Пэжым и телъхьэу

ЩIэныгъэ

Лъэпкъ щIэжым къигъэув Iуэхугъуэхэм ящыщщ фэеплъыр хъумэныр. Абы хуэунэтIауэ нэхъыжьым деж къимыкI жэрдэмыр щIалэгъуалэм нэгъуэщIыпIэкIэ къыщилъыхъуэу хуежьэнущ, узыпэмыплъа пхэнжыгъэ гуэрхэр къыхэкIынкIи хъунущ. Ар къэмыгъэхъуным, тхыдэм и пэжыр щIэныгъэм тету хэIущIыIу щIыным ехьэлIат КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым иджыблагъэ щекIуэкIа щIэнIуатэр. Абы курых хуэхъуащ 1939 – 1945 гъэхэм екIуэкIа ЕтIуанэ дунейпсо зауэр, нэхъ пыухыкIауэ икIи шэщIауэ щытепсэлъыхьащ Хэку зауэшхуэм.
Хэку зауэшхуэм совет цIыхубэм щызэрихьа лIыгъэм теухуауэ къызэрагъэпэща щIэнIуатэм къыщыIуащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым щеджэ щIалэгъуалэм я Iуэху еплъыкIэхэр, гупсысэкIэхэр, къэхутэныгъэхэр. КъызэгъэпэщакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, зэIущIэр ехьэлIат ныбжьыщIэхэм Хэку зауэшхуэм теухуауэ яIэ щIэныгъэр нэхъ куу щIыным, абы къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр ещIылIэным дегъэхьэхыным, зауэжьым и кIуэцIкIэ щIыпIэ-щIыпIэкIэ щекIуэкIа зэхэуэхэм я тхыдэр къэтIэщIыным хуэгъэушыным. Илъэс зыбжанэкIэ екIуэкIа зауэм нобэр къыздэсым дызыщымыгъуазэ Iуэхугъуэ куэд хэлъщ. Ауэ ар къагъэсэбэпурэ языныкъуэхэм пэжыр зэрыхуейм хуэдэу зэблаш, щIэныгъэм и шыбзэм щIэмыгъэкIа Iуэху еплъыкIэхэр утыку къралъхьэри, щIалэгъуалэр ягъэжакъуэ. Абы хуэсакъын зэрыхуейми и гугъу щащIащ зэIущIэм.
Къэрал шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынымкIэ IэнатIэм и ветеран Ногеров Марат и псалъэм къызэрыхэщамкIэ, мыпхуэдэ зэIущIэхэр хуэгъэпсащ егъэджэныгъэм и фIагъыр къэIэтыным, къыдэкIуэтей щIэблэм я псэкупсэ зэхэщIыкIри нэхъ лъагэ щIыным. «Совет цIыхубэм Хэку зауэшхуэм къыщихьа ТекIуэныгъэм и гугъу ящIу, ирипсалъэу, уеблэмэ иризэныкъуэкъуу псалъэмакъ куэд екIуэкIыу урохьэлIэ иужьрей илъэсхэм. Сыт хуэдэ Iуэхури бгъэдыхьэкIитI-щыкIэ япщу щыхуежьа лъэхъэнэ дитщи, ТекIуэныгъэри апхуэдэ пщалъэкIэ ялъытэ хъуащ. Ди адэжь-анэжьхэм а зауэм щызэрахьа лIыгъэм, совет цIыхубэм ягъуэта хэщIыныгъэм, ТекIуэныгъэр Дзэ Плъыжьым къызэрыдиха щIыкIэм шэч къытрахьэу псалъэхэр утыкум нэхъыбэ щыхъуащ. Тхыдэ щIэныгъэм хухаш хъунщIэ зекIуэр къэзыгъэувыIэфынур щIалэгъуалэращи, къалэн фиIэ мэхъу абы фыпэщIэтыну», – жиIащ Ногеровым.
Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм цIыхухэр зылI и быну зэрызэкъуэувам, зэуапIэм и щIыбым къинахэм жэщи махуи ямыIэу ТекIуэныгъэхэм зэрыхуэлэжьам къыщымыувыIэу, бийм и тIасхъэр къахутэу, абыхэм я мурадхэр къыщIагъэщу псэзэпылъхьэпIэ иту зэуащ къэралхъумэ IэнатIэхэри. «Сыт хуэдэ зауэри къыхэзыдзэм и гуращэр зым тегъэпсыхьащ – къизэуну щIыналъэм и хъугъуэфIыгъуэхэр зыIэригъэхьэнырщ, абы ехьэлIауэ къэралым щекIуэкIа жэрдэмхэмрэ мурадхэмрэ къыщIигъэщынырщ, цIыхубэр къэралым япэщIигъэувэнырщ. А гуращэхэм Iэщэм и закъуэ унимыхьэсыфынкIи хъунущ, аращи щэхурылажьэхэм я лэжьыгъэм зеубгъу. Абыхэм япэщIэта хабзэхъумэхэм, къэралым и шынагъуэншагъэр къызэзыгъэпэщ IэнатIэхэм я лэжьакIуэ куэдым я щхьэр зауэм халъхьащ. Псалъэшхуэу къыфщыхъунущ, ауэ абыхэм зэрахьа лIыгъэм зыкъомкIэ епхащ нобэ мамыру дызэрыпсэур», – къыхигъэщащ ветераным.
ЩIалэгъуалэм утыкум къралъхьа псалъэмакъхэр теухуат тхыдэ щIэныгъэр щыхьэт зытехъуа Iуэхугъуэхэм нобэ цIыхубэр зэрыщыгъуазэм, Хэку зауэшхуэм ныбжьыщIэхэм зэрыхащIыкIым, абыхэм ехьэлIауэ ирагъэкIуэкIа щIэупщIэхэм. Студентхэм къалэн зыщащIыжат къызэрыгуэкI цIыхухэм Хэку зауэшхуэм хуаIэ еплъыкIэм пхэнжыгъэ къыхэмыхьэн папщIэ, лэжьыгъэ пыухыкIахэр ядегъэкIуэкIыныр, щIэныгъэм пэжу къилъытахэр зэблэша мыхъун щхьэкIэ жэрдэм зэмылIэужьыгъуэхэр къыхэлъхьэным.
Дунейпсо лъэпкъыбэм фашизмэр бзаджагъэу къилъытащ, цIыхур зыщыщ лъэпкъкIэ, зэрыпсалъэ бзэкIэ, зэрихьэ динкIэ бгъэикIэ мыхъуну игъэуващ. А Iуэху бгъэдыхьэкIэр къызэпызыудыну хэтхэм япэщIэтын, ар цIыхур цIыхугъэм изыш Iуэхуу зэрыщытыр наIуэ къэщIын зэрыхуейр щIэнIуатэм хэтахэм псоми къыхагъэщащ.
ЩIэныгъэ зэхуэсым къыщыпсэлъахэм, абы и къызэгъэпэщыным жыджэру хэтахэм дэтхэнэми фIыщIэгуапэ тхылъкIэ я цIэ къраIуащ.
 

 

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: