25.04.2024, 17:30 - Спорт

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 15-м я спортсмену 600-м нэблагъэ.

25.04.2024, 17:00 - Спорт

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.

25.04.2024, 14:33 - Жылагъуэ

Iэщым ирагъэшх Iус зэхэлъыр къыщIэзыгъэкIыу Къэбэрдей-Балъкъэрым щылажьэ IуэхущIапIэхэр нобэкIэ 13 мэхъу. Ахэр псори хьэрычэт щIэн IэнатIэ мыинхэрэ уней IуэхущIапIэхэрэщ.

25.04.2024, 13:00 - Жылагъуэ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Замир Хьэсэнбий и къуэм и цIэр зезыхьэ кадет еджапIэ-интернат №1-м. Абыхэм еджакIуэ ныбжьыщIэхэм драгъэкIуэкIащ лIыгъэм и дерс, я лэжьыгъэми щыгъуазэ ящIащ.

23.04.2024, 19:01 - Жылагъуэ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж. Лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI Осетинскэ, Балкарскэ, Молодежнэ, ЕтIуанэ Таман дивизэм, Къэзанокъуэ Жэбагъы, Мусукаевым, Хъураным я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэм. 

23.04.2024, 17:06 - Спорт

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Ставрополь крайм, Осетие Ипщэмрэ Осетие Ищхъэрэ – Аланиемрэ я бэнакIуэу 100-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс 14-м щIимыгъуауэ. 

23.04.2024, 14:56 - Литературэ

1-нэ Iыхьэ Си анэ шыпхъур сымаджэщым кIуат, зригъэплъыну. Сэри къалэм сыщылажьэрти, ар къыщысщIэм, сыкIэлъыкIуащ, и закъуэ дыдэу анализ гъунэншэхэм яужь измыгъэтын папщIэ. КъызэрыщIэкIамкIи, и закъуэтэкъым – си анэр щIыгъут. Си япэ къищат. Сэрыншауи зэфIэкIынут Iуэхури, сыкъежьэжащ. 

 

 

ОСТАЛЬНЫЕ РУБРИКИ

Спорт
25.11.2023 - 15:54 | 👁 33

Подробности...

Спорт хъыбархэр

Атлетикэ хьэлъэ
Жылагъуэ
25.11.2023 - 14:48 | 👁 44

Подробности...

#Сыгудзакъэншэкъым къэралпсо пэхуэщIэр даIыгъащ

Сабий мылъхуэсхэм я дунейпсо махуэм ирихьэлIэу Урысейм жэрдэм зыхуэмыдэхэр къыщыхалъхьэ. 
Жылагъуэ
25.11.2023 - 13:44 | 👁 39

Подробности...

ФIым хуаущий

Нарткъалэ дэт курыт еджапIэ №4-м «Урысейм и сабийхэр-2023» Iуэхум и етIуанэ Iыхьэм хыхьэу щекIуэкIащ «Абыхэм я гъуэгум уримыкIуэ! Уи гъащIэм хуэсакъ!» зыфIаща стIол хъурей. 
Тхыдэ
25.11.2023 - 12:49 | 👁 97

Подробности...

Алэкъейхэ къэрэшей зэрыхъуар

ЖызыIэжар Хьэбэз къуажэм (Къэрэшей-Шэрджэс) къыщыхъуа Даур Умар и къуэ Мухьэрбийщ.
Жылагъуэ
25.11.2023 - 11:47 | 👁 29

Подробности...

ЕрыскъыхэкIхэм я гъэлъэгъуэныгъэм

Санкт-Петербург къалэм и «Экспофорум» гъэлъэгъуэныгъэ центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ «ПЕТЕРФУД-2023» 32-нэ дунейпсо гъэлъэгъуэныгъэр.
Литературэ
25.11.2023 - 10:43 | 👁 44

Подробности...

ГъащIэм и къэгъэшыпIэхэр

Iуэтэж
Политикэ
25.11.2023 - 09:35 | 👁 42

Подробности...

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм турист-рекреацэ IэнатIэм зыщегъэужьыным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуау
Махуэгъэпс
25.11.2023 - 09:24 | 👁 31

Подробности...

НОБЭ

ЩэкIуэгъуэм и 25, щэбэт ЦIыхубзхэм залымыгъэ якIэлъызехьэным пэщIэтыным и дунейпсо махуэщ Урысейм и мамырщIэкъу дзэхэм я махуэщ
Махуэгъэпс
24.11.2023 - 22:44 | 👁 24

Подробности...

НОБЭ

ЩэкIуэгъуэм и 24, мэрем Мыщэхуэным и дунейпсо махуэщ 1927 гъэм Москва къыщызэIуахащ Опереттэм и къэрал театрыр.
Литературэ
24.11.2023 - 17:10 | 👁 40

Подробности...

Лъагъуныгъэ

Дыгъэр къухьат, ауэ иджыри нэхут. Зи нэзыр плъыжьу щIисыкIа пшэ Iэрамэхэр уэгум щесырт. Гъуэгу кIыхьым гугъу дригъэхьати, зыри жыдмыIэу дыкъэкIуэжырт.
Спорт
24.11.2023 - 17:00 | 👁 36

Подробности...

НэхъыжьыфIхэм я щапхъэ дахэ

Бахъсэн къалэм и Ветеранхэм я советым и хэщIапIэм иджыблагъэ къыщызэрагъэпэщащ зи ныбжь хэкIуэта нэхъыжьыфIхэм папщIэ шахматымкIэ зэхьэзэхуэ.
Жылагъуэ
24.11.2023 - 16:31 | 👁 24

Подробности...

Илъэс 78-рэ дэкIауэ…

Хэку зауэшхуэм ди зауэлI куэд хэкIуэдащ, абыхэм зэрахьа лIыгъэм папщIэ къыхуагъэфэща къэрал дамыгъэхэмрэ щыхьэт тхылъхэмрэ къыIэщIалъхьэжыным нэмысу.
Спорт
24.11.2023 - 16:30 | 👁 19

Подробности...

Жанхъуэтекъуэдэсхэм я зэфIэкIыр

Черкесск къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ ныбжьыщIэхэм армэ Iэпщэрыбанэ спортымкIэ я щIыналъэ зэхьэзэхуэ. Ар Урысей Федерацэм и ЛIыхъужь Остроухов Евгений и фэеплъу щытащ.
Жылагъуэ
24.11.2023 - 15:27 | 👁 29

Подробности...

Куба амбулаторэщIэ щаухуэ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Куба къуажэм щаухуэ амбулаторэщIэм ехьэлIа лэжьыгъэхэр и кIэм ноблагъэ. Зы лэжьэгъуэ махуэм къриубыдэу цIыху 90-м хуэдизым щеIэзэфынущ абы.
Литературэ
24.11.2023 - 15:23 | 👁 41

Подробности...

Удз гъэгъам дэгъужхэр

Нобэрей махуэ IэфIыр цIыхубзым къытоункIыфIэ, апхуэдэ гупсысэ мыфэмыцхэр и щхьэм къызэриджэразэу. ЛъэныкъуэкIэ къоплъ и Iуэхум. Пэжу, сыт зыщыгугъыр? 
Жылагъуэ
24.11.2023 - 15:00 | 👁 19

Подробности...

Я узыншагъэм ехьэлIа путёвкэхэр

Урысейм и Социальнэ фондым и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм республикэм щыпсэу цIыху 460-м мы илъэсым яритащ я узыншагъэр санаторэ-курорт IуэхущIапIэхэм щызэфIагъэувэжынымкIэ путёвкэхэ

Страницы