Къалэн псоми пэлъэщынущ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ видеоконференц IэмалкIэ екIуэкIа, УФ-м ЩIыналъэхэм зегъэу­жьы­нымкIэ и комиссэм и Президиумым и зэхуэсым. Ар иригъэкIуэкIащ УФ-м и Прави­тельствэм и УнафэщIым и ­къуэдзэ Хуснуллин Марат. ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ лъэпкъ, федеральнэ проектхэр гъэзэщIа зэрыхъум. 

КIуэкIуэ Казбек къигъэлъэгъуащ КъБР-м щагъэзащIэ проектхэм епха бжыгъэхэр. «Иджырей школ» федеральнэ проектым ипкъ иткIэ, ухуэныгъэ 16 яухуэ, абыхэм ящыщу 7-р мы гъэм яутIыпщынущ. Иджыпстурей IуэхукIэ школ 40 нэгъэсауэ зэрахьэ, абыхэм ящыщу 10-р илъэситIым и кIуэцIкIэ яухынущ. Школ 29-м лэжьыгъэр и кIэм щынэблэгъащ. Ахэр зэIузэпэщ щIын Iуэхум хеубыдэ унэлъащIэхэр, зэрырагъаджэ Iэмэпсымэхэр, зыхуэны­къуэхэм - яримыкъу еджакIуэ тхылъхэр къызэрыхуащэхур. 
«Спорт - норма жизни» федеральнэ проектым ипкъ иткIэ Налшык щаухуэ «Мыл уардэунэрэ» «БэнэнымкIэ центррэ», иужьрейр ­яухауэ жыпIэ хъунущ. «Узыншагъэр хъумэн» проектым ипкъ иткIэ лышхым щеIэзэ диспансеррэ зы махуэм къриубыдэу цIыху 500 зэкIуэлIэфыну къалэ поликлиникэрэ яухуэ, IуэхущIапIэ 14 зэ­рагъэпэщыж. «Щэнхабзэ» проектым ипкъ иткIэ гъуазджэмкIэ са­бий школхэмрэ къуажэхэм дэт щэнхабзэмкIэ унэхэмрэ зэрахьэ. ­КИФЩI-м зегъэужьынымкIэ программэм ехьэлIауэ «Азау - Эльбрус» зэпылъыпIэр зэрагъэпэщыж, Тырныауз щIыуэпсыр зыгъэкъабзэ Iэмэпсымэхэр щагъэувын щIадзэ. 
Къуажэхэм къызэщIэубыдауэ зегъэужьыным епха программэм ипкъ иткIэ IуэхущIапIи 10 яухуэну къалэн зыщащIыжащ, абыхэм хеу­быдэ жылагъуэ Iуэху зезыхуэ лэжьакIуэхэр зыщIэсынухэмрэ зы­хэпсэукIыпхъэхэмрэ (инфраструктурэ). «Псы къабзэ» проектым и фIыгъэкIэ IэнатIэ 13 зэIузэпэщ ящIыжынущ, къалэхэм псы зэрыщызекIуэ бжьамийхэр къагъэщIэрэщIэжынущ. «Къарэ-Су - Бабугент - Къэщкъэтау» зэпрышыпIэм ирикIуэ бжьамийхэр щIым щIалъхьа­-кIэщ, иджыри IуэхущIапIих яутIыпщыным хуагъэхьэзыр. Къалэр псэупIэ тынш щIыным епха лэжьыгъэхэм япкъ иткIэ жылагъуэ ­пщIантIэ 48-рэ, унэ пщIантIэ 110-рэ зыхуей хуагъэзащ, Нарткъалэ дэт къалэ паркыр щIэрыщIэу зэрагъэпэщыжащ. IуэхущIапIэ 17-м лэ­жьыгъэхэр и кIэм щынэблэгъащ. 
«ФIагъ лъагэ зиIэ гъуэгу шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектымрэ ­гъуэгу телъхьэнымкIэ федеральнэ проектхэмрэ япкъ иткIэ щIыпIэ 88-м лэжьыгъэ щрагъэкIуэкIынущ, абыхэм ящыщу 4-м - илъэситIым и кIуэцIкIэ. ЩIыпIэ 73-м зыхуагъэувыжа къалэнхэр щагъэзэщIакIэщ. 
«Проектхэми программэхэми зэрытхузэфIэкIкIэ жану дыхохьэ. ­КъезбжэкIар абыхэм я Iыхьэ мащIэрщ. Къалэн зыщытщIыжа псори зэрытхуэгъэзэщIэнум шэч къытесхьэркъым», - жиIащ КIуэкIуэ Казбек. 

Поделиться: