ЗыхузэфIэмыкIхэм ядоIэпыкъу

Къэбэрдей уэрамым тет «Галерея» гъуазджэ IуэхущIапIэм пасэрей хьэпшып гъэщIэгъуэн, сурэт щIэщыгъуэ куэд щахъумэ.
Ар егъэлажьэ журналист, РАН-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым и медиа-центрым и унафэщI, «ХъуэпсапIэхэр нэхуапIэ мэхъу» псапащIэ фондыр 2016 гъэм къызэзыгъэпэща Магомедовэ ФатIимэ.
Сурэтхэм къинэмыщIауэ, «Галерея» IуэхущIапIэм щIэлъщ Совет зэманым щыIа хьэкъущыкъухэр, шэху уэздыгъалъэхэр, нэгъуэщIхэри. IуэхущIапIэм кIуэхэм илъэс 90 хъу тхыдэ гъуэгуанэ зиIэ пасэрей патефоным къиIукI макъамэм щIэту гъуазджэм и дуней гъэщIэгъуэным зыщаплъыхь. Мыбы щIэлъ сурэтхэр Магомедовэ ФатIимэ зэхуихьэсахэрщ. Урысейм, Армением, Белоруссием, Къыргъызым, Данием, нэгъуэщI къэралхэм я художникхэм я лэжьыгъэ 300-м нэблагъэ щIэлъщ галереем. СурэтыщI гъуазджэм ФатIимэ дихьэхыным щIэдзапIэ хуэхъуар илъэс 20 ипэкIэ тыгъэ къыхуащIа сурэтырщ. Абы щахъумэ ФатIимэ и ныбжьэгъу сурэтыщI Зеленская Юлэ и лэжьыгъэ зыбжани. Юлэ зэрыжиIэмкIэ, фондым и фIыгъэкIэ и лэжьыгъэхэм щIэупщIэ зэраIэр щилъыгъукIэ, лэжьыгъэщIэхэм тогушхуэ.
- Сыдэзыхьэх Iуэхугъуэм щIэупщIэ зэриIэмрэ си лэжьыгъэм къыпэкIуэ сомыр сабийхэм я узыншагъэр зэтегъэувэжынымкIэ къызэрыщхьэпэмрэ гуапэщ! – жеIэ Юлэ.
ФатIимэ зэрыжиIэмкIэ, сурэтхэр ящэху коллекционерхэм, щIыналъэм и зыгъэпсэхупIэхэм къакIуэхэм, псапэ зыпылъ Iуэхум хэтыну гукъыдэж зиIэхэм. МелуанитIым щIигъу и уасэ лэжьыгъэхэр зэуэ зыщэхуаи щыIэщ, ауэ апхуэдэхэр зырызыххэщ. КуэдкIэ щхьэпэщ фондым и лэжьыгъэхэр «Гранд-Кавказ» хьэщIэщым щIэх-щIэхыурэ зэрыщигъэлъагъуэр.
Сабий сымаджэхэм я узыншагъэр зэфIэгъэувэжыным теухуа псапэ куэд елэжь ФатIимэ. Къэбгъэлъагъуэмэ, мазэм къриубыдэу апхуэдэ сабий 30-м нэблагъэм ядоIэпыкъу. Апхуэдэ гулъытэ хуэныкъуэхэр куэдкIэ нэхъыбэщ, и къару къызэрихькIэ защIегъакъуэ.
«ХъуэпсапIэхэр нэхуапIэ мэхъу» фондымкIэ ФатIимэ пищащ нэхъапэIуэкIэ иригъэкIуэкIыу щыта «Мечты сбываются» телепроектым. Фондым ахъшэ зэхэдзэ ищIыркъым, атIэ сабийхэм зэрадэIэпыкъур зыдэлажьэ псапащIэхэм къабгъэдэкIымрэ ищэ сурэтхэм къыпэкIуэмрэщ. КъигъэхьэрычэтыфымкIэ ядоIэпыкъу хущхъуэ лъапIэхэр къызыхуэмыщэху унагъуэхэм, бынунагъуэшхуэхэм, сабий сымаджэхэм ящыщу нэхъ хьэлъэхэм.
 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: