Лъэпкъ уэрэдыжьхэм, хэкум, лъахэм увыпIэ щхьэхуэ щаубыд

Къэбэрдей-Балъкъэрым, Урысей Федерацэм и макъамэ гъуазджэм щыпэрытхэм ящыщщ УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Дау Марианнэ. Абы и творчествэр фIыуэ зылъагъухэм я мызакъуэу, арэзы щIыгъуей критикхэм я дежи пщIэ лъагэ къыщилэжьын хузэфIэкIащ. Марианнэ къыщалъхуа щIыналъэми, къэралым и утыкушхуэхэми, хамэ хэкухэми Iэгуауэ инхэр щыхуаIэт. 
  Кавказ Ищхъэрэмрэ Урысей Федерацэмрэ я щэнхабзэ зэпыщIэныгъэхэм зегъэужьыным хуэунэтIа Iуэхухэм жыджэру хэтщ Даур. 
  «Дау Марианнэ уэрэд жиIэу, къафэу зымылъэгъуар уэрэдым и IэфIыпIэм хэкIыжащ», хужиIауэ щытащ абы тхакIуэ Хьэх Сэфарбий. Ауэ щыхъукIи, Марианнэ нэгъуэщIыбзэкIэ уэрэд жиIэу уедэIуэну гухэхъуэщ. 
  Езым зэрыжиIэмкIэ, Тхьэм къыбгъэдилъхьа зэфIэкIыр егъэджакIуэ набдзэгубдзаплъэхэм ямыунэтIамэ, ар иджы щытлъагъу творческэ лъагапIэм лъэIэсыну фIэщщIыгъуейт. Артистхэр щагъэхьэзыр ГИТИС-м щыщIэса илъэсхэм абы и насып кърихьэкIри, вокалымкIэ егъэджакIуэ профессор Потаповская Динэ, курсым и художественнэ унафэщIу щыта, актёр Iэзагъым хуезыгъасэ, СССР-м щIыхь зиIэ и артист, режиссёр, профессор Анисимов Геннадий, сценическэ бзэмкIэ и егъэджакIуэ профессор Титовэ Александрэ сымэ, нэгъуэщI егъэджакIуэ цIэрыIуэхэри я IэзагъэмкIэ къыдэгуэшащ Даум. 
 Зэчий инымрэ ар зыщIапIыкIа лъэпкъ гупсысэмрэ куэдкIэ сэбэп къыхуэхъужащ Марианнэ, уеблэмэ, ахэращ бзылъхугъэм щIэгъэкъуэн нэхъыщхьэу иIахэр. 
Кальман Имре — «Марица», «Фиалка Монмартра», Птичкин Евгений — «Бабий бунт», Молэ Владимир — «Дахэнагъуэ», «Къамботрэ Лацэрэ», Легар Франц — «Весёлая вдова», Чайковский Александр — «Верность» оперэхэм, опереттэхэм, музыкальнэ комедиехэм, нэгъуэщIхэми гуимыхуж образхэр къыщигъэщIащ. Даум и творчествэм лъэпкъ уэрэдыжьхэм, адыгэ тхакIуэхэм хэкум, хабзэ дахэм теухуауэ я Iэдакъэ къыщIэкIахэм увыпIэ щхьэхуэ щаубыд. 
 Щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуищIар къалъытэри, I999 гъэм «Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и артисткэ» цIэ лъапIэр абы къыхуагъэфэщащ. 
  I994 гъэм щегъэжьауэ Щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм я профсоюзым и къудамэу республикэм щыIэм и унафэщIщ. А IэнатIэми гурэ псэкIэ бгъэдэт бзылъхугъэм Профсоюзхэм я зэгухьэныгъэм и дамыгъэ лъапIэхэр къыхуагъэфэщащ. Къапщтэмэ, 2015 гъэм ФНПР-м и дамыгъэ нэхъ лъапIэмкIэ «За заслуги перед профдвижением России» жыхуиIэмкIэ ягъэпэжащ. 
  Щэнхабзэм зегъэужьыным хуищIа хэлъхьэныгъэр къалъытэри, 2012 гъэм Дау Марианнэ КъБР-м и Правительствэм и щIыхь тхылъыр къратащ. 
 Сызытетхыхь бзылъхугъэм и зэфIэкIыр къуэпсыбэщ. И лэжьэгъухэм зэрыжаIэмкIэ, ар сыт хуэдэ ролми изагъэ артист гъуэзэджэщ. И цIыху щIыкIэкIэ-щэ? 
  Артист, уэрэджыIакIуэ зэчийм и цIыху щIыкIэр зэремыфэгъуэкIым абы дедгъэкIуэкIа псалъэмакъыр иджыри зэ щыхьэт тохъуэ. 
  ЖызыIэ щыIэщ лэжьыгъэмрэ унагъуэмрэ уехъулIэу пхузэдэмыхьыну, тIум я зыр дэдзыха хъууэ. Дау Марианнэ лъэныкъуитIми  хурикъу цIыхущ, унагъуэми, лэжьапIэми щынасыпыфIэщ. Абы иджыблагъэ дедгъэкIуэкIа псалъэмакъыр ди гуапэу фи пащхьэ идолъхьэ. 
  - СыцIыху насыпыфIэщ. Си лэжьыгъэм ди лъэпкъым пщIэ зэрыхуищIым къару тIуащIэ къысхелъхьэ, - жеIэ ди псэлъэгъум. - СыкъызыхэкIа Дау лъэпкъми, сызыхыхьа Жырыкъхи си ехъулIэныгъэ къэс щогуфIыкI, си IуэхущIафэхэр къыздаIыгъ зэпытщ. Лъэныкъуэ зэмылIэужьыгъуэкIэ зызужьынымкIэ си адэ-анэм яхузэфIэкI къагъэнакъым. Ди псалъэр, ди Iуэху еплъыкIэр ялъытэрт. Дзыхь къытхуащIырти, хуитыныгъэ къыдатырт, ауэ щыхъукIэ, дэри едгъэлей зэрымыхъунур тщIэжырт. Лэжьыгъэми дыщымышынэу, щIэныгъэми дыхуэпабгъэу дапIащ. Ди хьэлыр, цIыху щIыкIэр дыщалъхуа зэманым ипсыхьат. Си насып къикIри, лъэпкъ нэхъ мащIэхэм я щэнхабзэр къаIэтыну яужь щита зэман дахэм сыхалъхуат. «Зым Iэпыхур адрейм къищтэжу» псалъэжьым дытету, дэнэ дыщыIами унагъуэм дыкъыхуеIэжу, зыр адрейм дыхуэпIащIэу дызэхуэсыжырт. Уи гур щызу, укъимыкIуэту утыкум уитыфын щхьэкIэ унагъуэмкIэ уигу мыныкъуэу, абы пщIэ, зэгурыIуэ щытепщэу щытыпхъэщ. 
Щэнхабзэм и Iуэхур
  Щэнхабзэм къэралым хухих мылъкум кIэригъэхуурэ мащIэ дыдэ хъуащ. Талантышхуэ зыбгъэдэлъ цIыхухэр лъэпкъым махуэ къэс къыхэхъуэркъым, иIэхэри щIэгъэкъуэныншэщи, я пIэ иуджыхьу къонэ. Къуажэдэсхэм си гур нэхъ яхуэмыгъуэщ. Щэнхабзэм трагъэкIуэдэн мылъку зэрабгъэдэмылъым къыхэкIыу, абыхэм нэхъ гулъытэшхуэ къэралым яхуищIын хуейщ. ЩэнхабзэмкIэ унэхэр зэдгъэпэщыжын щхьэкIэ республикэр федеральнэ программэхэм дыхыхьэу мылъку къыхэтхыпхъэщ. Узэлэжьынрэ узытелэжьэнрэ гъунэжщ. Щэнхабзэм и Iуэхур къуажэхэм я IэмыщIэ иралъхьэжащ, ауэ къэралыр къадэмыIэпыкъумэ ар яхуэгъэкъаруунукъым. Ахэр псори ЩэнхабзэмкIэ министерствэм епхыжауэ щытыпхъэщ. 
Гумызагъэ
  Сыт хуэдэ роль сымыгъэзащIэми, спектаклхэр зыгъэува режиссёрхэмрэ дирижёрхэмрэ къысхуэмыарэзыуэ утыкум сыкъикIыжакъым. Сыхуэмыхьэзыру сценэм сихьэныр къэгъэнауэ, репетицэ къудейм апхуэдэу сыкIуэркъым. Утыкум сыщIихьэ цIыхухэм пщIэ, нэмыс яхуэзмыщIу зэи къэхъуакъым. Ар псом япэ адыгэ хабзэращ къызыхэсхар. Зызгъэпэгэн, зыкъысфIэщIыжын хуейуи зэи къэслъытакъым. Гъуэгугъэлъагъуэ схуэхъуа куэдым псалъэ дахэ яхуэфащэщ. Щхьэхуэу я цIэ къисIуэну сыхуейщ музыкэм япэ лъэбакъуэр хэсчэным сытезыгъэгушхуа Ахъмэт Щэлэуат, иужькIэ IэщIагъэ зэзгъэгъуэтынымкIэ дэIэпыкъуэгъу къысхуэхъуа Ефэнды Джылахъстэн сымэ. 
Нэхъыщхьэр — гъащIэрщ
  Сыт хуэдэ щIыкIэми соувэф, сыт хуэдэ роли схуэгъэкъаруунущ ауэ абыхэм зэзгъэщхь къахэкIакъым. НэхъыфIу слъагъу роль сиIэу схужыIэнукъым, си дежкIэ роль псори зэхуэдэщ. Нэхъыщхьэр творчествэращ, образыр къыщызгъэщI дакъикъэхэрщ. 
Я гъэсэныгъэкIи щIэныгъэкIи зэмыщхь цIыхухэр зэщыщ сщIыфу, ахэр къэзгъэдэIуэфу схэлъ къарум насыпыфIэ сещI. Ар куэдкIэ я фIыгъэщ си егъэджакIуэхэм, си япэ ита нэхъыжьыфIхэм. Апхуэдэщ япэ дыдэ сызыдэлэжьа дирижёр Бекъул Леонид, Темыркъанхэ Борисрэ Пётррэ, Щэбэтыкъуэ Натбий сымэ. Музыкэ театрыр хъумэным, артистхэм я зэфIэкIым зегъэужьыным я гуащIэшхуэ ирахьэлIауэ щытащ хормейстерхэу Бицу Юрий, ПащIэ Рамед, Кузнецов Юрий, Хьэкъул Розэ сымэ, нэгъуэщIхэми. Ауэ щыхъукIи, гъащIэм нэхърэ нэхъыщхьэ роль цIыхум зэримыIэр жысIэну сыхуейщ. 
Щомахуэ Залинэ.
Поделиться: