Вэрокъуэхэ япхъу

                                                   И анэшым и хъыбар пэжыр жызыIэжар си анэ Шэрджэс (Даур) Лизэщ, 1992 гъэм.

         Нобэрей Жьакуэр ипэкIэ здэщыIа хапIэжьым ису КъубатейкIэ щеджэм, абы щыпсэуа Шыбзыхъуэ Хьэжы-дадэ и щIалэ Псэун фыз къишат, Абазэхэм къришри. Къишар пщащэ зэкIуж дахэшхуэт, Iэпкълъэпкъ пIащэрэ къупщхьэшхуэу, нэрыбгэ хъуэпсэгъуэт.

Нысэр зи пхъур Вэрокъуэхэти, и цIэ дыдэ НащхъуэкIэ зыцIыхур и гъунэгъу дыдэхэрат, ауэ нэхъыжьхэри жылэдэсхэри зэреджэу щытауэ яIуэтэжыр «Вэрокъуэхэ япхъущ».

А бзылъхугъэм нэгъэсауэ къаруушхуэ хэлъауэ яIуэтэж. Абы теухуауэ фи пащхьэ ислъхьэр зи фIыщIэр зэрыхъыджэбз цIыкIу лъандэрэ илъэгъуаи зэхихаи кIэрыху щIагъуэ щымыIэу зыхъума си анэрщ.

Ар апхуэдизкIэ гурыхуэу къэгъуэгурыкIуати, илъэс хыщI ипэкIэ къэхъуа-къэщIахэр, и нэгу щIэкIахэр, ухэту плъагъум хуэдэу, уи нэгу къыщIигъэувэжыфырт.

И анэм и анэшхуэ Шыбзыхъуэхэ я нанэжь цIэрыIуэм езыр темыплъами, абы щхьэкIэ жаIэжу зэхиха псори ищIэжырт…

                                      Нащхъуэ

Адыгэ мэкъумэшыщIэхэм я мэкъур къыщашэжу щытар и нэхъыбэм щIымахуэрати, Нащхъуэ нысэ зыхуэхъуа унагъуэми мэкъу къашэжу щIадзат. Махуэ гуэрым зэадэзэкъуэр Iэжьэ зэщIэщIагъитIкIэ мэкъушэ кIуащ. Махуэр нэгъэсауэ уает. Мэкъушэхэр къыщысыжыфар пщыхьэщхьэхуеплъэкI хъуауэти, щIыIэр нэхъри етауэ сыхъэр зэрихьэрт.

Iэжьэхэр пщIантIэм щыщIатIыкIыу, кIапсэшхуэхэр къыхахыжыну щыхуежьэм, ахэр апхуэдизкIэ пхъэшкум тещтыхьати, лIитIым язри пэлъэщакъым къытрачыжыну. Апхуэдэу щыхъум, загъэхуабэу икIи псыви къыздыщIахыну пщэфIапIэм щIыхьэжахэт.

А псори щхьэгъубжэмкIэ дэплъу илъэгъуащ иджыри нысащIэ щыгъыныр щызымыха Нащхъуэ. И пщыжьымрэ и щхьэгъусэмрэ пщIантIэм дэмытыжу гу щылъитэм, нысащIэ щыгъыныр зэрыщыгъыу щIожри, Iэжьэхэм ябгъэдолъадэ. КIапсэ кIапэр и Iэ лъэныкъуэм къришэкIри, зэ хущIэIэгъуэ нэхъ имыщIу, кIапсэхэр псори пхъэшкухэм къытречыж, езыри, зыми къимылъагъуу, асыхьэтым щIолъэдэж.

Пхъэшкухэр къигъэвыжын и гугъэу, псывэ къыщIэзыхыу къыщIэкIыжа и щхьэгъусэм кIапсэхэр къытечыжауэ щилъагъум, имыгъэщIагъуэу къэнэнт? Ауэ абыи щIэх гурыщхъуэ ищIакъым кIапсэхэр нысащIэм къытричыжауэ. Псэун ахэр зэригъэзахуэу щытыху, Нащхъуэ и нысащIэ щыгъыныр зыщихщ, зэрылэжьэн зыщитIагъэри, и щхьэгъусэм хуиIуэхуащ и пщыжьыр унэм къыщIэмыкIыну жриIэну. (А лъэхъэнэм нысэхэр я тхьэмадэхэм щIэх ятехьэртэкъым, зы сабий е сабиитI ягъуэта нэужьт щызэпсалъэри). Нысэм и Iэщхьэлъащхьэ дэхьеяуэ къыщIэкIри, Псэун еупщIащ мэкъур здигъэтIылъыну здыхуеймкIэ. Къыщригъэлъагъум:

- Уэ Iэжьэкъур убыди, тыншу нэгъакIуэ! - жиIэщ, и кIэм иувэри, и щхьэгъусэм Iэжьэкъу фIэкIа имыIыгъами, лъэпэрапэу мэкъу гъэтIылъыпIэм нэс Iэжьэр ихуащ. ЕтIуанэ Iэжьэми ар ирещIэ.

А псор щхьэгъубжэмкIэ зылъэгъуа и пщыжьыр тIэкIуи къэшынат, «си щIалэр IэщIэкIуадэмэ!» - жыхуиIэу, ауэ зиущэхуащ, нысэм адэкIэ и щытыкIэнум кIэлъыплъыну. Псэуни мащIэу къэгужьеят, псэуэгъу къыхуэхъуам къыкъуэкIа гуащIэшхуэм езыр гъунэгъуу лъэщтэгъу зэрыхуэмыхъуфынур къыщыгурыIуэм. Ауэ абыи екIи-фIыкIи зыри жиIакъым.

Арыфыпсхэри къэтIэтат, ахэр ищхьэмкIэ къыхэхыжын хуейти, Псэун ежьащ пкIэлъей цIыкIур къихьыну. Ауэ, ар нысэм идакъым:

- Мыдэ къакIуэт, абыхэм уепэщэщурэ жэщ дохъу! - жиIэри. И щхьэгъусэр къищтэри, зэрызыхищIэ щымыIэу мэкъущхьэм дридзеящ. Арыфыпсхэр IэжьитIми къыхригъэхыжри:

- Иджы уэ умыбэлэрыгъыу зэтелъхьэ! - жиIэщ, фэ кIапсэшхуэмкIэ Iэжьэм дэжейри, удзыр къридзу щIидзащ. Лъэгум щыт щIалэм зэрылъэкIкIэ мэкъур зэтрилъхьэ пэтрэ, зы пэ лъэщIыгъуэ зэрыбэлэрыгъыу, и бгым нэс удзым щIихъумат. Апхуэдэурэ IэжьитIри зы сыхьэтыпэкIэ иунэщIщ, и щхьэгъусэр тригъэтурэ, къаша псори зы Iэтэ дахащэу зэщIибгъэри, зы шхий, зы мэкъущIэщ IэмыщIэ зыщIыпIэ къыщимынэу зэщIикъуэжащ. КIэрыхуауэ щытахэр Iэщхэм ялъигъэсри, Iэжьэхэри пщIантIэм щIыпIэ куэд щамыубыду игъэувыжат, якъухэр зыр адрейм тегъэлъэдэжауэ.  

Мэкъу къэшэжыныр яуха нэужь, Нащхъуэ и щхьэгъусэм жреIэ:

- ПщIантIэм псэуалъэу дэтыр жьы хъуащ, я щIыкIэхэри сигу ирихьыркъыми, умыбэлэрыгъыу чы-бжэгъу къысхуэшэ!

Псэунрэ и къуэшымрэ чы-бжэгъу зэхэлъу къыхуашащ, Iэжьэ бжыгъэ. Нащхъуэ абы кIэрыувэщ, зы удзэIупIэ иримыгъэщIу иухъуэнщIри, чыри бжэгъури щхьэхуэу игъэтIылъащ, хъуэнщIахуэхэри къабзэу зэщIикъуэжащ. КъыкIэлъыкIуэ махуэм:

- Иджы фэ щIалитIым Iэщхэр схутевгъэкIуэти, сэ Iуэм сыкъелэжьынщ! - жиIэри, Iэщхэр пщIантIэм дригъэхуащ. Чыжь-пхъэжь зэхэхъухьауэ Iуэм Iуту хъуар къыIуитхъури, гъэсыныпхъэу гъущапIэм щызэтрилъхьэжащ. Игу игъэтIысу Iуэр зэщIикъуэщ, бжэгъу хэтIапIэхэр къигъэнаIуэри, и гуащэм жриIагъэххэт псывэ къигъэхьэзырынуи, къыщIихри, ар трикIэмэ щIы къэвам тIэу-щэ еIэгъуэм бжэгъур хиукIэурэ Iуэм и хъуреягъкIэ хесэ. Чыхэри, къэIэбэмэ зэрищтэнум хуэдэу, IэплIэурэ кърегуэшэкIри, бжыхь хун щIедзэ. Ар апхуэдизу хъуэпсэгъуэу Iэбэурэ бжыхьыр ихурти, щхьэгъубжэм къыдэплъу щыс и пщыжьыр дэлэжьэну гуIэжырт, нэмысым унэм къыщIигъэкIыртэкъым ахъу.

Нащхъуэ Iуэм иту, Iэщхэм зэремыгуэуэным тегъэпсыхьауэ, зы чы лъэдакъэ и кIуэцIкIэ мыгъэзауэ бжыхь пIащэр ихурт, гъэтIысауэ, читI-щы зэ дэдзыгъуэ ищIмэ, иужькIэ зырыз ищIыжурэ, Iуэ гупэмкIэ укъеплъмэ, тхыпхъэ дахэхэр чий блыным щызэбгрыжу теплъагъуэу. Бжыхьыщхьэми техуэ хуещIыжри, пхъэ жьэкIадзэхэр диукIэурэ егъэбыдэж. Гуэзнэч дахащи хъарпщIэру ихури, Iуэбжэу Iуигъэувэжащ, чы тхьэгъукIэ куэбжэхэсэм епхыжауэ.

Пщыхьэщхьэм щIалэхэм Iэщыр къахужу къыщагъэзэжам, я пщIантIэр умыцIыхужыным хуэдэт. Гъунэгъухэри къызэхуэсауэ щIымахуэ махуэ кIэщIым а зы бзылъхугъэм и гуащIэм къихьыфар яхуэмыгъэщIагъуэу зэпаплъыхьырт, цIыхухъухэми апхуэдэ бжыхь зыхуфын зырыз дыдэ мыхъумэ зэрахэмытыр яIуатэу…

Махуэ гуэрым Нащхъуэ и нысэгъур и гъусэу Iуэм ихьат, жэм къашыну. Я Iуэхум щIадза къудейуэ, епхауэ кIэрыт хыв гууущIэр къыкIэрыкIри, къуейщIеин щIидзат, жэмхэр кърихуэкIырт, пэгунхэр иублэрэкIырт. Апхуэдэу щыхъум, Нащхъуэ зыкъиплъыхьщ, и пэгуныр и нысэгъум иритри, гуум бгъэдыхьащ. Зыбгъэдыхьари папщэу къыхуоув. Нащхъуэ абы и бжьакъуитIыр къиубыдщ, напIэзыпIэм и щхьэр иIуантIэри, а зэрыIуэнтIам хуэдэу зимыгъэхъеифу гуур и пIэм къринащ. И нысэгъум лъэкIар зыфIэтелъыджэу зи жьэр Iурыхуа и гъусэм пэгуныр къыIихыжурэ, тIэкIу щызэгуэпкIэ и кIахэ псалъэкIэ зэрыхъужым хуэдэу:

- НакIу джы, а псыцу быгъужьиер зэрар хъугъэмэ, сэ сыщыIэрбэ! - жиIэри, и Iуэху иужь ихьэжащ. Къэшын щаухым, и нысэгъум пэгунхэр Iуэм къыхуригъэувыкIыжщ, езыр гуум бгъэдыхьэри, и пщэр псынщIэу мыдэкIэ къыхуриIуэнтIэкIыжащ. И пэнцIывыр IэпхъуамбитIкIэ иубыдри, хьэкъувэкъу лъэпкъ къыхимыгъахуэу, къыздыкIэрыкIам иришэлIэжри, быдэу ирипхыжащ. ИужькIэ, Нащхъуэ Iуэм ихьэмэ, а гуущIэм и пэр ибубзами, мыхъеину зиудыгъурт.

Нащхъуэ Iэщым щахэткIэ жэмым и кIэбдз лъакъуэр къиубыдырт, мэлым хуэдэу езыр здыхуейм илъэфырти къишырт, жэмым зигъэхъеин шынэу. Псэущхьэхэми псэкIэ зыхащIэу къыщIэкIынт а зыIыгъым къарууэ хэлъыр зыхуэдэр. Ауэ, апхуэдиз къару зиIэм псэуху, цIыху е Iэщ ирехъу, и Iэр зыгуэрым къыхуиIэтауэ зэи ялъэгъуакъым. Дауи, езыми къыгурыIуэжу къыщIэкIынт адрейхэм зэрахуэмыдэр, и губжь къытекIуэмэ, и къару гъунэншэм мыхъумыщIагъэ ин къыхуихьынкIэ зэрыхъунур…

Адыгэхэм бзылъхугъэхэр губгъуэ лэжьыгъэкIэ щIагъанэу щытакъым. Щашэр мэшых, мэкъу Iэнащтэ, хадапщIэ хуэдэхэм япэлъэщын цIыхухъу унагъуэм щимысрат. Ауэ Вэрокъуэхэ я пхъум Iуэху зэхэдз лъэпкъ ищIыртэкъым, къыпэщIэхуэр илэжьырт, зи яужь ихьэр асыхьэту зэфIиуду. Ар мэшых щыкIуэкIэ гъуэмылэу здихьырт: пхъэхуей мэжаджитI, кхъуей плъыжьитI, зы мэлыкуэ е дзажэ гъэжьа (гъэва), фэнд из шху, Iэлъэныкъуэ кхъуэщын из махъсымэ ящIыгъужу. А псом я гущIыIужкIэ, сабийр зэрыхэлъу гущэри и щIыб ирилъхьэжырти, лъэсу ежьэрт, махуэ псом лэжьэну. Мэш хьэсэм щыпэрыхьэкIэ, и гъусэ фызхэр зы лъэныкъуэкIэ къигъэувырти, езыр мыдрей хьэсэпэмкIэ къапэувыжырт. Нащхъуэ хьэсэ зэхуэдитIым фIэкIагъэххэут, адрейхэр къыщысыр.

Мэкъу Iэнащтэ ядэкIуэрти, выхэр хуиту хъуэкIуэну яригъэутIыпщырт. Махуэм и кIыхьагъкIэ бжьы тралъхьэну идэртэкъым, абыхэмкIэ зэхуалъэфэсын я гугъэ кIэпIинэхэр езым гуахъуэпэкIэ зэхуихусырт, Iэтэ здащIынум ирилъэфалIэу. ЛIым я нэхъ зызыгъэбэлыхьыр къылъэщIыхьэртэкъым Iэтэ зэтелъхьэнрэ ар гъэдахэнрэкIэ. И Iэ зылъэIэса Iэтэр хэти зэуэ къыхилъагъукIырт адрейхэм.

Зыми зы махуэ закъуи илъэгъуакъым Iуэху щхьэкIэ абы «сешащ, мыр схуэщIэнукъым!» жиIауэ.

Пасэм щыгъуэ, кIуэ гъущIхэкIхэм къинэмыщIа, зыхуэныкъуэ псори езы адыгэ унагъуэм щащIыжырт. Вэрокъуэхэ япхъури, а и къаруушхуэм емылъытауэ, бзылъхугъэ IэщIагъэ цIыкIуфэкIухэмкIи Iэзэу щытауэ яIуэтэжырт.

Нащхъуэ цы кIэни 107-рэ зэIуищауэ нэху къригъэкIыфу щытащ, «хьэцIыкIурей» джэршкIэ зэджэ лIэужьыгъуэри ди псыхъуэм япэу къыдэзыхьари арауэ жаIэр.

Апхуэдащ «Вэрокъуэхэ я ЛэшынкIэ» узэджэ хъуну щыта бзылъхугъэ къызэрымыкIуэр, зи IэгуитIыр зи Iэнэу хьэлэлу, псэ къабзэу, лэжьакIуэшхуэу дунейм тетар. Ар щыпсэуам ди лъэпкъым тхыбзэ иIэгъамэ, абы имызакъуэу цIыху гъэщIэгъуэн куэдым я цIэхэр, я IуэхущIафэхэр, лIыгъэу зэрахьар, цIыхугъэ дахэу яхэлъар ди щIэблэм къалъэIэсыфынут.

Шыбзыхъуэ Псэунрэ Нащхъуэрэ пхъу яIауэ къысхуэгъуэтыжакъым, ауэ щIалиплI зэраIар белджылыщ: Екъуб, Шухьэиб, Индрис, Ибрэхьим сымэ. Сэ си анэшхуэм и адэр Екъубт, абы пхъуищ иIащ. Адрей зэкъуэшхэм къатепщIыкIыжа Iэджэ Жьакуэ дэсщ, ауэ абыхэм Вэрокъуэхэ я пхъум и хъыбар щызогъэтри, и цIэр къызжезыIэжыфын къахэкIакъым, ди жагъуэ зэрыхъунщи, я нанэжь пелуану щытам и лъэхъыш (и лIэужь) къызыхэхуаи къахэкIауэ жаIэжу зэхэсхакъым.

ШЭРДЖЭС Алий.       

Поделиться: