Анэм и лъагъуныгъэ

Зэгуэр анэм зэхихащ абы хэт нэхъыфIу илъагъуми и пхъуитIым зэхагъэкIыну хэту зэдауэу. Анэм зыри яжримыIэу шэху уэздыгъэ къищтэри  пигъэнащ. ХъыджэбзитIыр къриджэри яригъэлъэгъуащ:
- Мы шэху уэздыгъэр сэра хуэдэщ. Мыбы къыпиху мафIэр си лъагъуныгъэрщ.
ИтIанэ аргуэру зы шэху уэздыгъэ къищтэри, япэрейм и мафIэмкIэ пигъэнащ.
- Мыр си япэ бын хуэдэщ. Абы япэу естащ си мафIэр - лъагъуныгъэр. Ауэ… япэ уэздыгъэмкIэ адрейр пызгъэна щхьэкIэ абы и мафIэр нэхъ мащIэ хъуа? Хьэуэ.
Апхуэдэурэ анэм пигъэнащ бын дапщэ иIэми, абы япэбж шэху уэздыгъэ. Япэрей уэздыгъэм и мафIэр зэрыину, зэрыхуабэу къэнэжырт.

ЛIыжьым и жэуап

Зы щIалэщIэрэ зы лIыжьрэ псыкъуийм деж щытт. Абы ирихьэлIэу фызыжь блэкIырти, къэувыIэри къеупщIащ:
- Зы щIалэщIэ лъагэ блэкIыу фымылъэгъуауэ пIэрэ?
- Псыхъуэм дыхьащ, - жиIащ лIыжьым.
- Дэ къыдблэкIар щIалэщIэкъым икIи лъагэкъым, атIэ лIы тIорысэ лъахъшэщ, - жиIащ щIалэм, лIыжьыр щыуауэ и гугъэу.
- Пэжщ, - къыпидзыжащ лIыжьым, - ауэ щыхъукIи бзылъхугъэр зыщIэупщIар и къуэщ. Анэм дежкIэ къуэр сыт щыгъуи щIалэщ, лъагэщ, екIущ.

Пщыхьэщхьибл

ЛIы Iущ гуэрым и деж щIалэ къэкIуащ къечэнджэщыну.
- ГъащIэм ехъулIэныгъэ хъарзынэхэр щызыIэрызгъэхьащ – си лэжьыгъэ IэнатIэр хъарзынэщ, унэ - лъапсэ екIу сухуащ, ныбжьэгъу си куэдщ. Ауэ унагъуэ сухуэну, зи, сытегушхуэркъым. Псэгъу сщIыну сыхуейщ хьэл-щэн дахэ зыхэлъ, сыкъызыгурыIуэ, къысхуэпэж бзылъхугъэ. Дапщэ зэзмыгъэцIыхуами, сигу ирихь хьэлхэр ядэслъэгъуакъым. Иужьым бзылъхугъэу дунейм тетыр зэщхьу, сызыхуей яхэмыту къэслъытащ. Ярэби, дауэ къэзгъуэтыну унагъуэ зыдэзухуэн, си гум къыдыхьэн бзылъхугъэ?
- Сэбэп сыпхуэхъуфынущ. Ауэ жэуапу уэстынум сегупсысыну зэман сыхуейщи, пщэдей пщыхьэщхьэж къакIуэ, - жиIащ лIы Iущым.
ЕтIуанэ махуэм, зэрызэгурыIуам тету, щIалэм къытригъэзащ. Бысымым шей игъэвэхукIэ, щIалэм зригъэцIыхуа хъыджэбзхэм ящыщщ зым и хъыбар къыхуищIыну елъэIуащ. ЩIалэр тепсэлъыхьащ и япэ лъагъуныгъэм. Iэнэм пэрысурэ, хъыбарыр жиIэху, лIым зы псалъи къыдигъэувакъым, зэзэмызэ арэзы дэхъуу и щхьэр игъэсыса мыхъумэ. Апхуэдэу жэщыку хъуху зэбгъэдэсащ.

- Егъэлеяуэ хъыбар гъэщIэгъуэн сыкъебгъэдэIуащ, - жиIащ лIы Iущым, - Ауэ ноби си жэуапыр хьэзыркъым. Пщэдеи къакIуэ.
ПщыхьэщхьихкIэ щIалэр кIуащ лIы Iущым и деж. Ар тепсэлъыхьащ гъащIэм зыщрихьэлIа бзылъхугъэхэм. Хэт нэхъыщIэт, хэт нэхъыжьт, хэт къулейт, хэт хуэмыщIат, хэт дахэт, хэт Iущт, хэт къызэрыгуэкIт. Пщыхьэщхьэ къэси лIы Iущым и хьэщIэм едаIуэрти, етIуанэ махуэм къэкIуэну жриIэурэ иутIыпщыжырт. Ебланэ махуэм щIалэм и хъыбарыр иуха нэужь, бысымым жиIащ:
- Мис мы хъыбарыр псом нэхъ сигу ирихьащ. Уэ сэ си шейхэм щыщу дэтхэнэр нэхъ къыпIурыIэфIа?
- Си упщIэхэм я жэуапым сыпэплъэурэ, шейм сегупсысакъым. Ауэ, пщыхьэщхьэ къэс шей удзыфэу си гугъэжщ дызэфар.
- Шейхэр зэмыщхьщ.: зым уи гур егъэпсэху, зым укъегъэнэжэгужэ, адрейм уи акъылыр егъэжан. Абы гу лъыптэн папщIэ зэманрэ гулъытэрэ тебгъэкIуэдэн хуейуэ аращ. ПщыхьэщхьиблкIэ сэ згъэващ шей лIэужьыгъуибл. Пщэдей пщыхьэщхьи дефэну шей?
- Хьэуэ, - жиIащ щIалэм, - сыкъэмыкIуэми хъунущ. Си упщIэм жэуап игъуэтащ.
 

 

Зыгъэхьэзырар ГУГЪУЭТ Заремэщ.
Поделиться: