Спорт

ФокIадэ зэIущIэхэр къызэIуах

Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и чемпионатым и гуп нэхъыщхьэм щекIуэкI зэхьэзэхуэм и епщыкIубгъуанэ джэгу­гъуэм хыхьэ зэIущIэхэр тхьэмахуэ блэкIам зэхэтащ.

ШыщхьэIуур нэхъ яхуэфIащ

Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым щекIуэкI зэхьэзэхуэм ипкъ иткIэ «Спартак-Налшыкым» шыщхьэуIум зэIущIиплI иригъэкIуэкIащ. Къапщэтэмэ, а мазэр ди щIалэхэм къехъулIауэ жыпIэ хъунущ.
Дызытепсэлъыхь лъэхъэнэм и пэщIэдзэ зэпэщIэтыныгъэу «Биолог-Новокубанск» Прогресс щыдрагъэкIуэкIар налшыкдэсхэм нэхъ къатехьэлъахэм ящыщщ.

Чемпионхэм я мастер-класс

Къбэрдей-Балъкъэрым бэнэкIэм щыдихьэххэр куэд щIауэ зыпэплъа Iуэхугъуэ Налшык къыщыхъуащ – спорт бэнэкIэм хуабжьу щыцIэрыIуэхэу алыдж-урым лIэужьыгъуэмкIэ тIэунейрэ олимп чемпион, щэнейрэ дуней псом, плIэнейрэ Европэм и чемпион Власов Романрэ бэнэкIэ хуитымкIэ Олимп джэгухэмрэ дунейпсо чемпионатымрэ я призёр, щэнейрэ Европэм и чемпион, «адыгэ къаплъэнкIэ» зэджэ Джэду Аниуаррэ мастер-класс ирагъэкIуэкIащ.

КъыкIэлъыкIуэ Iыхьэм хэтынущ

«Спартак-Налшык» (Налшык) – «Мэшыкъуэ-КМВ» (Псыхуабэ) - 1:0 (1:0). Налшык. «Спартак» стадион. ШыщхьэуIум и 30-м. ЦIыху 200 еплъащ. 

«Тэрчыр» къиуащ

Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и чемпионатым и гуп нэхъыщхьэм ще­кIуэкI зэхьэзэхуэм и еп­щыкIуиянэ джэгугъуэм хыхьэ зэIущIэхэр тхьэмахуэ блэкIам зэхэтащ.

Япэ олимп дыщэр къытхуэзыхьар

Илъэс щэ ныкъуэ ипэкIэ, 1972 гъэм шыщхьэуIу мазэм и 29-нэ махуэм, Германием и Мюнхен къалэм щекIуэкIа ХХ Гъэмахуэ Олимп джэгухэм лъакъуэрыгъажэ спорт лIэужьыгъуэмкIэ дыщэ медаль къыщихьа Шыхъуэ Борис. Хэкужьым щыпсэу адыгэхэм я дежкIэ ар япэ апхуэдэ текIуэныгъэ инт.

Адыгэшым нэхърэ нэхъ бэшэчу

Бадзэуэгъуэм и 22-м Шэшэн Республикэм щекIуэкIащ «Грознэ саугъэтышхуэ» зыфIаща тыгъэм папщIэ шууейхэр щызэпеуа, «лъы къабзэ зыщIэт шы лъэпкъыр» щагъэлъэпIа махуэшхуэ. Шыгъажэм япэ дыдэу къыхашащ илъэси 3-м ит «шэшэныш» лIэужьыгъуэр.
Блэнейрэ шыхэр къыщагъэжа зэхьэзэхуэм щызэпеуащ шы щызэрахуэу Урысейм ит IуэхущIапIэ зыбжанэ. Шэшэн республикэм и цIэкIэ зэпеуэм хэтащ «Ахъмэт» шы спорт комплексым ишхэр.

Япэ президентхэм я щIыхькIэ

Мы гъэм илъэс еплIанэ хъуауэ Шэшэным и жэрдэмкIэ Налшык ипподромым щрагъэкIуэкI Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Шэшэнымрэ я япэ президентхэу щыта КIуэкIуэ Валерэрэ Урысейм и ЛIыхъужь Кадыров Ахъмэт-Хьэжырэ я фэеплъ къызэдэжэхэр. 
 

Ди щIалэхэр Къэзан къыщыхожаныкI

Мы махуэхэм йокIуэкI Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм зэдай гъэмахуэ спорт лIэужьыгъуэхэм я I Спартакиадэ. Дзюдоитсхэм я зэпэщIэтыныгъэ япэ махуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэм абы медалитI къыщахьащ. Псори зэхэту саугъэт нэхъыщхьэхэм спартакиадэм щыщIобэн дзюдоист 325-рэ (цIыхухъурэ цIыхубзу).

Спартакиадэр йокIуэкI

Мы махуэхэм «ЕджакIуэхэм я XI гъэмахуэ спартакиадэ 2022». Абы и саугъэт нэхъыщхьэхэм спортсмен минипщIым нэблагъэ щIобэн. Жэпуэгъуэм и 2 пщIондэ зэхьэзэхуэм хэтынухэр щызэхьэзэхуэнущ спорт лIэужьыгъуэ 40-м.
Зэхьэзэхуэм хагъэхьа спорт лIэужьыгъуэхэр «Олимпиадэ-2024»-м къыщыгъэлъэгъуахэращ. Зэпеуэхэм я нэхъыбэр щекIуэкIынущ Мэзкуурэ Мэзкуу областымрэ, Спартакиадэм и къалэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ Санкт-Петербургрэ Къэзанрэ.

Страницы

Подписка на RSS - Спорт