Спорт

Адэм пхиша лъагъуэм къыпещэ

Адэм пхиша лъагъуэм быныр щрикIуэм, абы къыщыпищэм и деж гъащIэм зеужь. Спортми щIымащIэкъым апхуэдэхэр. Къапщтэмэ, адыгэхэм ящыщу футболымкIэ япэу къэралым и чемпион Iэпщэ Александр и къуэ Ладин ехъулIэныгъэ иIэу ди республикэм и командэ нэхъыщхьэм илъэс зыбжанэкIэ щыджэгуащ. Налшык и «Спартак»-м хэту топ нэхъыбэ дыдэ я хьэрхуэрэгъухэм яхудэзыгъэкIа Гъубж Вячеслав и къуэ Марат абы и щIалэгъуалэ гупым, Раменскэм и «Сатурн»-м, Самарэ и «Крылья Советов»-м хъарзынэу зыкъыщигъэлъэгъуащ, уеблэмэ, Урысей Федерацэм и ныбжьыщIэ командэ къыхэхам ираджэу щытащ. Щапхъэхэр гъунэжщ.

Ислъам къегъэщIэрэщIэж

Илъэсхэр макIуэ, зэманым зехъуэж, арщхьэкIэ адыгэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ къыддэгъуэгурыкIуэ лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэм я мыхьэнэм хэхъуэ фIэкIа хэщIыркъым. Апхуэдэхэм хохьэ шхыныгъуэхэри.

Адыгэхэр зэи ерыщу щытакъым фадэкIэ. ЯфIэемыкIут жиIэмрэ ищIэмрэ къыгурымыIуэжу цIыхур щытыкIэ иувэныр. Аращ махъсымэ нэхърэ нэхъ гуащIэ кърахьэжьэу щыщымытар хьэщIэ лъапIэ къахуэкIуами, гуфIэгъуэшхуэ къахукъуэкIами. Гуапэщ а шхыныгъуэ берычэтыр гъэхьэзырыным зи ныбжь хэкIуэтахэм къищынэмыщIауэ нэхъ щIалэIуэхэри иджы зэрыдихьэхыр.

Адыгэ ныпыр Катарым щаIэт

Иджыпсту дуней псор зыте­псэ­лъыхьыр футболым и дунейпсо чемпионату Катар щекIуэкIращ. Топджэгум дихьэххэм зи ­гугъу ящIыр гурыIуэ­гъуэщ, абы къищы­нэмыщIауэ, нэхъ къулей дыдэу къалъытэ муслъымэн къэралым чемпионатым зэрызыхуигъэхьэ­зырам, ар зэрыригъэ­кIуэкIым, щекIуэкI хабзэхэм тетхыхьымрэ тепсэлъыхьымрэ ­гъунэжщ. Иужьрей махуэхэм футболым еплъхэм я нэм къыфIэнащ адыгэ ныпыр. Щхьэ щыкуэд ар мы чемпионатым? Хэт ар Катарым щызыIэтыр? Сыт абы федеральнэ каналхэр щIы­тепсэлъыхьыр? 
А упщIэхэм я жэуап псори зэдгъэщIащ адыгэ ныпыр дунейпсо утыкум зэрихьа щIыкIэм дыдихьэхри. Социальнэ сетхэмрэ вацапымкIэ зэIэпах видеохэм IупщIу итщ зы адыгэ унагъуэ чемпионатым зэрыкIуар. Адыгэ ныпым и къарур здынэсыр зыгъэлъагъуэри ахэращ. 

Дыжьын медаль куэд

Тулэ къалэм дэт «Арсенал» спорткомплексым щекIуэкIащ Урысейм атлетикэ хьэлъэмкIэ и зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ ди къэралым и щIыналъэ куэдым икIа, зи ныбжьыр илъэс 15 - 18, 19 - 20-хэм ит спортсмен 500-м щIигъу.

Пэжымрэ пцIымрэ

 Катарым щокIуэкI футболымкIэ дуейпсо чемпионатыр. ЗанщIэуи гурыIуэгъуэ хъуащ ар нэхъ къаугъэшхуэ къызэрыкIа апхуэдэ зэхьэзэхуэу тхыдэм къызэрыхэнэнур. Псом япэу гурыIуэгъуэкъым планетэм и спорт зэхыхьэ нэхъыщхьэр мы къэрал цIыкIунитIэм щIахьар. Егъэлеяуэ зэрыкъулейр ара? Арагъэнущ, ауэ депIэщIыкIынкъым.

 КъухьэпIэр къыщIыхуэдзэлашхэм и щхьэусыгъуэр мис а Катарыр газ и лъэныкъуэкIэ США-м къыхуигъэувар зэримыгъэзэщIам нэхъыбэу халъагъуэ. АрщхьэкIэ абы и закъуэкъым: нэгъуэщIхэри щыIэщ.

Спортыр наркотикым пэщIэтщ

«Урысейм и сабийхэр-2022» профилактикэ Iуэхум хыхьэу «Спортыр наркотикым пэщIэтщ!» къыхуеджэныгъэм щIэту «Налшык» спорт комплексым щекIуэкIащ самбэмкIэ республикэ зэпеуэ, 2007 - 2009 гъэхэм къалъхуахэр хэту. Ар къызэригъэпэщащ КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэр зэрызэрагъакIуэм кIэлъыплъынымкIэ и управленэм. 
Зэхьэзэхуэр къыщызэIуахым утыкум къихьэнухэм захуигъэзащ Управленэм мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэху хэхахэмкIэ и оперуполномоченнэ нэхъыжь, полицэм и подполковник Давыдовэ Иринэ. 

Нэмыцэхэри ягъэгуауэщхьэуэ

Катарым щекIуэкI, футболымкIэ дунейпсо чемпионатым и япэ ­къекIуэкIыгъуэр иухащ. ПэщIэдзэ махуэхэми хуэдэу, иджыри телъыджэхэр къыщохъу хьэрып къэралыгъуэм и губгъуэхэм.

Иужьрей зэIущIэхэм уриплъэжмэ

Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым 2022-2023 гъэ джэгугъуэм хиубыдэу мы илъэсым иригъэкIуэкIын хуея зэIущIэхэр зэфIэкIащ. Ди тхыгъэм кIэщIу къыщызэщIэткъуэжынщ жэпуэгъуэмрэ щэкIуэгъуэмрэ «Спартак-Налшыкым» зэрыджэгуар.

ЩIы Хъурейм и саугъэт нэхъыщхьэр Катар щаIэтынущ

ЩэкIуэгъуэм и 20-м Катарым къыщызэIуахащ футболымкIэ дунейпсо чемпионатыр. Дыгъэгъазэм и I8 пщIондэ екIуэкIыну зэхьэзэхуэм и саугъэт нэхъыщхьэм – дыщэ кубокым – щIэбэнынущ дуней псом щынэхъ лъэщ командэ 32-рэ. ИлъэсиплIым зэ къызэрагъэпэщ дунейпсо зэхьэзэхуэр, тхыдэм зэи къыщымыхъуауэ, КъуэкIыпIэ Гъунэгъум мы гъэм щекIуэкIынущ. 2026 гъэм Америкэм и Штат Зэгуэтхэм, Мексикэм, Канадэм щекIуэкIынум саугъэт нэхъыщхьэм щыщIэбэнынухэм я бжыгъэр командэ 48-м хуагъэкIуэнущ.

Спорт лIэужьыгъуэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа

Авиамодельнэ спортым и тхыдэр ди республикэм етIощIанэ лIэщIыгъуэм икухэм къыщыщожьэ. ЩIалэ цIыкIу куэдыкIейм зыщагъэсащ техник ныбжьыщIэхэм я станцэмрэ пионерхэм я уардэунэмрэ. Абыхэм щызрагъэгъуэта щIэныгъэхэр куэдым сэбэп яхуэхъуащ IэщIагъэ къыхахынымкIэ е къызэрыкIуэ гъащIэм къыщагъэсэбэпащ. 

Страницы

Подписка на RSS - Спорт