ЛIыхъужьхэр ягу къагъэкIыж

Урысей гвардие

Хэкум и ЛIыхъужьхэм я махуэшхуэр щагъэлъапIэм ирихьэлIэу Урысей гвардием и къудамэу Звёзднэ жылагъуэм щыIэ дзэ частым и лэжьакIуэхэр, а къуажэм и курыт еджапIэм щIэсхэр ящIыгъуу, хуеблэгъащ я лэжьыгъэр ягъэзащIэу хэкIуэдахэм я унагъуэм.

ЕджакIуэ цIыкIухэр щыхьэщIащ майор Золотарёв Юрий, лейтенант нэхъыщхьэхэу Мельников Виктор, Мальцев Константин, Гоженкэ Вячеслав сымэ, капитан Цыганенкэ Сергей, прапорщик нэхъыщхьэхэу Герасимов Евгенийрэ Гурдзибеев Ахъмэтрэ я унагъуэхэм. НыбжьыщIэхэм кърагъэлъэгъуащ лIыхъужьхэм я сурэтхэр, я лэжьыгъэм папщIэ къыхуагъэфэща нагъыщэхэр. Урысей гвардием и лэжьакIуэ, а лIыхъужьхэм ядэлэжьа, ахэр зыцIыхуахэм ягу къагъэкIыжащ дэтхэнэри цIэрыIуэ, гукъинэж зыщIа Iуэхугъуэхэр.
ЕджакIуэхэм бысымхэм фIыщIэ хуащIащ, фэеплъ зэмылIэужьыгъуэ­хэри тыгъэ хуащIащ апхуэдэ лIыхъужьхэр зыщапIа унагъуэхэм.

Поделиться: