ЩIыналъэм зеужь

Ди лъэпкъым дежкIэ тхыдэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэщ I936 гъэм дыгъэгъазэм и 5-м РСФСР-м хэту Къэбэрдей-Балъкъэр Автономнэ Совет Социалист Республикэ къызэрыунэхуар. Абы щIыналъэм и жылагъуэ, къэрал зэхэтыкIэм и пщIэр нэхъ лъагэ ищIырт.

КъыкIэлъыкIуэ юбилейм, щIыналъэр илъэс 20 зэрырикъум, республикэм нэхъ пасэу зыхуэгъэхьэзырын щIидзат. 1939 гъэм жэпуэгъуэм и 5-м ВКП (б)-м и обкомым и бюром иригъэкIуэкIа зэIущIэм Къэбэрдей-Балъкъэрыр автономие щхьэхуэ зэрыхъурэ илъэс 20 зэрырикъум зэрызыхуагъэхьэзырыну Iуэхугъуэхэм щытепсэлъыхьащ. Республикэм и Iэтащхьэхэм унафэ ящIат къэралыгъуэм и илъэс 20 юбилеймрэ Октябррь Революцэ Иным и махуэшхуэмрэ зэгъусэу 1941 гъэм щэкIуэгъуэм и 7-м зэдагъэлъэпIэну.

Махуэшхуэр егъэлеяуэ зэраIэтынум зыхуагъэхьэзырырт. СССР-м и цIыхубэ комиссархэм я советым деж кинематографиемкIэ щыIэ комитетым мурад ищIат «Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэс 20 ирокъу» фIэщыгъэр иIэу кинофильм трихыну. ЩIэныгъэхэмкIэ академием «Къэбэрдей-Балъкъэрым и промышленностымрэ мэкъумэш хозяйствэмрэ», «Къэбэрдей-Балъкъэр лъэпкъым и тхыдэр» тхылъхэр игъэхьэзырынут. «СССР на стройке» журналым и къыдэкIыгъуэ щхьэхуэр республикэм триухуэнут. КъБАССР-м гъуазджэхэмкIэ и управленэм и унафэщI Темыркъан Хьэту пщэрылъ щащIат изобразительнэ гъуазджэм и лIэужьыгъуэ псомкIи гъэлъэгъуэныгъэ Налшык къыщызэригъэпэщыну. 1940 гъэм къриубыдэу цIыхубэ хозяйствэ унэтIыныгъэм щызэфIагъэкIыну зыхуагъэувыжа къалэнхэм хыхьэу ерыскъы промышленностымкIэ, ухуэныгъэмкIэ техникумхэр, гъэлъэгъуэныгъэ комплекс, драмтеатр яухуэнут, Советхэм я Унэр, Лениным и фэеплъыр нащIысыжын хуейт.

Республикэм и цIыхухэр лажьэрт, шхэжырт, хъер къызыпэкIуэ Iуэхухэм яужь итт, гъащIэм гугъэшхуэхэр хуаIэрэ я пщэдейм фIыкIэ хуэплъэу псэурт. Ауэ куэд дэмыкIыу зыпэмыплъэхха Iуэхугъуэхэр къалъыкъуэкIащ: Хэку зауэшхуэр къэхъеящ. Юбилейм ирихьэлIэу ягъэзэщIэну я гугъахэм щыщ куэд къайхъулIакъым, езы махуэшхуэри ягъэлъэпIакъым.

Зауэ нэужь лъэхъэнэрщ, 1946 гъэрщ, а Iуэхум къыщытрагъэзэжыфар. Зауэм и гъэунэхуныгъэ ткIийхэр зи фэ дэкIа цIыхухэр махуэшхуэм щIэхъуэпсырт. АрщхьэкIэ гуфIэгъуэ зэхыхьэхэм хэтыну псоми къахуиухатэкъым. ЩIыналъэм и автономиер илъэс 25-рэ щрикъум абы щыпсэухэм щыщ куэд Сталиным и репрессием кърикIуахэм ипкъ иткIэ республикэм ирашат. 1922 гъэм лъэпкъитIым – адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ – ягъуэта зэпыщIэныгъэр илъэс 13-кIэ къызэпиудауэ щытащ 1944 гъэм гъатхэпэм и 8-м балъкъэрхэр щIыналъэм зэрырашам.

Зауэ нэужь юбилейр нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм зэхакъута цIыхубэ хозяйствэр щызэфIагъэувэж лъэхъэнэ хьэлъэм ирихьэлIат. Ахэр республикэм зэрырахужрэ илъэсищ дэкIат, а зэманым къриубыдэу щIыналъэм и экономикэмрэ щэнхабзэмрэ зэфIэгъэувэжынымкIэ лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкIат. Промышленнэ предприятэ куэдым лэжьэн щIадзэжат, абыхэм яхэтт Тырныауз дэт вольфрам-молибден комбинатыр, Бахъсэн и гидроэлектростанцыр, машинэ щащI заводыр. Зауэ зэманым абыхэм псоми хэщIыныгъэшхуэ ягъуэтат икIи я лэжьыгъэр къызэтеувыIат.

Зэман кIыхькIэ мылэжьауэ къызэIуахыжащ Кировым и цIэр зезыхьэ санаторэр (зауэр щекIуэкIым ар госпиталу щытащ). Санаторэр илъэс псом лажьэрт икIи зэуэ цIыху 210-м абы зыщагъэпсэхуфырт. IуэхущIапIэм хэтт тхылъ мини 7 зыщIэлъ библиотекэ, концертхэр, театр теплъэгъухэр щагъэлъэгъуэну тIысыпIэ 600 зиIэ пэш щхьэхуэ.

Республикэм и зыужьыныгъэм я гуащIэ халъхьащ литераторхэми. Къэбэрдей къэрал тхылъ тедзапIэм дунейм къытригъэхьащ республикэм и тхакIуэ, щIэныгъэлI цIэрыIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр щызэхуэхьэса «Къэбэрдей АССР» къыдэкIыгъуэр. Абы ихуащ Кокиев Г. и «Къэбэрдейм и тхыдэм теухуа очерк кIэщIхэр», КIыщокъуэ А. и «ЦIыхубэ егъэджэныгъэ», Теунэ Хь., Магдебург И. сымэ я «Литературэмрэ гъуазджэмрэ», Отаров Д. и «Совет властым и илъэс 25-м къриубыдэу Къэбэрдейм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэр зыхуэдар», ЦокIыл К. и «Нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм Къэбэрдейм щызэрахьа хьэкIэкхъуэкIагъэр», Маслов Е. и «Къэбэрдей АССР-м и щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэр» тхыгъэхэр, нэгъуэщIхэми я лэжьыгъэ гъэщIэгъуэнхэр.

Зауэ зэман нэужьыр лъэхъэнэ хьэлъэу щытами, республикэм и цIыхухэми нэгъуэщI щIыналъэхэм къикIа и хьэщIэхэми (уеблэмэ абыхэм яхэтащ Якутие АССР-м щыщхэри) махуэшхуэ дэрэжэгъуэкIэ яхуэупсэн яхузэфIэкIащ. Саугъэтхэмрэ тыгъэхэмрэ къапэплъэрт сабийхэми. Махуэшхуэ зэхыхьэхэм ятеухуауэ республикэ газетым итхырт: «Къэбэрдейм и автономиер илъэс 25-рэ зэрырикъум хуэгъэпсауэ шэIумыл (мороженое) лIэужьыгъуэщIэхэр къыдагъэкI. А махуэхэм ерыскъы комбинатым жылагъуэм ярищэну куэду къыщIигъэкIащ пхъэщхьэмыщхьэпсхэмрэ хьэлывэ IэфIхэмрэ».

Махуэшхуэ зэхыхьэхэр шыщхьэуIум и 3I-м щегъэжьауэ фокIадэм и 3 пщIондэ зэхэтащ. А махуэхэм екIуэкIащ гъэлъэгъуэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр, махуэшхуэ пэкIухэр, шыгъажэхэр. «Спартак» стадионым къыщызэрагъэпэща спорт зэхьэзэхуэ зэхуэмыдэхэмкIэ махуэшхуэр зэхуащIыжащ.

1957 гъэри тхыдэм къэхъугъэ щхьэхуэу къыхэнащ: Азие Курытымрэ Къэзахъстанымрэ къикIыжри, щIыналъэм къагъэзэжащ балъкъэр лъэпкъым щыщхэм. Абы ипкъ иткIи республикэм и лъэпкъ-къэрал ухуэкIэр япэм зэрыщытам хуэкIуэжащ. ЩIыналъэм и зи чэзу юбилейр – 1961 гъэм автономиер илъэс 40 зэрырикъур – Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэм гукъеуэншэу ягъэлъэпIащ. ЩIыналъэм и унафэщIхэм я къэпсэлъэныгъэхэм гулъытэ нэхъыбэ ирату къыхагъэщырт республикэм и жылагъуэ, политикэ ухуэкIэм балъкъэрхэр къызэрыхашэжынум теухуа Iуэхухэр. Махуэшхуэхм ирихьэлIэу газетхэм, радиом, телевидением щрагъэкIуэкIырт Совет властым и илъэсхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм зыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэхэм, СССР-м ис лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэм и мыхьэнэм, социализмэмрэ коммунизмэмрэ ухуэнымкIэ зэрызэдэIэпыкъунум теухуа псалъэмакъхэр.

Зыгъэхьэзырар

ЩхьэщэмыщI Изэщ.

 

Поделиться: