъэнэхуащ, лэжьыгъэм и пIалъэхэр траухуащ.

 

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: