«КIыщокъуэ еджэныгъэхэр»

Кыщпэк къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм щекIуэкIащ адыгэ тхакIуэ цIэрыIуэ КIыщокъуэ Алим къызэралъхурэ илъэси 109-рэ зэрырикъум теухуа зэIущIэ.
Алим и гъащIэмрэ и творческэ гъуэгуанэ мыкIуэдыжымрэ теухуауэ пэкIум къыщыпсэлъащ жылэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и унафэщI БжэныкIэ Маринэ. Къуажэм дэт курыт школым щIэсхэр апхуэдэу къеджащ КIыщокъуэм и IэдакъэщIэкIхэм: «Сэлэт шырыкъу», «Кхъужьей къудамэ», «СыкIуэнт нэхъ псынщIэу», нэгъуэщIхэми. ЗэIущIэм ирагъэблэгъахэм лейуэ ягурыгъэIуэн хуейтэкъым адыгэ лъэпкъыр зэрыгушхуэ тхакIуэ, усакIуэ щэджащэм лъэпкъ литературэм хуищIа хэлъхьэныгъэр зыхуэдизыр. Ахэр псори щIапIыкIат абы и къалэмыпэм къыщIэкIа тхыгъэ гъуэзэджэхэм.
КIыщокъуэм теухуа пшыхьым къыдэкIуэу, а махуэм къызэхуэсахэм нэхъ гъунэгъуу ирагъэцIыхуащ сабий тхакIуэ, драматург Лыкъуэжь - Тхьэкъуахъуэ Залини. Ар Тэрч къалэм къыщалъхуащ. Курыт еджапIэр дыщэ медалкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым экологиемкIэ и къудамэр, абы къыкIэлъыкIуэу аспирантурэр фIы дыдэу къэзыуха Залинэ химие щIэныгъэхэмкIэ кандидатщ. ГъэщIэгъуэнщ, «высокомолекулярнэ полимер» пкъыгъуэхэр джыным зи зэфIэкI псори езыхьэлIа щIэныгъэ лэжьакIуэм и усэ цIыкIухэмкIэ сабийхэр игъэгуфIэну и гум къызэрыкIа къудейр икIи, дауи, ар абы нобэ ищIа гуращэкъым - егъэджакIуэ унагъуэм къыхэкIа сабийр сыт щыгъуи тхылъ еджэным дихьэхырт…
Лыкъуэжь Залинэ тхылъищ къыдигъэкIащ: «Мэз къызэрымыгуэкIым и таурыхъхэр» (Сказки волшебного леса), «Нартщауэ и дуней», «Вагъуэ абрэджхэр». Иужьрейр урысыбзэкIи дунейм къытехьащ, «Блуждающие звёзды» фIэщыгъэм щIэту.
Таурыхъхэмрэ хъыбархэмрэ къищынэмыщIауэ, Залинэ иIэщ сабий пьесэхэри. Мыр къыхэгъэщыпхъэщ - урысыбзэкIэ тха IэдакъэщIэкIхэр анэдэлъхубзэмкIэ зэридзэкIащ адыгэбзэмрэ литературэмкIэ езыгъаджэ Тхьэкъуахъуэ Фозэ.
ЗэIущIэр ягъэбжьыфIащ Залинэ и тхылъхэр щIэзыджыкIа еджакIуэ ныбжьыщIэ цIыкIухэми. Абыхэм утыкум щагъэлъэгъуащ тхылъым хэт лIыхъужьхэмрэ теплъэгъуэхэмрэ къыхэщу, езыхэм я гупсыси халъхьэу ящIа сурэтхэр.
ПэкIум хэтащ Бахъсэн щIыналъэ администрацэм щэнхабзэмкIэ и къудамэм, районым и библиотекэм, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лIыкIуэхэр, тхакIуэ ныбжьыщIэхэр. «КIыщокъуэ еджэныгъэхэр» зыфIаща зэIущIэр къызэрагъэпэщащ Бахъсэн щIыналъэ библиотекэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхакIуэхэм я зэгухьэныгъэмрэ.
КIыщокъуэ Алим къыщалъхуа махуэмрэ сабий усэхэм дихьэха Лыкъуэжь Залинэрэ траухуа пшыхьыр ягъэдэхащ Кыщпэк дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и и къэфакIуэ гупым. Мыпхуэдэ зэIущIэхэр екIуэкIынущ шыщхьэуIур икIыху.

 

 

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться: