Вовчок Маркэ ягу къагъэкIыж

Зэхыхьэхэр

Налшык Вовчок Маркэ (1833–1907) и унэ-музейм дыгъэгъазэм и 22-м зэIущIэ щекIуэкIащ урыс, украин тхакIуэ, зэдзэкIакIуэ цIэрыIуэ Вовчок Маркэ къызэралъхурэ илъэси 190-рэ зэрырикъуам теухуауэ.
Абы хэтащ «Вече» урыс лъэпкъ щэнхабзэ центрым и унафэщI Литвинов Роман, «Днипро» украин лъэпкъ щэнхабзэ центрым и унафэщI Харенкэ Светланэ, а центрхэм екIуэлIахэр, «Родничок» хорыр, «Птица счастья» жылагъуэ зэгухьэныгъэр, «Сябры» белорус IуэхущIапIэм и лIыкIуэхэр, Дунейпсо Артийскэ комитетымрэ Урысейм и Лъэпкъ Артийскэ комитетымрэ я вице-президент, ЮНЕСКО-м Кавказ Ищхъэрэм щэнхабзэмкIэ, егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ щиIэ къудамэм хэт, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Бейтыгъуэн Iэуес.
Унэ-музейм и унафэщI Лэжьэрей Инессэ зэхыхьэр къызэIуиха нэужь, хьэщIэхэм псалъэ яритащ. Вовчок Маркэ и фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьэри, Инессэ хьэщIэхэм унэ-музейм зыщригъэплъыхьащ. Абы щыболъагъу пасэрей унэлъащIэхэр, сурэтхэр, хьэпшыпхэр, тхакIуэм къыдигъэкIа тхылъхэр.
1906 гъэм и гъатхэм Вовчок Маркэ и щхьэгъусэ Лобач-Жученкэ Михаил и гъусэу Налшык къалэм къэIэпхъуат зэпымыууэ щыпсэуну. Долинск щIыпIэм деж щIы къыщащэхури, унэ щаухуащ. Налшык Марие куэдрэ щыпсэуакъым. 1906 гъэм и кIэхэм ар сымаджэ хьэлъэ хъури, дунейм ехыжащ. 1954 гъэм мраморым къыхэщIыкIа бюст Марие а щIыпIэм щыхуагъэуващ. 1978 гъэм украин скульптор Фещенкэ Василь ищIащ Марие и фэеплъыр. ТхакIуэхэу Тургенев Иван, Шевченкэ Тарас, Писемский Алексей, Анненков Павел, нэгъуэщIхэри гуапэу IущIат Вовчок Маркэ и «Украинские народные рассказы» япэ тхылъым. Котляровхэ Викторрэ Марие я тхылъ тедзапIэм «Народная книга» серием хыхьэу къыщыдагъэкIащ «Последний приют Марко Вовчок» тхылъыр. КъыжыIапхъэщ, Марие и тхыгъэхэр бзэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ зэрызэрадзэкIар, адыгэбзэри балъкъэрыбзэри хыхьэу.
Велинская Марие уэсят къигъэнат фIыуэ илъагъуу щыта кхъужьеижьым деж щыщIалъхьэжыну. Ар ягъэзэщIами, а кхъужьейр ди нобэм къэсакъым. ТхакIуэр щыпсэуа пщIантIэм жыгыщIэхэр щагъэтIысащ абы и фэеплъу.
 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: