ЦIыхубзым зигъэпщыкIурт

Урысей МВД-м и къудамэу Дзэлыкъуэ районым щыIэм уголовнэ къэлъыхъуэныгъэмкIэ и лэжьакIуэхэм 2024 гъэм щIышылэм и 25-м Дзэлыкъуэкъуажэ щаубыдащ нэхъапэм суд зытращIыхьа, илъэс 34-рэ зи ныбжь, Светловодскэ къуажэм щыпсэу цIыхубзыр.
Ар ягъэкъуаншэ и сабийхэр пIыным хуэзэ ахъшэр зэримытымкIэ. ЦIыхубзым суд IэнатIэхэм зэрызащигъэпщкIум къыхэкIыу къэралым къыщалъыхъуэрт.

НаркотикхэкI грамм 50-м нэс

Урысей МВД-м Аруан районым щиIэ къудамэм уголовнэ къэлъыхъуэныгъэмкIэ и IэнатIэм, КъБР-м щыIэ УФСБ-м, Налшык къалэ УМВД-м я лэжьакIуэхэм Аруан къуажэм щыIэ, автомобилхэм гъэсыныпхъэ щрагъахъуэ станцым мы гъэм щIышылэм и 26-м щаубыдащ щIалэщIитI. Нэхъапэми суд зытращIыхьа, илъэс 26, 27 зи ныбжь нарткъалэдэсхэр щаубыдым, абыхэм хыфIадзащ изолентI зэшэкIа тхылъымпIэ зэкIуэцIышыхьауэ тIу.
Экспертизэм къызэригъэлъэгъуамкIэ, зым кIуэцIылът «метадон» наркотикхэкI грамми 0,38-рэ, адрейм - героин грамм 49,4-рэ.
Шэч зыхуащIхэм ятеухуа уголовнэ Iуэху къаIэтащ. Ахэр илъэси 10-м къыщыщIэдзауэ илъэс 20-м нэскIэ ягъэтIысынкIэ мэхъу.
 
 

 

БАХЪСЭН Азэмэт.
Поделиться: