Шорэ и къуэхэм я къекIуэкIыкIар

Иджы нэхъ зэпкърыхауэ дытепсэлъыхьынщ Шорэ и къуэ нэхъыщIэхэм я къекIуэкIыкIам. Тэрч областым щIы IуэхухэмкIэ щыIэ комиссэм и тэрмэш Нэгумэм 1868 гъэм шыщхьэуIум и 24-м мыпхуэдэ IуэхухэмкIэ зыхуигъэзауэ щытащ Къэбэрдей округым и тет полковник Нурид: «Мы дызэрыт илъэсым и мазаем округым къыщрахьэжьа зэщIэхъееныгъэхэм, цIыху щхьэкуцIыншэхэм зэхаублахэм, си анэ къилъхуа си къуэш Хьэжы гъэпцIагъэ-делагъэкIэ хыхьа хъуауэ щытащ. Иджы ар абы епшыныж – Гумкъалэ лъэхъуэщым исщ. Хуэфащэщ. Сэ жыжьэу яужь ситкъым абы къыIэщIэщIар мыхъумыщIагъэу щымыту жысIэну. Сэ гукIи псэкIи фIыщIэ яхузощI зи IэмыщIэ дилъ унафэщIхэм, а щIэпхъаджэшхуэ абы ищIам апхуэдэу щабэу зэрыбгъэдыхьам щхьэкIэ. Ауэ иджы сэ щхьэхуимытыгъэкIэ ехулIа сохъу фэ, зи щIыхьыр иным, лъэIукIэ зыфхуэзгъэзэным, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, мы зэманым ди анэри си къуэш Хьэжы и щхьэгъусэ бын цIыкIухэр зи гъусэри икъусыкъужкIэ хуэкъулейсызщ. Мис ахэр сэ къызолъэIу Хьэжы хуит къэфщIыжу и хэкум къэвгъэкIуэжыным теухуауэ сынывэлъэIужыну.

…Сэ си лъэIур фэ къысхуэфщIэ хъумэ, схузэфIэкI псори есхьэлIэнщ си къуэшым бгъэдэлъ къуаншагъэшхуэр зэригъэзэкIуэжыным зэрытезгъэлэжьэным. Сэ абы къыгурызгъэIуэнщ ди унафэщIышхуэр гущIэгъу ин хэлъу и Iуэхум зэрыбгъэдыхьар. Поручик Нэгумэ». Мы зи гугъу тщIар нэгъуэщI зы тхыгъэм пыщIэжащ – 1867 гъэм щэкIуэгъуэм и 21-м Къармэ къуажэ щыщ уэркъ фызабэ Нэгумэ Сэлимэт Къэбэрдей округым и тетым хуигъэхьа лъэIум. А тхыгъэм хэт цIэхэр езы документхэм зэрихуам хуэдэу къыдохь. Абы мыпхуэдэу къыщыгъэлъэгъуащ: «Си къуэ Нэгумэ Хьэжы (зи гугъу ищIыр Ериванщ – Б. С.) и къуэш поручик Нэгумэ Урустан мы гъэм шыщхьэуIум и 24-м уэ, зиусхьэным, зыкъыпхуигъэзауэ щытащ Хьэжы мы гъэм и мазаем унафэщIхэм зэрапэщIэувам къыхэкIыу Гумкъалэ лъэхъуэщым илъэскIэ исыну зэрагъэкIуам теухуауэ. Иджы ягъэтIысам и фызымрэ абы и сабий цIыкIуищымрэ зыхэспIыкIын мылъку сызэримыIэм щхьэкIэ анэ гумащIагъэкIэ етIуанэ лъэIукIэ зыпхуэзгъэзэну сытемыгушхуэу хъуркъым си къуэм телъ тезырыр нэхъ мащIэ хуэфщIыну. Сэ си пщэм изолъхьэж си къуэм зэхищIыхьамрэ тетым и гущIэгъумрэ езым къыгурызгъэIуэжыну. Хъуну щытмэ, ар иджыпсту, нэщI мазэ дызэрыхьэнум ирихьэлIэу, зэман гуэркIэ къаутIыпщыжыну сыпщогугъ».

Мы тхыгъэм Нэгумэ Шорэ и унагъуэм, ар зэрызэхэтам теухуауэ зыкъомым щыгъуазэ уащI. Аращ ахэр ди дежкIэ щхьэпэу щIыщытри. Апхуэдэу щытми, мыбыхэм зэIумыбз гуэрхэми ущримыхьэлIэу щыткъым. А лъэIухэм, псалъэм папщIэ, къыщыгъэлъэгъуакъым дапщэщ, сыт щхьэкIэ Хьэжыр – Нэгумэ Ериван – ягъэтIысауэ щытами. Хьэмэрэ езы Нэгумэ Еристан «гупсысэншэ цIыху гуп» жыхуиIэр? Сыт хуэдэ «мазае  Iуэху» абыи и анэми зи гугъу ящIыр? Ериван ягъэтIысыныр пыщIауэ щытащ ар I867 гъэм и мазаем екIуэкIа зэщIэхъееныгъэ цIэрыIуэм жыджэру зэрыхэтам. А зэщIэхъееныгъэр езыр къэзышауэ щытар округым и администрацэм пщылIхэр IугъэкIыжыным теухуауэ иригъэкIуэкIа Iуэхугъуэхэрт. Къэбэрдей округым и тетым езым и IэмыщIэ илъ къудейхэм унафэ яхуищIат а зэщIэхъееныгъэм щыгъуэ властым нэхъ ерыщу пэувахэр жэуап ткIийм ирашэлIэну.

Къэбэрдейм и феодал гъащIэм мыхьэнэ зиIэ увыпIэшхуэ дыди щаубыдыртэкъым мо ищхьэкIэ зи цIэ къитIуахэм щыщ языныкъуэхэм. Ахэр зэщIэхъееныгъэм щыхэтам ящIаIами, абыхэм я лэжьыгъэр зыунэтI нэхъ лъэрызехьэ гуэрхэр я щIыб къыдэтауэ къыщIэкIынут, шэч хэмылъу. Мы зи гугъу тщIа Iуэхум тегъэчыныхьауэ дытемыпсэлъыхьми хъуну къыщIэкIынщ, ауэ къэдгъэлъэгъуэнщ властым ткIийуэ пэщIэтауэ Урысей губернэ пхыдзахэм лъэныкъуэ щрагъэзауэ щытахэр: ТаукIэш Цурэ, Алъхъэс Ахъмэт, Къущхьэ ТIэхьир, Мысост Аслъэнбэч пщыр, ХьэтIохъущокъуэ Бэчмырзэ пщыр, Тамбий Берд, Бабыгуей Iэсхьэд, Къурдэбэрдокъуэ Мырзэбэч, Къып Ислъам, Тэхъу Индрис, Шакъ ЛIыкIэщI, Токъмакъ Ислъам, Къумыкъу Яхья. Ахэр яшауэ щытащ Рязань, Тверь, Калугэ, Орлов губернэ, пIалъэ зэхуэмыдэхэмкIэ. Къэзыгъэзэжыну хуимытыххэхэри яхэтащ абыхэм.

Мыбдежым гурыIуэгъуэ мэхъу Нэгумэ Еристан полковник Нурид лъэIукIэ зыщыхуигъэзам щыгъуэ тIэкIуи фэрыщIу къыпфIэщIыну щIыжиIар и къуэшым IэщIэщIа щIэпхъаджагъэм ар щабэу, гущIэгъу хэлъу бгъэдыхьауэ.

Зи гугъу тщIа лъэIуитIми Нэгумэ Сэлимэт къыхощ зи бынхэр фIыуэ зылъагъу, абыхэм ятегужьеикIа анэу, анэшхуэу. ПщIэншэу ар мазищ нейкIэ пэплъащ и къуэ нэхъыжьым, округым фIыуэ къыщацIыху офицерым, и лъэIум къикIIауэ Гумкъалэ быдапIэм щаIыгъ Ериван къаутIыпщыным.

Щымыхъум, Сэлимэт тегушхуащ зи нысэмрэ абы и бын цIыкIухэмрэ зыфIэгуэныхь анэм къыбгъэдэкI лъэIукIэ унафэщIхэм захуигъэзэну. ИкIи абы и макъыр нэсащ полковник Нурид и деж. Абы и щыхьэтщ Тэрч областым и унафэщIым I868 гъэм щIышылэм и 31-м Къэбэрдей округым и тетым лъигъэIэса тхылъыр. Лорис-Меликовым унафэ ищIырт: «Фэ мы гъэм щIышылэм и I0-м къевгъэхьа рапортымкIэ сэ хуит фызощI нэгъабэ I868 гъэм и мэлыжьыхьымрэ бадзэуэгъуэмрэ Гумкъалэ быдапIэм илъэс зырыз ятелъу вгъэкIуа адыгэхэу Думай Шорэ, Мамхэгъ Алъхъэс, Нэгумэ Хьэжы сымэ икIэщIыпIэкIэ къэвутIыпщыжыну. АбыкIэ фэ къывбгъэдэкIыу занщIэу хъыбар евгъащIэ хъунущ Гумкъалэ плац-майорым». Аращи, Нэгумэ Ериван и бийуэ щытащ пщылI IугъэкIыжыным теухуауэ властхэм ирагъэкIуэкI Iуэху псоми. И пIалъэр къэмысу къаутIыпщыжа щхьэкIэ, мурад быдэ ищIащ хэкум икIыжыну.

ЩIым теухуа комиссэ Къуэдзокъуэр зи тхьэмадэм и тхылъхэм япкъ иткIэ, дубзыхури дэ зэ ттхауэ щытащ Нэгумэ Шорэ и къуэ нэхъыщIэхэр I870 гъэм Тыркум Iэпхъуэжауэ. Ауэ ар тэмэмкъым. Куэд щIакъым дэ ахэр щыIэпхъуа зэманыр нэхъ зыгъэнэхуа, щIэныгъэлI щэджащэм и щIэблэм теухуауэ нэгъуэщI Iуэхухэми нэхъ гупсэхуу щыгъуазэ узыщI тхылъ къызэрыдгъуэтыжрэ. Зи гугъу тщIыр «Къармэхьэблэм щыпсэу хьэжым, Нэгумэ Шорэ и къуэ Еристан хьэжым» Къэбэрдей округым и унафэщIым и деж гъатхэпэм и 2-м 1869 гъэм игъэхьауэ щыта лъэIу тхылъырщ. Абы къыщыгъэлъэгъуащ: «Мухьэмэд бегъымбар лъапIэм и кхъащхьэм щхьэщэ щысщIын щхьэкIэ, Мэчэм зы илъэс хуэдэкIэ сыкIуэну сыхуейт си унагъуэр – щхьэгъусэ Гуащэ – илъэс 30, си къуэ Щыхьымджэрий – илъэси 8, сипхъухэу Щамхъани – илъэси 6, Зрумхъан – илъэси 5, си къуэш Иришид – илъэс 3I-рэ, абы и щхьэгъусэ Даус – илъэс 25-рэ, ахэм я пхъуж Мелхъани – илъэси 2, я къуэ Адэлджэрий – илъэси 7 зи ныбжьхэр си гъусэу. Абы къыдэкIуэуи, зи щIыхьыр ин, сытогушхуэ сынолъэIуну сэрэ си унагъуэмрэ гъуэгум дызыщыхуеину паспорт къызэфтыну, ахъшэу дыжьын тумэни абы папщIэ ныщIызогъу. Мы си лъэIу тхыгъэм Къармэхьэблэ дэс сэ, урысыбзэкIэ сызэрымытхэфым къыхэкIыу, Iэ хьэрыпыбзэкIэ щIызодзыж».

Мы Iуэхум теухуауэ нэгъуэщI зы тхыгъи щыIэщ. Ауэ нэхъ зытегъэщIауэ щытыр Нэгумэхэ Тыркум кIуауэ зэрыщытарщ. Абы тIэкIуи зэхъуэкIауэ къыщребжэкI Тыркум кIуахэу Нэгумэм и унагъуэм хыхьэхэм я цIэхэр: «Къармэ жылагъуэм щыщ Нэгумэ Ридуон хьэжыр – илъэс 35-рэ, и щхьэгъусэ Куэшей – илъэс 30, и къуэхэу Щамджэрий – илъэси 7, ипхъухэу Щамхъан – илъэси 6, Мадинэхъан – илъэси 5, и къуэш Рэшид – илъэс 33-рэ, и щхьэгъусэ Даус – илъэс 32-рэ, къуэхэу Адэлджэрий – илъэс 7, Шамхьун – илъэси 5, къуэшхэу Пщымахуэ – илъэс 20, Хъыжьэ – илъэс 17 хъухэр щIыгъуу».

Мы ищхьэкIэ къыщытхьа тхыгъитIми хэтщ Пщымахуэ (Хъыжьэ) цIэхэр зэм я къуэ, зэми я къуэш хуэдэу. ЖыпIэ хъунущ ахэр тIуми щымыщыххауэ, атIэ я лIыщIэу щытауэ, я зиусхьэнхэм ящIыгъуу Тыркум икIынхэу хуеяуэ аркъудейуэ. Я къуэшхэу, я къуэхэу щIыжаIэр округым и администрацэм ахэр ямыутIыпщынкIэ шынэти аращ.

Нэгумэ зэшхэр – Ериванрэ Ерашидрэ – я унагъуэри ящIыгъуу Тыркум Iэпхъуэжащ I869 гъэм бадзэуэгъуэм и 18-м. Шорэ и щхьэгъусэу щыта Сэлимэт фызабэр, абыхэм ящIыгъуу псэуар, и закъуэу къыщынэм, Псыхъурей Iэпхъуэжауэ щытащ и малъхъэ Алмэ Щолэхъу деж. Зи гугъу тщIы тхыгъэхэм къыщыхьа цIэхэм зы яхэтщ адрейхэми хуэмыдэу гу нэхъ лъытапхъэу – Шамхьун, зэрыхуэбгъэфэщэнумкIэ, 1869 гъэм зи ныбжьыр илъэс 3 ирикъуауэ щытын хуейр. Хэт абы и адэр? Нобэр къыздэсым ар тэмэму убзыхуа хъуакъым. Ар Рашид и къуэу хуагъэфащэу къекIуэкIыу аркъудейщ. Абы и цIэм ухуозэ Ашэбей къуажэдэсхэу I886 гъэм ятхахэм хэту. Абы къыщыгъэлъэгъуащ: «Нэгумэ Шорэ и къуэ Ерустам, абы и къуэшым и къуэ Шамхьун». А зэманым абы и ныбжьыр ирикъуат илъэс 19 (и теплъэм тещIыхьауэ ирата илъэс бжыгъэр арат). Ар Шамхьун и ныбжьыр Ериван и лъэIум къызэрыхэщым тэмэму хуокIуэ. Дэ нобэ шэч къытедмыхьэжу жытIэфынущ Тыркум къикIыжа Нэгумэ Ерустам и къуэшым и къуэ Шамхьуныр Нэгумэ зэшхэм я нэхъыщIэ Рашид (Ерашид) зэрикъуэр, и щIэблэр иджыпсту Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрыщыпсэур. Тыркум абы щыгъуэ икIыжауэ щыта адрейхэм ятеухуауэ зыри тщIэркъым.

Къэбарт Мирэ.

 

Поделиться:

Читать также: