ЩIалэгъуэ

Тхаб – Тхьэбэ - Тхыбэ

А цIэр зэрехьэ ГеленджикХъулъыжъый», зэпкърыпхмэ: «хъулъэ» - хъупIэ, «жъый» - цIыкIу) къалэм къуэкIып

Къару щабэ зыхэлъ сурэтхэр

Жэбалы Заирэ зи лэжьыгъэхэм псэм зыдащI сурэтыщI ныбжьыщIэщ. Абы щIэщыгъуэ къыхелъагъукIыф дунейм. И сурэтхэр къыхех щIыуэпсым, къаIэпех къуалэбзухэм, къахегъуатэ къэкIыгъэхэм. Псэ хелъхьэри, ущеплъкIэ мыгурыIуэгъуэу къару щабэ гуэр хыболъагъуэ.

ЩIэблэр фIым хуаущий

Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкI «Ди сабийхэм я узыншагъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ папщIэ» наркотикым пэщIэт профилактикэ акцэм жыджэру хэтщ Бахъсэн районри.

ЩIалэгъуалэм дежкIэ щапхъэхэр

Анзорей къуажэм къыщыхъуа Мэкъей Альбинэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щIалэгъуалэм зэрадэлажьэ Iэмалхэр щадж и къудамэщIэм и япэ гупым хэхуэри, диплом плъыжькIэ ар къиухащ. Апхуэдэуи хъыджэбзыр щеджащ Ставрополь къалэм щыIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал университетым «Государственное управление» и къудамэм. Ар политикэ, жылагъуэ Iуэхухэм мы зэманым хэзэгъауэ хэтщ. Мэкъейр «ЩIэблэщIэ гвардие» зэгухьэныгъэм и Лэскэн район къудамэм, КъБР-м и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэм щIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмкIэ и комиссэм я унафэщIщ.

Щапхъэ

Бакъ Залым хирургщ, Налшык къалэ сымаджэщ №I-м и дохутырщ, Герниологхэм я «GREPA» европей ассоциацием, Урысейм и хирургхэм я зэгухьэныгъэм хэтщ. ЩIэныгъэ щызэригъэгъуэтащ Саратов МедицинэмкIэ и къэрал университетым. Щыпищащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым медицинэмкIэ и къудамэм. ЗэрыжиIэмкIэ медицинэм ухуеджэныр гугъущ, ауэ а IэщIагъэм икIи узыIэпешэ, щIэныгъэм зэрыхэбгъэхъуэным ухуэпабгъэу.

IэщIагъэм я нэхъ гугъу

Шормэн Алесэ Тэрч къалэм къыщыхъуащ, Сеченов И. М. и цIэр зезыхьэ Москва къэрал медицинэ университетыр къыщиухащ. Дохутыр IэщIагъэр къыхэзыха хъыджэбзыр 2020 гъэм щылэжьащ коронавирусым пэщIэтыным тегъэщIауэ Москва къалэм зауэм и ветеранхэм папщIэ къыщызэрагъэпэщауэ щыта сымаджэщым. Алесэ дыщигъэгъуэзащ и IэщIагъэр къызэрыхихами и мурадхэми.

КъэкIуэну зэманым хуэплъэ

Ди лъэпкъэгъу пщащэ Мирай Мединэ Урысей Федерацэм щыцIэрыIуэ тхакIуэ ныбжьыщIэхэм язщ.

Пщащэхэр зэпоуэ

КъБКъУ-м, Сокуров Александр и киноконцерт залым, щекIуэкIащ «Мисс КБГУ»  зэпеуэр.

ПлъапIэ нэхъыщхьэу яIэр

«Шагъдий вагъуэбэ» зыфIаща шу зекIуэхэм ящыщ зыт илъэс бжыгъэ ипэкIэ Адыгэ Республикэм щекIуэкIар. Бысымхэм къищынэмыщIа, абы хэтащ адыгэхэр щыпсэу хэгъэгухэу Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Краснодар крайм икIахэри…

IэщIагъэщIэ

Сурэт гъэщIэгъуэнхэр зи IэдакъэщIэкI Тут Беллэ хуэдэу щыгъыным лэчкIэ сурэт тезыщIыхьу Къэбэрдей-Балъкъэрым исыр закъуэтIакъуэщ.

Страницы

Подписка на RSS - ЩIалэгъуэ