Адыгэхэр я щапхъэт

Адыгэхэм я дуней тетыкIэм, зыхуэпэкIэм, Iуэху зехьэкIэмрэ я хабзэхэмрэ теухуауэ зыплъыхьакIуэхэм къыдалъэгъуа куэд ятхыжащ. Мы тхыгъэ кIэщIым къыщытхьащ шэрджэсхэм я фащэр къазэрыщыхъуу щытар.
 
Анисимов Сергей (совет философ): «Адыгэ щауэр и фэилъхьэгъуэмкIэ Кавказым ис адрей лъэпкъ псоми къахэщырт. Шэрджэсхэм я зыхуэпэкIэ дахэм пасэ зэманми щапхъэ трахыу щытащ. Адыгэ цейр дахэ къудейуэ къанэркъым, ар къагупсысащ зекIуэхэм дежи фэилъхьэгъуэ тыншу. Кавказым ис лъэпкъхэм ар къащтащ я щыгъыныгъуэу».
Монперё де Фредерик Дюбуа (этнограф, зыплъыхьакIуэ): «Абыхэм я фащэу ди нобэм къэсар - гъуэншэдж зэвым къэптал кIыхь къытелъущ. Ар ещхьщ нэмыцэ лъэпкъыжьхэм щыщхэмрэ иджырей литовецхэмрэ я щыгъыным. А лъэпкъ фащэр щыплъагъуфынущ Пасэрей Алыджым и Пантикапей къалэм и фэеплъхэми тету».
Студенецкая Евгение (кавказ лъахэхутэ): «ЗэкIужу, абы щыгъуэми адыгэхэм ирахьэкI гъащIэм тещIыхьауэ, къагупсыса фащэр Шэрджэсым адрыщIкIи цIэрыIуэ щыхъуащ. Адыгэхэр лъэпкъ нэхъ зызыужьахэм къахэщырт я Iуэху зехьэкIэкIи, хабзэкIи, фащэкIи. Абыхэм я лъэпкъ фащэр Кавказ Ищхъэрэм и закъуэтэкъым къыщащIэр атIэ уеблэмэ къэзакъхэми щапхъэ трахащ шэрджэсхэм я фэилъхьэгъуэм, Iэщэ-фащэм, шы тесыкIэм. Ахэр сыт щыгъуи набдзэгубдзаплъэу кIэлъоплъ адыгэхэм я модэм».
Бесс Жан-Шарль (венгрие щIэныгъэлI): «Шэрджэсхэм я щыгъыныр, мы зэманым Кавказым щыпсэу лъэпкъ псоми щапхъэ зытрахар, тыншщ, зэпэщщ, зэкIужщ. Ар хуэгъэпсащ шуууэ ежьэнми зекIуэхэм ирихэтынми».
Барановский Б. (польскэ тхыдэдж): «Польскэ пащтыхь Собесский Ян кавказ лъэпкъхэм я фащэрт нэхъыбэрэ щитIагъэр. Шэрджэс щIыналъэмрэ Куржымрэ щыщатIагъэ фэилъхьэгъуэхэр зыхуэдэр абы и лIыкIуэхэм зэпымыууэ къригъэгъащIэрт. Шы уанэхэмрэ Iэпслъэпсхэмри тригъэщIыкIырт а щIыналъэхэм щыIэм».
Хъан-Джэрий: «Шэрджэс зауэлIым иIыгъ Iэщэм хуэдиз къыздезыхьэкI нэгъуэщI лъэпкъым щыбгъуэтынукъым - ар и щхьэм къыщыщIэдзауэ и лъакъуэм нэсу узэдащ, афэ джанэ щыгъщ. Абы щыгъуэми а псор зыкIи зауэлIым и псынщIагъэмрэ IэкIуэлъакIуагъэмрэ зэран хуэхъуркъым, зэгъэкIуауэ дэтхэнэ хьэпшыпми и гъэтIылъыпIэ-фIэдзапIэ иIэжщи. Шэрджэсхэм я цIыхухъу фащэм и дахагъэмрэ тыншагъымкIэ къытекIуэн фэилъхьэгъуэ сэ щыслъэгъуакъым Азиеми, уеблэмэ Европэми…»
Вейденбаум Евгений (урыс этнограф, тхыдэдж): «Кавказ Ищхъэрэм и бгырыс псоми абыхэм я ужькIэ къэзакъхэми Къэбэрдейм я фащэм, Iэщэм, шы тесыкIэм, нэгъуэщIхэми щапхъэ трахащ, адыгэхэм я дуней тетыкIэм зэпымыууэ я нэIэ трагъэт».
БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:

Читать также: