ЦIыхур хэмыIэбэмэ…

1995 гъэм США-м щыIэ Йеллоустоун паркым дыгъужь 14 ираутIыпщхьауэ щытащ щIэныгъэлIхэм. Абы щхьэусыгъуэ хуэхъуари мырат.
Иужьрей илъэс 70-м а паркым щыпсэуатэкъым зы дыгъужьи. ИкIи, шынагъуэншэу зэрыпсэум къыхэкIыу, а щIыпIэм щыхьыр щыбэгъуат. ЩIыуэпсым лей хэткъым жаIэ, ауэ щыхьыр апхуэдизкIэ куэд хъуати, щIыпIэм лей къытехьэрт – удзи, жыги, къуацэ-чыци зэтрашхыхьурэ, паркыр кIуэдыжыгъуэм иуват. 
Дауи, Йеллоустоун паркым ираутIыпщхьа дыгъужь 14-м абы щыхьу итыр зэтрашхыхьакъым, ауэ щIыуэпсыр къэгъэщIэрэщIэжынымкIэ сэбэпышхуэ хъуащ. Дауэ? Дыгъужьхэм ящышынэурэ, ахэр щызэхэзекIуэ щIыпIэхэм екIуалIэртэкъым щыхьхэр. Щхъуэжьхэми хуэм-хуэмурэ хагъэщIырт щыхьым я бжыгъэм. Апхуэдэу, илъэсихым къриубыдэу, паркым и жыгхэр тхукIэ нэхъыбэ хъуащ, дзыдзэхэр бэгъуэжащ, псыр из щыхъужым, бдзэжьейри щыбэгъуащ. КъищынэмыщIауэ, дыгъужьхэм фIыуэ хагъэщIащ хьэIуцыдзым я бжыгъэми. Абы и фIыгъэкIэ тхьэкIумэкIыхьхэмрэ дзыгъуэхэмрэ зыкъаужьыжри, абыхэм къещакIуэ къашыргъэхэмрэ жьындумрэ куэд къэхъуащ. Мыгувэу къакъуэжыжащ щыхьхэм зэтрашхыхьа, хаута мэракIуэ чыцэхэм. Ауэ псом нэхърэ нэхъ гъэщIэгъуэныр мыращ: псым и жапIэм зиукъуэдиижащ, и Iуфэхэр зэрыубыдыжащ, паркым и географием зихъуэжащ фIы и лъэныкъуэкIэ. А псори зи фIыщIэр – щыхьым я бжыгъэм кIэрызыгъэхуа дыгъужь пщыкIуплIырщ! 
Мы хъыбарыр иджыри зэ щыхьэт тохъуэ цIыхур щIыуэпсым хэмыIэбэмэ зэрынэхъыфIым, абы езыр-езыру псори зэрызэпишэчынум.

 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться: