Африканерхэр дапэплъэр пэж?

«Афрокъуажэ» е урысыбзэкIэ «Афродеревня» - апхуэдэ фIэщыгъэ иIэу, къытпэщылъ илъэсищым ди къэралым псэупIэщIэхэр щаухуэнущ. Iуэхур зэраублам и щыхьэту, Тверь областым хиубыдэ Поречье къуажэм япэ жылэм и лъабжьэр шыщхьэуIум и 4-м щагъэтIылъащ. 
Африкэм и дунейпсо конгрессу УФ-м щыIэм и лIыкIуэхэр, Африкэм щыщхэм я зэгухьэныгъэу Урысейм итхэм къикIахэр, Тверь областым и унафэщIхэмрэ къулыкъущIэхэмрэ хэтащ Бологовэ щIыналъэм иджыблагъэ щекIуэкIа дауэдапщэм. Африкэм и дунейпсо конгрессым и ныпым, хьэуам щыхуарзэм, цIыхухэр къыщIызэхуэсам и щхьэусыгъуэр щыму къыбгуригъаIуэрт. 
Кърахьэжьа Iуэхум дытепсэлъыхьын ипэкIэ, «африканер» зыфIащахэр хэтми зыгурыдвгъэгъаIуэ. Зи фэр хужь цIыхухэр Африкэм щихьам щыгъуэ, Голландием, Германием, Франджым щыщу абы Iэпхъуауэ щытахэм къатепщIыкIыжауэ аращ иджыри африканеркIэ е «европей буркIэ» зэджэ а лъэпкъыр. Я анэдэлъхубзэр нидерландхэм я бзэм къытехъукIа «африкаанс» жыхуаIэращ, ар икIи тхыбзэ яхуэхъуащ. Ауэ Хэкужьу къалъытэр Африкэ Ипщэрщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, дунеяплъэ е зэрыпхъуакIуэ мурадкIэ Европэм икIыу, Африкэм щыпсэу хэкурысхэм яхэшыпсыхьыжа нэужь, лъэпкъ щхьэхуэу зыкъэзылъытэжа гупщ бур-африканерхэр. Дэ дызыщыгъуазэ тхыдэ щапхъэхэм еплъытмэ, мыбыхэм уигу къагъэкIыр Кавказ зауэм и кIэм Адыгэ Хэкум ирагъэтIысхьауэ щыта къэзакъхэрщ. Ауэ мы зи гугъу тщIыхэм Урысейр я Хэкуу зэи щытакъым. 
«Дэ ди мурадщ Урысейм къэIэпхъуэну гукъыдэж зыщIа европей бурхэр е африканерхэр щыпсэууэ колоние 30-м нэс духуэну, - Афрокъуажэм и лъабжьэр щагъэтIылъа зэIущIэм щыжиIащ Евразием и дунейпсо университетым и ректор, Африкэм и дунейпсо конгрессым и лIыкIуэ нэхъыжь Клименкэ Константин. - Ахэр Европэм щыщ мэкъумэшыщIэ гупщ, илъэс куэд ипэкIэ Африкэм Iэпхъуауэ. - Африканер куэдым чыристан диныр къащтакIэщ, абыхэм ди къэралыр ягу ирохь, унагъуэм къыдекIуэкI хабзэжьхэр IэщIыб зэрыдмыщIым къыхэкIыу». 
ЗыхэпсэукIыпхъэ (инфраструктурэ) псомкIи зэгъэпэща къуажэщIэхэм хухаха щIыпIэхэм Африкэм къикIыу къэIэпхъуэнухэр мэкъумэшым щелэжьынущ: кIэртIоф къагъэкIынущ, Iэщ зэрахуэнущ. КърахьэлIа гъавэмрэ гъэшымрэ проектым хэт фермер Трофимов Алексей яхузэригъэзэхуэнущ. Абы и фермэрщ Афрокъуажэм и лэжьапIэ нэхъыщхьэу щытынур. Алексей икIи къэIэпхъуагъащIэхэр зыхуей псомкIи къызэригъэпэщынущ: жылэхэр, Iэмэпсымэхэр яритынущ. ШыщхьэуIум и 7-м къызэIуаха «Милкбург» IуэхущIапIэм кхъуей щыхах. Ари мы жэрдэмыщIэм гуагъэхьэнущ. 
Афрокъуажэ зыфIаща IуэхущIэр зэкIэ Мэзкуу, Тверь областхэм щаублэнурэ, адэкIэ зэрыхъум еплъынухэщ. Урысейм и щIыналъэ щхьэхуэхэм езэгъыну къалъытэмэ, щIыпIэ администрацэхэм къэIэпхъуахэм ягу ирихьын псэукIэрэ псэупIэрэ къыхуагъэлъагъуэмэ, ар къэралым и лъэныкъуэ псомкIи щыпхашынущ. МызыгъуэгукIэ къызэгъэпэщакIуэхэм мурад зыхуагъэувыжащ африканер 3000-м нэс къагъэIэпхъуэну: унагъуэ зиIэ цIыху балигъхэмрэ абыхэм я Iыхьлыхэмрэ. 
Программэр илъэси 5-м и кIуэцIкIэ зэфIагъэкIыну я мурадщ. Евразием и дунейпсо университетым фокIадэм и 1-м еутIыпщ интернет IэмалкIэ урысыбзэ щызэбгъащIэ хъуну программэщIэ. Япэ еджэгъуэм Африкэм щыщ цIыху 200-м нэс хиубыдэнущ. Нэхъ пасэу дытепсэлъыхьауэ щытащ дызэрыт илъэсым урысей школхэм африканыбзэхэр яджыну гукъыдэж зиIэхэм апхуэдэ Iэмал зэрыщаIэнум.  
«ДяпэкIэ ди школхэм африканыбзэхэмкIэ упсалъэу зыщыпхуегъэсэнущ, - жиIащ МГУ-м хыхьэ, Азиемрэ Африкэмрэ я институтым и унафэщI Маслов Алексей. - Апхуэдэ Iэмал уеблэмэ Совет Союзым щыгъуэ диIакъым. Иджы IэщIагъэмрэ лэжьыгъэмрэ зэпыщIащи, диплом къызыIэрыхьэм занщIэу лэжьапIэ игъуэтынущ. Африкэм щыпсэухэм я гупсысэкIэр къызыгурыIуэ щIэблэ къыдэкIуэтеипхъэщ, ар зы континент закъуэу къамылъытэу, щхьэж и гупсысэкIэ, и псэукIэ зиIэж щIыпIэ куэду зэрызэхэтыр къагурыIуэу. Институтым къыщызэрагъэпэщыжынущ иджыпсту кIуэдыжхэм хабжэ африканыбзэм и къудамэхэу йорубэ, сомали, суахили, амхар, зулу хуэдэхэр». 
КъэIэпхъуахэм я ХэкущIэм унэхэр щаухуэнущ, сабий садхэр, медпунктхэр къыщызэIуахынущ, IуэхущIапIэхэр щагъэлэжьэнущ. 
ХъыбарыщIэм щIалэгъуалэм тепсэлъыхьын щIадзакIэщ. «Адыгэхэр къагъэIэпхъужыным теухуауэ зыгуэр зэхэфха?» - къыщызыпхагъэIукI телеграм каналхэм. Хэкужьым къэмыпIащIэ ди лъэпкъэгъухэм я пIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр жэнэт унапIэу къызыщыхъу, Налшык лэжьыгъэ зэрыщыбгъуэтынум шэч къытезымыхьэ, Азие Курытым щыщхэр къиувакIэщ. Иджы африканерхэм дапэплъэну?   
ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: